Хэку ДиIэ?

Адыгэм иджыпстукIэ хэку диIэкъым, хэкукIэ дызэджэр зейр нэгъуэщI лъэпкъщ.    
                     
Хэку зиIэр сыхьэтиткIэ тхьэмахуэм и бзэр ирамыгъэджу и бзэкIэ йоджэж и бзэкIэ мэпсэу, и бзэр кIуэдкъым, ар къэзыхъумэн хабзэхэр а щIыпIэм къыщызэгъэпэщауэ щытщ;    
                            
Хэку зиIэм и щIэблэр зыщIипIыкIын мултфилмхэр,  кинофилмхэр ещIыф, радио, телевидениер мы зы сыхьэту суткIэ псокIэ и бзэкIэ мэлажьэ;       
   
Хэку зиIэм и пашэр езым хехыж нэгъуэщI гуэрым къыхуигъакIуэкъым;  

Хэку зиIэм "зауэм" зауэкIэ еджэм ягъэтIыскъым;    
          
Хэку зиIэм и къуэш и шыпхъухэр дунейм текъухьауэ хэку щIэлIэу псэукъым;        
                 
Хэку зиIэм зи псэугъуэ, зи насып къэкIуэгъуэ щIалэу минитI зыгуэрхэр фIащурэ щаукIкIэ хэкур къыщхьэщож;   
               
Хэку зиIэм илъэсищэкIэ хуитыныгъэм щIэзэуа адыгэ лIыхъужьхэм я цIэхэр уэрамхэм, еджапIэхэм фIащ Суворовым, Киров хуэдэхэм япIэкIэ. 

Дэтхэнэр жыпIэн, зытщIэжамэ, зытцIыхужамэ дызэрыщытын хуейри тщIэжынт. 
                         
Ауэ сыт,  адыгэм зэрыжиIауэ ‐"Зэрыщытыр зымылъагъум зэрыщытын хуейр илъагъунукъым". 

Псэбыдэ Нартыгу