«ДАХ»-м УФ-м и цIыхубэ палатэм и сайтым къырилъхьащ абы зыхуигъазэу дунейпсо адыгэ лъэпкъ зыщIэхъеяныгъэр къызэтригъэувыIэным елэжьыным папщIэ къэралым грант хухихыну лъэIукIэ зыхуигъазэу.
ИкIи мы Iуэхугъуэр зыхэзыха адыгэ цIыхубэм ар ягу ирихьакъым. Абы ипкъ иту жылагъуэ зэгухьэныгъэм а зыхуэгъазэныгъэ тхыгъэр адыгэ жылагъуэ IуэхущIакIуэхэм я сайтхэм щызэбгырыкIащ.
Псалъэм папщIэ, нэхъапэIуэу а тхыгъэр утыку къизылъхьахэм ящыщщ «Адыгэ Хэку» интернет сайтыр. Мыбы къызэрыралъхьамкIэ «ДАХ»-р Урысей къэралыгъуэм елъэIуу аращ мылъку хухихыну адыгэ лъэпкъ зыщIэхъеяныгъэхэм ебэныным папщIэ. Абы къыщынэмыщIа интернетым адыгэ Iуэхур щыкIуэцIрыгъэкIыным елэжьхэм япэувыну.
Мы интернет сайтым утыку кърилъхьа тхыгъэхэм къызэрыхэщымкIэ «ДАХ»-р мы лъэбакъуэмкIэ и лъэпкъым зэрепцIыжыр наIуэу мыукIытэжыу къигъэлъагъуэу аращ. АдэкIэ абы Урысейм адыгэ лъэпкъым пэщIэт и зы къулыкъу щIапIэу фIэкIауэ уеплъыжын хуэмейуэ къыщыхощыр абы.
«ДАХ»-р 1991 гъэм КъБР-м и къалащхьэ Налшыч и деж япэ дунейпсо адыгэ зэхыхьэ щекIуэкIам щыгъуэ къызэрызырагъэпэщауэ щытащ. ИкIи адыгэ жылагъуэ IуэхущIакIуэ куэдым къызэралъытэмкIэ а зэманым «ДАХ»-м мыхьэнэшхуэ иубыдащ дунейм и къэрал куэдым щыпсэу адыгэхэм я лъэпкъ зыщIэхъеяныгъэ къызэрагъэпэщыным теухуауэ.
Абы и лъэжьыгъэхэм ипкъ иткIэ адыгэ хэкум адыгэ щэ зыбжанэхэм ягъэзэжауэ, абы къыщынэмыщIа Урысейм щIэныгъэмкIэ и академием адыгэ лъэпкъыр зэрызыр къэлъытэным сэбэп хуэхъуауэ КъБР-мрэ, АР-мрэ я парламентхэм адыгэхэм 19-нэ лIэщIыгъуэм Урысейм лъэпкъгъэкIуэд къазэрырищIылIар къызэралъытар нэгъуэщI Iуэхугъуэ куэдми абы и фIыгъэ хэлъыуэ къалъытэр.
Ауэ мы псор къыщыхъуар зэман зыбжанэ и пэкIэщ. ИкIи 2012 гъэм «ДАХ»-м и тхьэмадэу Сэхъурокъуэ Хьэути зэрытрагъэувар и пэм щыщIэдзауэ адыгэ жылагъуэ IуэхущIакIуэ куэдым ягу ирихьатэкъым.
ИкIи ахэм иджы къызэралъытэмкIэ нэхъ Iей дыдэу абыхэм ягугъэнум имызакъуэу зей ахэм зыхуамыгъэфащэнур ищIащ. Мы дунейпсо адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхыгъэ утыку къихуам теухуауэ и еплъыкIэ Хуитыныгъэ Радиом къыжриIащ адыгэ жылагъуэ IуэхущIакIуэ, «Пэрыт» адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэхэм и юрист Iуэхухэр зи пщэ дэлъыу щыта Хьэгъэжей Беслъэн:
«КIэщIыу жыпIэмэ «ДАХ»-м гран къыIихыну тхылъымпIэ щIыщIилъхьар езым игъэзащIэн хуейуэ щыт Iуэхугъуэхэм техуэкъым. Сэ сызэреплъымкIэ, абы и мыIуэху зэрехуэри абы хэтхэм «Уи мыIуэху зомыхуэу къэлъэн пщытщIам тету лажьэ»- жаIэу жраIэн хуейуэ къысщохъу».
Мэкъуэуэгъуэм и 26-м наIуэ къэхъуауэ утыку къихуащ «ДАХ»-м и лъэIу тхыгъэ УФ-м и цIыхубэ хасащхьэм щIилъхьа лъэIур зэрамыгъэзащIэным теухуауэ жэуапыр. Япэу апхуэдэ лъэIухэм щыхэплъэ Iыхьэ екIуэкIам «ДАХ»-м и Iуэху бгъэдыхьэкIэр щыкIуэцIырыкIакъым.
Мы илъэсым къэралым мыпхуэдэ зыхуэгъэзэныгъэхэм ядэIэпыкъуным папщIэ хухахащ сом I,3 милиард . ЕтIыуанэ Iыхьэм хухахыну мылъкум и инагъыр наIуэ къэхъунущ мы гъэм и бжьыхьэм.
Къэбэрдей-Балъкъэр. Хуитыныгъэ Радио. Баркук Инал