Дыгъуасэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий Правительствэм и Унэм лэжьыгъэ IуэхукIэ щригъэблэгъащ «Роснефть» цIыхубэ компание» акционер зэгухьэныгъэ зэIухам и вице-президент Конрой Аврил.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ Петербург щекIуэкIа ХIХ дунейпсо экономикэ зэIущIэшхуэм хиубыдэу зэрызэдэлэжьэнум теухуауэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ «Роснефть» компаниемрэ Iэ зыщIадза зэгурыIуэныгъэр гъэзэщIэным ехьэлIа Iуэхухэм. Абыхэм ящыщщ автомобилхэм гъэсыныпхъэ щрагъахъуэ станцу республикэм и щIыналъэм щыIэхэм зегъэужьынымрэ апхуэдэ станцхэм я бжыгъэр гъэтэмэмынымрэ, курорт-рекреацэ комплексым и IэнатIэм щызэдэлэжьэнымкIэ хэкIыпIэхэр, нэгъуэщI Iуэхухэри.
ЛъэныкъуитIми къыхагъэщхьэхукIащ зэпIэзэрыту икIи зэман кIыхьым тещIыхьауэ зэдэлэжьэным я сэбэп хэлъу къызэралъытэр.
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
Адыгэ Псалъэ