Сирием икIыжыуэ зи хэку зыгъэзэжа адыгэхэм Урысейр ядэIэпыкъукъым


«Къэбэрдей конгресс» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Бейщто Аслъэн Кавполит информ къулыкъум жыриIауэ утыку къызэрихуамкIэ Сирие къэралыгъуэм зауэр зэрыщIидзэрэ абы икIыуэ Я хэкум Кавказ Ищхъэрэм адыгэ нэрыбгэу мин 2-м нэблагъэм. Абы ящыщуэ I200-р щыIэ КъБР-м. Мыдрей цIыху 800-м нэблагъэр щыIэщ АР-мрэ КъШР-мрэ. Зи хэку зыгъэзэжа адыгэхэм ядэIэпыкъунууэ КъБР-м щылажьэу щытащ «Пэрыт» жылагъуэ зэгухьэныгъэр. 

Ар щхьэкIэ абы хуэгъэзауэ къэрал хьэкумым Iуэху къызэрызэIуихам къыхэкIкIэ абы лажьэн щигъэтащ. Иджы дыдэ къэрал хабзэхэм тетуэ мы зи хэку зыгъэзэжа адыгэхэм ядэIэпыкъунууэ хэкурымс жылагъуэ IуэхущIакIуэхэм къызэрагъэпэщащ «Жьэгу» жылагъуэ зэгухьэныгъэ. 

Мы жылагъуэ зэгухьэныгъэм жыджэру хэт Жэмыхъуэ Заур зи хэку зыгъэзэжа адыгэхэм нэхъ гумащIэгъуэшхуэ яIэхэр Хуитыныгъэ радиом къыжриIащ:«Нэхъ проблехэм ящыщщ абы къикIыжхэм урысыбзэ зэрамыщIэр, ар къэралым къазэрыппиуюыдыр. АбыкIэ зэрыхъукIэ дадоIэпыкъу. Дэ ди къулыкъущIэхэм IэхъуэтегъэкIыуэ зыгуэр, ящIри зэрыхуейм хуэдэу иреджэ жаIэри йожьэжхэр. ТхылъымпIэ Iуэхухэр сытым и дейжикI проблемэщ. Къэралым а Iуэхур ягъэпсынщIэну иужь иткъыми абы сытым и дейжикI гумащIэгъуэхэр къокIыр. ДакIэщIотIыхь зыгуэрхэр жыдоIэри абы щхьэкIэ лейуэ зэзэмызэ загъэхъейр, ахъумэ професионалыу мащIэ дыдэщ яхэтыр. Поми я щхьэ Iуэху зэрахуэу аращ. Адыгэ хэкум ирахуауэ къихьэжыну хуейм Iэмал имыIэу щхьэ урысыбзэ зыригъэщIэн хуей? Псалъамэ Урысейр Федерацэу жаIэр. 

Мыбы ис лъэпкъхэм я хуитыныгъэр щхьэ зэхуэмыдэрэ? Дунейпсо адыгэ хасэм а проблемэхэр къиIэткъым. Иджыпсту Тхьэм къимыгъэхъукIэ Тыркум зэрызехьэ къыщыхъумэ ди лъэпкъэгъухэр мелуан бжыгъэкIэ хэкIуадэнкIэ шынагъуэ щыIэщ.»Срием зауэ щIидзэным и пэкIи къикIыжыуэ и хэкум КъБР-м зыгъэзэжахэри щыIэщ. 
Псалъэм папщIэ абыхэм ящыщщ илъэс 9 ипэкIэ Сирие къэралыр зыбгынэу Налщыч къалэ зыгъэзэжауэ щыпсэу Сижажэ Уаил. ИкIий абы хкум и лъэпкъэгъухэр зэрыхэзагъэм теухуауэ Хуитыныгъэ радиом къыжриIар мыращ:

«Мы хэкур ди адэжь хэкужьщ. Мыр дэращ зызер нэгъуэщIым иекъым. Дэ дыщыцIыкIу лъандэрэ мыбы къэдгъазэжыну дыхуейт. Ауэ гъащIэр нэхъ гугъущ. Абы къыхэкIкIэ еджапIэхэр къэдыуха нэужьым сытми къэдгъэзэжыфащ. Псори ди гуапэщ, ди хэкур дахэщ. Ди лъэпкъэгъу мыбы щыпсэухэри зарэхузэфIэкIкIэ къыддоIэпыкъу сэбэп мэхъухэр. Псом хуэмыдэу тхылъымпIэ зэгъэпэщынхэм теухуауэ икъукIэ сэбэп мэхъухэр.»Мы псом къыдэкIуэу зи хэку зыгъэзэжа адыгэхэм псом нэхърэ нэхъ къатехьэлъэхэм ящыщ зыуэ щытщ ахэм урысыбзэр ящIэн хуейуэ къэралым къызэригъэувыр икIий ахэм а бзэр зэраджын Iэмалхэр дахэ дахэу зэрамыгъуэтыр. Псалъэм папщIэ Налщыч къалэ Сирием къикIыжа адыгэхэм я сабийхэр къэзыщтэ зы еджапIэращ. ИкIий ар къалэм и кум нхъ пыIудзауэ зэрыщытым Iуэхур нэхъри нэхъ гугъу ещIыр. 

Мы упщIэхэм теухуауэ къэрал унафэщIхэр дахэ дахэу сэбэм мыхъууэ къагъэлъагъуэр адыгэ жылагъуэ IуэхущIакIуэхэм. Ахэм зэрыжаIэмкIэ къэал къулыкъущIэхэм тыракъузэурэ IэмалыншагъэкIэ зыгуэр ирамыгъащIэмэ езыхэр Iэмал иIэху сэбэп хъухэркъым. Уеблэмэ лъэпо щхьэпо щыхъур нэхъыбэщ. 

Къэбэрдей-Балъкъэр. Хуитыныгъэ радио. Баркук Инал