Нальщыч: Жэпуэгъуэм и 3-м Адыгэбзэ Хасэм «Адыгэбзэм и Гупсэхэр» пшыхьыр иригъэкIуэкIыну


Жэпуэгъуэм (октябрым) и 3-м ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм къызэригъэпэщынущ илъэс къэси иригъэкIуэкI пшыхьыр – «Адыгэбзэм и Гупсэхэр» зыфIищауэ адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмкIэ егъэджакIуэхэр щагъэлъэпIэ пшыхьыр. 

А хабзэ дахэр Адыгэбзэ Хасэм иригъэжьауэ йокIуэкI лъэпкъыр къызэтенэнымрэ зиужьынымрэ адыгэбзэкIэ езыгъаджэхэм ирахьэлIэ къарур, акъылыр, Iэмалхэр, хэкIыпIэхэр зэрыкуэдыр, анэдэлъхубзэр зыIурылъ щIэблэ гъэса диIэнымкIэ абы я гуащIэм къыпэкIуэр зэрымымащIэр къилъытэу.