НыбжьыщIэхэр мэтхьэусыхэ ди адэ анэхэр дибзэмкIэ къыдэпсалъэкъым жаIэри

Къардэн Нагихан. Тыркум Мараш къалэ

Хэхэс Адыгэхэр хошыпсыхьыж Тыркум деж Адыгэбзэр мэкIуэдыж жэуэ куэдыр абы иригузавэу елэжьыми и андэлъхубзэр Iурылъу къэхъуахэри АдыгэбзэкIэ тхэн еджэн дэнэ къэна иримыпсалъэж хъуахэщ. 

Я унагъуэм деж Адыгэбзэр  къамыгъэсэбэпыж хъуахэщ. Абы щIалэгъуалэр бзэм нэхърэ Iуегъэщтыр, тегушхуэу зэрагъэщIэнум ипIэкIэ. Мис апхуэдэ ныбжьыщIэ нобэ Хуитыныгъэ радиом къедгъэпсэлъащ. Ар езыр зы мазэ фIэкI Адыгэбзэ курсым мыкIуэу тхэфу еджэфу зызыгъэса Къардэн Нагиханщ. 

Къэрдэн Нагихан: Сэ Адыгэбзэ сощIэ сопсалъэ, ди унагъуэми аращ ауэ си анэ адэр тхэфу еджэфу щыткъым. Мыбдеж ди нэжхъыжьхэм псори апхуэдэщ АдыгэбзэкIэ еджэкIэ тхэкIэ ящIэкъым. Ар сэ еджапIэм зэпымыуу сигу къокIыр, ‘узэрыпсалъэ бзэр умытху уремыджэу дауэ?’  жызоIэр. Арати сэ си бзэмкIэ сытхэфу седжэфу сыхъун щхьа курсым сыкIуащ, иджы зэрыхъукIэ сотхэ икIи соджэф. Зы мазэщ курсым сызэрыкIуари. Ар Тхьэмахуэм тIо сыхьэтитI курсым  сыкIуауэ аращ. Дэ Тыркум дызыхуеджэр латин алыфбейщ ауэ Адыгэбзэр кирил алыфбейщ зэрыщытыр. СидежкIэ кирилымкIэ тынши хъуащ макъхэр нэхъ тэмэму къызоупсэлъыф. Си ныбжьэгъу адыгэбзэ тIэкIу зыщIэхэр латинкIэ къысхуатха нэужь къызгурыIуэкъым тэрэзу, ауэ мес кафказымкIэ си ныбжьэгъу си благъэхэм сащыхуэтхэкIэ кирилыр фIыуэ нэхъ къызгуроIуэр. Мыбдеж си ныбжьэгъухэри куэдыр курсхэм макIуэхэр бзэр зэрагъэщIэну хуейщ ауэ сэ ди нэхъыжьхэм абы теухуауэ нэхъ лажьэ яIэу къысщохъу согъэкъуаншэхэр, Адыгэбзэр фIыуэ ящIэрэ пэт ирипсалъэхэкъым. Дэ АдыгэбзэкIэ къыдэпсалъэн хуейхэщ. Сэ си ныбжьэгъухэм куэдым я анэри я адэри Адыгэу ауэ унагъуэм деж Тыркубзэщ зэрыпсалъэхэр. Дэ щIалэгъуалэр хэт дызэпсалъэнур, дэ дызыгъэщIэн хуейр нэхъыжьхэрат. 

Сэ АдыгэбзэкIэ сытхэф  седжэф сызэрыхъурэ сызэрыадыгэр нэхъ къызгурыIуащ. ХэкумкIэ ди благъэ ди ныбжьэгъухэм дыщызэхуэтхэкIэ ди бзэр сыту дахэ жызоIэ. АдыгэбзэкIэ тхэну еджэну хуейхэм яжесIэну сыхуейт, уи анэдэлъхубзэр зэбгъэщIэну щытым тIэкIуи гугъу зебгъэхьын хуейщ. Сэ Къэрдэн Нагихан хэкумкIэ щыIэ си ныбжьэгъухэм ди благъэхэм салам гуапэ язохыж.


Иужьырей зэманхэм Тыркм деж Адыгэбзэр зэраджын хуей алыфбейм щхьа зэдауэхэр нэхъыбэ хъуащ, ауэ  ахэм ящыщу Адыгэбзэр хуиту ящIэрэ пэт езыхэри, я бынхэри я анэдэлъхубзэм иримыпсалъэу ар IэщIыб ящIауэ щытщ.

Емуз Баязыт, Хуитыныгъэ радио, Тюркие