Тыркум дэс Адыгэ щlалэхэм Исраил хъыджэбзхэми унагъуэ дащl хъуащ


Нобэрей интернет гъащIэм и зэраныгъэ щIалэгъуалэм ялъагъуми нэхъыбэу лъэпкъцIыкIухэм щхьэпэ lэджи къахуехьыр, сосиал медиа жыхуэтIэм. Дунейр абы нэхъ цIыкIу ищIащ. 

ДэнэкIэ щыIэри тыншыу зэрощIэ. ЗэрыщIэм къыщымынэу мес хэкурыс Адыгэхэмрэ хэхэс щIалэгъуалэр фIы илъэныкъуэкIи зэрыцIыху, зэрыгъуэт хъуахэщ. Зэрышэу унагъуэ зыщIхэри махуэ къэс нэхъыбэ мэхъур. 

Мис апхуэдэщ Израилым щыпсэу Адыгэхэмрэ Тыркум щыпсэу Адыгэхэм я зэпыщIэныгъэхэри. Абы теухуауэ дэ Хуитыныгъэ радиом къедгъэпсэлъащ Тыркум нысащIэу къаша, Израил Адыгэхэм щыщ Шагудж Рандэ. 

Шагудж Рандэ: Сэ Тыркум Кубль-хэм саринысэщ. ИлъэситI мэхъу ТыркумкIэ сыдэкIуащ. Исраилым ди къуажэм Абзэххэр нэхъыбэу дэсщ. Адрей Адыгэ къужэ Кфар кама дэсхэр нэхъыбэр Шапсыгъщ. Псори Адыгэщ, АдыгэбзэкIэ мэпсалъэхэр. Япэ еджапIэхэми АдыгэбзэкIэ ирагъаджэ. 

Тыркум щыIэ Адыгэхэр сэ къызэрыслъэгъуамкIэ къуажэхэм дэсыжкъым, нэхъыбэр къалэхэм дэсщ. Мис абыкIэ тIэкIу зэтемыхуэу щытщ. 

ТыркумкIэ бзэр нэхъ яIэщIэхуащ, ныбжь зиIэхэми зымыщIэр Iэджэщ. Ауэ хабзэр Исраилым нэхърэ ТыркумкIэ нэхъ яIыгъщ. 

Исраил Адыгэ къуажитI дыщыIэщ, псори цIыху мин 4.000-щ дызэрыхъур Адыгэхэр. Сэ си IэщIагъэр, сызыхуеджар, сымаджэ пэрыс-щ. Иджыпсту Тыркум сыщылажьэну Iуэху сожьэр. Иджыри Тыркум и цIыху сыхуъакъым. Абы теухуа документхэр илъэсищкIэ зэфIыхьэну аращ къыджаIар. Дэ Тыркум дыщыпсэуну аращ ди гупсысэр. 

Кубль Мэмэмт: Дэ Рандэрэ сэрэ интернетымкIэ дызэрыцIыхуауэ аращ. Ар куэд щIащ. ИтIанэ Истанбыл къакIуэри дызэрылъэгъуащ, нэхъри дызэрыцIыхуащ. Ди насып зыхэлъти дызэрышащ. Иджы Мараш къалэм епха Гокусун районым дыщопсэу, сыщолажьэ. Ар сэ си хэгъуэгуращ. 

И хэкужь Кавказым зэикI мыкIуэжа хэхэс Адыгэхэм уеплъыу щытым Исраил Адыгэхэм я бзэр нэхъ яIурылъу зэрыщытыр нэрылъагъущ, икIи ар къыхегъэщ си псэлъэгъуу щыта Шагудж Ранде. 

Емуз Баязыт, Хуитыныгъэ радио, Тюркие