Къэрэхьмэд къуажэр Тыркум ипщэ лъэныкъуэм Мараш вилаетым хиубыдэ Джылахъстэней жылагъуэм хэтщ. Я хэкужь ищхъэрэ Кавказыр къырагъэбгынэу Осман Пащтыхьыгъуэм къэкIуа нэужь иджыпсту Тыркум щыIэ Джылахъстэней жылагъуэм и Къаншыуей къуажэм къытекIыжыри КМ 4 пэжыжэ ХьэпцIей къуажэм пэблагъэу яухуащ.
Нобэ къуажэм дэсыжыр мащIэми, гъэмахуэкIэрэ къызэхуэсыжу щытщ. Унагъуэ 70-м пэблагъэ мэхъу.
Дэсыухъуар адыгэщ, Къэбэрдейщ. Адыгэ унагъуэу мис мыпхуэдэхэр дэсщ: КIэмпарэ, Емуз, Есэн, Жаныкъ, Гъыдэ, Сэбэней, Дэрахъэ, Шырыху, Бэлагъ, Бэлъкъэр, Хъуэшей, Джатэжьей, Iэзэпщ, Унэж, Къудей, АфIэунэ, Шэшэн, Дзэшокъуэ.
Емуз Баязыт, Хуитыныгъэ радио, Тюркие