КIуэкIуэ Юрий и унафэкIэ КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министру Хьэсанэ Ислъам ягъэуващ


Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий дыгъуасэ Iэ зыщIидза указым ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм курортхэмрэ туризмэмкIэ и министру ягъэуващ нэхъапэм КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэу лэжьа Хьэсанэ Ислъам. Иужь зэманым «ДыгъафIэ къалэ» творчествэмкIэ сабий академием и унафэщIым и къалэнхэр игъэзэщIащ. 

Хьэсанэ Ислъам Марат и къуэр 1973 гъэм Налшык къалэ къыщалъхуащ. Урысей Федерацэм и Президентым и деж щыIэ УправленэмкIэ Мэзкуу къэрал университетыр къиухащ. 

Илъэс пщыкIутхум щIигъуауэ республикэм и гъэзэщIакIуэ властым хэтщ. 2002 гъэм щыщIэдзауэ 2009 гъэ пщIондэ КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министерствэм туриндустрием и IуэхущIафэхэр зэщIэгъэуIуэнымрэ зегъэужьынымкIэ и къудамэм и унафэщIу щытащ. Щхьэгъусэ, бынищ иIэщ. 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ. 

adyghepsaleru

Хьэсан Ислъам