Адыгэбзэ Хасэ - Джэгурэш. Етlуанэ лигэм и япэ джэгугъуэр…


Къэрал Концерт ГъэлъэгъуапIэм Налшык къалэ, Къармэхьэблэ, Тохъутэмыщей, Арщыдан къикIа гупхэр щызэрихьэлIэу къэщIэрейхэмрэ гушыIэрейхэмрэ я «Джэгурэш» нэгузыужь зэпеуэм и етIуанэ лигэм и япэ джэгугъуэр щызэхэтащ. Утыкур зыIыгъа ныбжьыщIэхэм я джэгукIэри, зыIыгъыкIэри, гушыIэкIэри, псом нэхъыщхьэращи, адыгэбзэ гъэшэрэшэкIэри умыгъэщIэгъуэни, уримыгушхуэни плъэмыкIыу лъэщт икIи укъызэщIэзыIатэт. УмылъэгъункIэ Iэмал иIэтэкъым еджакIуэ цIыкIухэм къапсэлъри къаIуатэри зэрызэхащIэм, а зэхащIари абы къеплъыну къекIуэлIахэм я деж нахьэсыну зэрыхэтым.

Нобэ екIуэкIам хэлъар гушыIэрэ ауан къудейуэ жытIэмэ щыуагъэ хъунущ. Нэхъ куууэ упхрыплъмэ, адыгэбзэм псэ зэрыIутыр, абы сыт хуэдиз гуныкъуэгъуэ имыIэми,  ар щхьэщызыхын , хущхъуэгъуэ хуэхъун щIэблэ зэрыщыIэр къегъэнахуэ. Зыр зым щхьэ иритыжу нэхъыфIу зыкъызэригъэлъэгъуэнум, нэхъыфIу зэрыджэгунум хущIэкъухэрт. А зэхьэзэхуэращ нобэрей «Джэгурэшыр» жьы къэшэгъуэ дихуарэ димыхуарэ умыщIэну зэманыр псынщIэу блэзыгъэлъэтар.


ЕджакIуэ цIыкIухэр щыджэгум ягъэгушхуэну, гунэдж иратыну, къадэщIыну къекIуэлIар я ныбжьэгъухэм я закъуэтэкъым. Зыгъэхьэзыра егъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ ящIыгъуу еджапIэхэм я унафэщIхэри, унафэщI къуэдзэхэри кърихьэлIат. ЕджапIэм и унафэр зыIэщIэлъхэм джэгур къазэрыфIэIуэхуам, сабийхэр джэгуным зэрытрагъэгушхуам къыбжеIэ анэдэлъхубзэм и пщIэр къэIэтыным, зыхуей хуэзэу еджапIэм щызэрахьэным ехьэлIауэ хэт и деж щапхъэр къыщежьэми. Тхьэм иузэщIхэ!

«Адыгэхэр зэдогушыIэ» жиIэри арат фIищар Адыгэбзэ Хасэм нобэрей «Джэгурэш» зэхыхьэм. Джэгур IыхьиплIу зэхэтащ. Япэ джэгугъуэм, «Ей, мы адыгэхэри…» фIэщыгъэцIэр зиIэм, гупхэр гъуэрыгъуэурэ къихьэурэ къекIуэлIахэм зыкърагъэцIыхурт. НэIуасэ зыкъытхуэзыщIым и щэнымрэ и дуней тетыкIэмрэ теухуауэ гушыIэ шаржхэмрэ усэ нэжэгужэхэмкIэ я гъащIэм дыхукъуагъэплът.


«АдыгитI зэрихьэлIат, жи…» жытIэри уэрэдрэ пшыналъэкIэ я адыгэбзэм гушыIэкIэр, лакъырдыр, ауаныр, сэмэркъор зэрыхэзагъэр, ар нэсу зэрагъэIурыщIэр джэгухэм къекIуэлIахэм я фIэщ ящIын хуейт.

«…абы щыгъуэ сыту пIэрэт КъуийцIыкIу жиIэнур?» жыхуиIэ ещанэ джэгугъуэм деж гъащIэм щыщ зы теплъэгъуэ ягъэлъэгъуэныр, ар щIагъыбзэрэ псалъэ шэрыуэкIэ кудауэ къекIуэлIахэм ирагъэлъэгъун хуейт.

ЕплIанэ джэгугъуэм гупхэм я пашэхэр утыку къихьэжащ, дэтхэнэ зыми зы гушыIэ къыхидзэрэ, ар екIурэ ещхьу къедаIуэм деж нихьэсу игъэдыхьэшхыфын хуейуэ.


Зэпеуэ, хьэрхуэр щыхъукIэ къыхэжаныкIахэри щыIэн хуейщ, увыпIэ зылъысахэри къэгъэнэIуэн хуейщ.

Нобэрей «Джэгурэшым» япэ увыпIэр Къармэхьэблэ къикIа «Вагъуэбэ» гупымрэ Налшык къалэ дэт 4-нэ гимназием къикIа «IэшрыI» гупымрэ зэдагуэшащ. ЕтIуанэ увыпIэр Тохъутэмыщей къикIа «Абрэджхэр» цIэр зыфIэзыща гупым къихьащ. Ещанэри Арщыдан къикIа «Iэмалшы» гупым ялъысащ.

Дэтхэнэ зы джэгугъуэми дыхьэшх макърэ IэгуауэкIэ къеблэгъахэр пыкъуэкIащ, цIыхухэм нэхъыбэрэ зэхыхьэн, нэхъыбэ къешэлIэн зэрыхуейр жаIэуи зэхэкIыжахэщ.

ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэр нобэрей махуэми, нобэрей «Джэгурэшми» хуэарэзыщ.