Адыгэ зи хэку зыгъэзэжахэр ирагъэкIыжну ар яхуэддэнукъым жеIэ КАФФЕД-м и тхьэмадэм


2015 гъэ щакIуэгъуэм и 24-м Тыркум къыриудыха Урысейм и лагъымыдз кхъухьлъатэм иужькIэ Урысеймрэ Тыркумрэ я зэхуаку къыдэхъухьа зэщыхьэныкъэм ипкъ иту Урысейм Тыркум хуэгъэзауэ къихьа санкцэхэм къэралитIыми я цIыхубэхэр гугъу иригъэхь хъуащ. 

Хъыбарыбэ Iэмалхэм къызэратымкIэ къэралитIым я цIыхухэр хуиту зэкIэлъыкIуэжыфкъым, абы ипкъ иту унагъуэхэр зэрыпсэу я сату Iуэху зэдэлэжьэныгъэхэри къэувыIащ. Псом нэхъыбэу Адыгэхэр нэхъ игъэгумэщI хъуащ, къэралитIым я зэщыхьэныгъэм. 

Псалъэм папщIэ ищхъэрэ Кавказым зыгъэзэжа, куэд щIауэ абы щыпсэу Адыгэхэми я хэкужьым щызэрахьэ я документхэм щхьа хабзэм къемызэгъ яхэтщ жаIэри Адыгэ унагъуэ зыгуэрхэм тхылъ яIэрыхьащ, щIыпIэ къару къулыкъухэм къабгъэдэкIыу, ахэр Тырку паспорт зэраIыгъым щхьа Урысейм ирагъэкIыжынкIэрэ хъуну иту. 

lуэхугъуэр нобэ здынэсар къэтщIэну, Тыркум и лъэныкъуэкIэ Адыгэ зэгухьэныгъэ нэхъыщхьэ КАФФЕД-м абы теухуа и лэжьыгъэхэми щыгъуазэ фытщIыну Хуитыныгъэ радиом къедгъэпсэлъащ, КАФФЕД Адыгэ зэгухьэныгъэ федерацэм и унафэщI Хьэгъуэндокъуэ Яшар. 

Хуитыныгъэ радио: Яшар Тыркум щыпсэу Адыгэхэм щыщу я хэкужь Къэбэрдей Бэлъкъэрымрэ адрей Адыгэ Республикэхэми зыгъэзэжа Адыгэ унагъуэ зыгуэрхэм тхылъ яIэрыхьащ, щIыпIэ къару къулыкъухэм къабгъэдэкIыу, Урысейм ирагъкэIыжынкIэ хъуну иту. 

Хьэгъуэндокъуэ Яшар: Фэри зэрыфщIэщи мазитI щы ипэ Тыркум и кхъухьлъатэ къыраудыхам теухуауэ къэралитIыр зэпIэщIэувауэ зоныкъуэкъухэр. Тырку паспорт зэрихьэу и хэкужьым кIуэжауэ абы щыпсэууэ, и lуэху, дэлъ и бизнес сыти здихьыжауэ гурэ псэкIэ и хэкужьым щыпсэу ди къуэшхэр ‘Тыркущ мыхэр’ жаIэри къырагъэкIыжыну яужь ихьахэщ. 

Хуитыныгъэ радио: Яшар Адыгэхэр я хэкум къырамыгъэкIыжын щхьа фэ Каффедым ахэм запыфщIа, абы теухуауэ лэжьыгъэ евгъэкIуэкIырэ иджыпсту, щыгъуазэ дыпщIам арат? 

Хьэгъуэндокъуэ Яшар: Мы проблеммэхэр дидеж къызэрысу Тыркум щыIэ Урысейм и конолыми депсэлъащ, хэкум щыIэ Къэрачай-Черкесскми, Адыгейми, Къэбэрдей Бэлъкъэрыми, дунейпсо Адыгэ хасэми, абы и лэжьакIуэ мис мы Тыркум икIахэри, Йорданием, Европа сытхэм щыIэ хасэхэми псоми скайп, телефонкIэ зызэпытщIэри, ‘мыр проблемэшхуэщ и хэкужьым кIуэжауэ абы щыпсэу ди къуэшхэр Тыркущ жаIэу къырагъэкIыжыныр яхуэддэнкъым’ жытIэри апхуэдэу ззызэпытщIауэ иужь дитщ. ‘Сэ сы Адыгэщ жызыIэ мыбы зыри ирагъэкIыжынукъым, ар яхуэддэнукъым. Зы тIэкIу я хэщIапIэ (адрес) ирагъэтхахэмрэ, я зыщыпсэу зэтемыхуэхэм щхьа проблем щыIэхэщ ахэри зыфIэдгъувэжыну иужь дитщ зи фымыгузавэ зыри къыредгъэгъэкIыжынукъым, ар абы я хэкужьщ, хабзэм емызэгъу проблем щыIэми ари дгъэзэхуэжыну иужь дитщ фымыгузавэ’ жаIауэ иджыпсту апхуэду щытщ. 

Ди хэкужь Къэбэрдей Бэлъкъэрым и тхьэмадэ, и нэхъыжь КIуэкIуэ Юрэ, Сэхъурокъуэ ХьэутIи махуэ къэс зопсалъэхэр, Йордан хасэм и тхьэмадэ ди нэхъыжь Къэрдэн Самири епсэлъащ, сэри сепсэлъащ дызэрыгузавэр гурыдгъэIуащ езыми и жагъуэ хъуащ мы проблеммэхэр къызэрыхъуар, ‘Зи фымыгузавэ абы я lуэхухэр зэдгъэзэхуэжынурэ къызэрыкIуэжахэм хуэдэу я хэкужьым щыпсэунухэщ’ жиIауэ апхуэдэу щытщ иджыпсту. 

Хуитыныгъэ радио: Сыт жыпIэнт и кIэухыу?

Хьэгъуэндокъуэ Яшар: 
Иджы мы интернет, социал медиа жыхуэтIэм деж псоми зы еплъыкIэ зэрыз яIэжщ, мор къэхъуат, мыр къэхъуат жаIэри иригузавэхэу, lуэухр зытетыри ямыщIэу псэлъэ макъ къаIэтыри, сэ сщIэрэ дэ щIагъуэ иужь димыт хуэдэу зыгуэрхэр къырахужа, ахэр къырахужын хуэдэу ягъэхъыбар. 

Ахэр мэгузавэхэр я жагъуэ мэхъури аращ, апхуэдэу щIыжаIэр, ахэри къызгуороIуэ ауэ фIыдыдэу ямыщIэу, пэжыр зэхамыхауэ кхъыIэ мыпхуэдэ псалъэ макъхэр къетлъэфэкIыурэ зыми и жагъуэ дывымыгъэщI жызоIэ. 

Иджыпсту дэ КАФФЕД-м и лэжьакIуэхэри хэкум Дунейпсо Адыгэ Хасэри дэтхэнэ зыри кIэщIыу мы Iуэхум иужь дитщи лъэпкъым теухуауэ мыхъун зыми едымгъэщIэну Iэмал имыIэу иужь дитщ, зыри иремыгузавэ кхъыIэ.
Бэдаущ lуэхузехьэхэми зэрыжаIэмкIэ Адыгэ зи хэку згъэзэжахэр я хэкум къыщIырагъэкIыжын щыIэкъым, Урысейм и хабзэ къапэщылъхэр ягъэзащIэу щытым. 

Емуз Баязыт, Хуитыныгъэ радио, Тюркие