Адыгэ Iуэхур дунейм и къэрал куэдым къызэрыщаIэтыр Урысейм игу ирихькъымэ


Мы иужь зэманым адыгнэ Iуэхумрэ Урысейм I8-I9 лIэщIыгъуэхэм адыгэхэм лъэпкъгъэкIуэд зэрарищIылIамрэ дунейм и къэрал куэдым къызэрыщаIэтыр хуабжьэу ягу ирихькъымэ Мэзкуум и политикхэмрэ и щIэныгъэлIхэмрэ. Псалъэм папщIэ еужь дыдэ иджы Финляндие къэралыгъуэм къыщаIэтащ Урыс-адыгэ зауэм ипкъ итуэ адыгэхэм геноцид Урысейм зэрырищIылIам ехьэлIа упщIэр. ИкIий мы упщIэр къаIэтыным папщIэ а къэралым и парламентымрэ и президентымрэ зыхуагъэзащ дунейм и къэрал куэдым щыпсэу адыгэ жылагъуэ IуэхущIакIуэ 244-м. 

Мы упщIэм теухуауэ Урысейм щIэныгъэмкIэ и академием къуэкIыпIэ къэралхэм елэжь институтым и лэжьакIуэ Фасихь Бадерхан къызэригъэлъагъуэмкIэ адыгэ Iуэхур аргуэрыуэ утыку къыщIихуам и лъабжьэ щIэлъыр иджыпсту Урысеймрэ Тыркумрэ я зэныкъуэкъуыныгъэхэр нэхъ куу зэрыхъур аращ. КъБР-м щыIэ щIэныгъэ къэхутакIуэ купсэм и лэжьакIуэ ДАХ-м и тхьэмадэу щыта Дзэмыхь Къэсболэт къызэригъэлъагъуэмкIэ адрей къэралхэм адыгэхэм зызэрыхуагъэзам мыхьэнэшхуэ къызэримыкIам хуэдэу мыбыикIи къикIын Iауэ къилъытэркъым. «ИджырикIи зэ адыгэ Iуэхур Урысейм зэрытыракъузэн зы Iэмалыуэ къагъэсэбэпынууэ иужь итхэщ. 

Мы зыхуэгъэзэныгъэхэр аргуэру хурагъэхьащ Урысейм фIы дыдэу къыхущымыт къэралым. Мы Iуэхум адыгэхэм ехьэлIа упщIэр Урысейм и пащхьэм и дейж нэхъри нэхъ шынагъуэ щещIыр. Дэ иджыпсту Урысейм дыпэщIэувэн хуейуэ аракъым, дэ абы иджыпсту и кIуэцIкIэ дыщыдэлажьэн хуейуэ аращ.»- жеIэр мы щIэныгъэлIым. 

Ар щхьэкIэ мы Iуэхум теухуауэ адыгэ Iуэхум нэхъ жыджэрууэ хэлэжьыхь адыгэ жылагъуэ IуэхущIакIуэхэм я еплъыкIэр нэгъуэщIщ. Мыхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ иджыпсту Урысейм и кIуэцIым щыIэ щIэныгъэлIхэмрэ политологхэмрэ дахэ дахэу Iуэхур зэрыщытыр къагъэлъагъуэфкъымэ. Ар апхуэдэу щIыщытым и лъабжьэ щIэлъыр ахэм мы къэрал кIуэцIым абы иужь гъуэгу щамыгъуэтыжынкIэ я лэжьыгъэхэр яфIэкIуэдынкIэ мэшынэхэри аращ. Псалъэм папщIэ мы упщIэм теухуауэ и еплъыкIэр ХУитыныгъэ радиом къыжриIащ 2000 гъэхэм и пэхэм щыщIэдзауэ адыгэ Iуэхум жыджэрыуэ хэт Шормэн Азэмэт:

«Илъэс 25 мэхъу а упщIэр къызэраIэтри Урысейм ар илъэгъуащ икIий бгъэдалъхьащ. Ар щхьэкIэ абы зыри ищIэн мурад иIэкъым. Уеблэмэ адыгэ Iуэхум лъэпо щхьэпо хуэхъун мыхъумэ ар зыкIи зэфIихынууэ иужь иткъым. Аращ иджы адыгэ жылагъуэ IуэхущIакIуэхэм нэгъуэщI къэралхэм зыщIыхуагъазэм и лъабжьэ щIэлъыр. 

Мы упщIэр Урысейм и кIуэцIым щызэфIахыркъыми нэгъуэ щIыпIэ ар щызэфIэкIын къалъыхъуэу аращ. Мы упщIэхэр нэгъуэщ къэралхэм къызэрыщаIэтыр зигу иримыхь адыгэ щыIэмэ абы адыгэ Iуэху зэримыхуэу аращ. Сэ сси щхьэкIэ адыгэ Iуэхур дэнэ къыщаIэтми ар зэфIэкIымэ си гуапэу аращ.»

Адыгэ жылагъуэ IуэхущIакIуэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ иджыпсту ахэм дунейм и къэрал щхьэхуэхэм адыгэ Iуэхум теухуауэ зыщIызэхуагъазэм и лъабжьэ щIэлъыр Урысейм мы упщIэр адахэ дахэу зэпкъырихынууэ иужь зэримытыр аращ. Мыхэм жаIэр псом япэ дыдэу I990 гъэхэм щыщIэдзауэ мы упщIэм теухуауэ Урысейм и унафэщIхэм зэрызыхуагъэзар, икIий абы жэуам тэмэм зэрамыгъуэтыжар. 

Адыгэ Iуэхур Урысейм и кIуэцIым зэрыщызэфIамыгъэкIыфым ипкъ иткIэ адыгэ жылагъуэ IуэхущIакIуэхэм я Iуэхур хэкIыпIэншэ мыхъуным папщIэ нэгъуэщI къэралхэм я унафэщIхэм зыхуагъэзэн хуей мэхъур абыдейжым и хуитыныгъэмрэ пэжымрэ къыщалъыхъуэным папщIэ. 

Къэбэрдей-Балъкъэр. Хуитыныгъэ радио. Баркук Инал