США-м и Лас-Вегас щIыпIэм спорт бэнэкIэмкIэ дунейпсо чемпионат щокIуэкI. Жэз медалрэ Рио-де-Жанейрэ етIанэгъэ щекIуэкIыну Гъэмахуэ Олимп Джэгухэм зэрыкIуэнумкIэ хуитыныгъэрэ Махуэ Билал абы дыгъуасэ щызыIэригъэхьащ.
Зэи къэмыхъуауэ Махуэ Билал бэнэкIэ лIэужьыгъуитIымкIэ дунейпсо чемпионатым хэтынущ. Ар хуабжьу жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ Iуэхугъуэщ, абыхэм олимп лицензэхэр зэрыщагъэувам къыхэкIыу. ЕтIанэгъэ Бразилием щекIуэкIыну Олимпиадэм хэтыну Iэмал ягъуэтынущ мы дунейпсо чемпионатым и саугъэтхэр къэзыхьхэм.
Махуэ Билал япэщIыкIэ зыкъыщигъэлъэгъуащ нэгъабэ лъандэрэ зыхэт килограмми 130-м нэс зи хьэлъагъхэм алыдж-урым (классикэ) бэнэкIэмкIэ ирагъэкIуэкI зэхьэзэхуэм. ЗэрыфщIэжщи, 2014 гъэм екIуэкIа дунейпсо зэпеуэм а лIэужьыгъуэмкIэ япэу утыку ихьа адыгэ щIалэм дыжьын медалыр зыIэригъэхьащ. Абы щыгъуэм Кубэм щыщ, тIэунейрэ Олимп чемпион Лопес Михан 1:0-у финалым къыщытекIуащ.
Мыгъэрей зэпеуэми Махуэри абы и гъэсакIуэхэри куэдкIэ щыгугъырт. Нэрылъагъут Билал и нэ къызэрикIыр бэнэкIэ лIэужьыгъуитIымкIи езым нэхъ лъэщ дунейм зэрытемытыр игъэлъэгъуэну. АрщхьэкIэ пхъэи-дзэм япэ гугъуехьыр къыхуишащ – пэщIэдзэ зэIущIэм хьэрхуэрэгъу къыщыхуэхъуащ нэгъабэ къыхэзыгъэщIар.
ЩIы хъурейм и ныкъуэр зэпызыупщIу Америкэм нэса адыгэ щIалэр абы и климатым хэзэгъэным зэман пыухыкIа хуейт, Лопес а щIыпIэм щопсэу. Арами, нэгъуэщI зыгуэрми хэт ищIэн щхьэусыгъуэр, ауэ Махуэ Билал аргуэру къыхагъэщIащ. Иджы 1:2-уэ.
Псори къызэтещэха хуэдэт. Махуэр адэкIэ зыгуэрым щыгугъын папщIэ къытекIуар финалым нэсын хуейт. ИтIанэт Билал зэхьэзэхуэм щыхагъэхьэжынур. Насып иIэти, Лопес и хьэрхуэрэгъу псоми ефIэкIри, кIэух зэIущIэм нэсащ. Махуэ Билал адэкIэ ищIэнумкIэ хуитт.
Зи гур къызэрыгъуэтыжа ди щIалэм къыпэуваитIыр гугъу емыхьыщэу хигъащIэри, финал цIыкIум нэсащ. Жэз медалыр зыIэригъэхьэн папщIэ абы хьэрхуэрэгъу къыщыхуэхъуащ хэгъэрейхэм ящыщ Смит Роберт.
ЗэIущIэм еплъыну кърихьэлIа цIыху минхэр, дауи, зыдэщIыр я хэкуэгъурт. Абы щхьэкIэ къэмынэу Махуэр 7:0-у япэ ищащ. Къыпщыхъунут текIуэныгъэр адыгэ щIалэм и Iэрылъхьэу. АрщхьэкIэ напIэзыпIэм Iуэхум зихъуэжащ – США-м щыщ бэнакIуэм зыкъызэкъуихри, Билал хигъэзыхьыпэу щIидзащ икIи ар къыхигъэщIэным зымащIэщ иIэжар. Апхуэдэу щыт пэтми, ди лъахэгъум ерыщагъ ин къигъэлъагъуэри 10:8-уэ текIуащ. Абы и фIыгъэкIэ жэз медалымрэ олимп лицензэмрэ зыIэригъэхьащ.
- ЗэIущIэм и кIэухым къэхъуар сымыщIэу напIэзыпIэм си Iэпкълъэпкъыр щIэлIащ, – жиIащ щыбэна алэрыбгъум къызэрытекIыжу Махуэ Билал. – Пэжу къыщIэкIынущ зы щIыпIэм уикIыу нэгъуэщIым укIуа иужькIэ ещанэ махуэр нэхъ хьэлъэу зэрыжаIэр. Нобэ апхуэдэт. ПхъэидзэкIэ си хьэрхуэрэгъу нэхъыщхьэм занщIэу сыхуэзащ, армыхъумэ чемпионыгъэми сыщIэбэныфынут. Абы къыхэкIыу зэхьэзэхуэр си дежкIэ нэхъ хьэлъэ хъуащ. Ауэ къыхэзгъэщыну сыхуейщ, щэбэтым нэгъуэщIу сыкъэфлъагъунущ – сэ куэдкIэ сынэхъ лъэщынущ.
Ди зэманымкIэ фокIадэм и 13-м и пщэдджыжьым (США-мкIэ фокIадэм и 12-м и жэщым) Махуэ Билал аргуэру дунейпсо утыкушхуэм ихьэнущ. БэнэкIэ хуитымкIэ килограмми 125-рэ зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм ар щыщIэбэнынущ дыщэ медалымрэ олимп лицензэмрэ. Зы къалэныр абы игъэзэщIащ, къыпэплъэр зыкIи нэхъ тыншкъым.
А пщыхьэщхьэ дыдэм бэнэнущ килограмм 74-м нэс зи хьэлъагъ Джэду Iэниуар. Европэм щэнейрэ и чемпионыр иджы дунейпсо лъагапIэм хущIэкъунущ. КъищынэмыщIауэ, хуей хъумэ, Махуэ Билал ихъуэжыну хьэзырщ Къущхьэ Мурадин.
Адыгэ Псалъэ