«Си анэбзэ, си адыгэбзэ…» Аращ Адыгэбзэ Хасэм нэгъабэ щэкIуэгъуэм и 8-м иригъэкIуэкIа Тхыгъэ Зэпеуэм зэреджэр. Пэжыр жыпIэмэ, дызэрыщымыгугъауэ щIэупщIэ игъуэтащ, лъэныкъуэ куэдкIэ гъэщIэгъуэни хъуащ мы зэхьэзэхуэр…
Япэрауэ, Тхыгъэ Зэпеуэм я зэфIэкI къыщагъэлъэгъуэну къекIуэлIар Къэбэрдейм щыщ адыгэ ныбжьыщIэхэм я закъуэкъым, атIэ абы кърихьэлIащ Къэбэрдей Хьэжрэтым, Беслъэнейм, Мэздэгум къикIа еджакIуэхэри. Уеблэмэ, «сэри сщIэр зыхуэдизымкIэ зызгъэунэхужыну сыхуейщ» жиIэу адыгэм къытхэс лъэпкъхэм щыщхэри кърихьэлIащ.
ЕтIуанэрауэ, зи гъукIэгъэсэн къэзыша егъэджакIуэхэми уасэ хуащIащ мы Зэпеуэм, ар игъуэу зэхэша зэрыхъуари, щIэужьыхэжынкIэ Iэмал зэримыIэр псоми къызыдыхагъэщащ. Зэпеуэм къытегъэзэжын зэрыхуейм къыщымынэу ныбжьыщIэ нэхъыбэ къешэлIа зэрыхъунуми тракъузэрт.
Ещанэрауэ, ди лъэ нэхъри щIэзыгъэкIар Зэпеуэм бжьыпэр щызубыдахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Стипендие унейр яхуэдгъэувыфыну Iэмал зэрыдгъуэтаращ.
ЕплIанэрауэ, «Зэпеуэм нэхъри сытригъэгушхуащ адыгэбзэр IэщIагъэу къыхэсхыу абы срилэжьэныр» жызыIа сабийхэр къызэрыхэкIарщ. Абы щыфIэкIыжым Къэбэрдей-Балъкъэр Къэрал Университетым адыгэбзэмкIэ къудамэм Тхыгъэ Зэпеуэм хэта пщащэ зыбжанэ щIэтIысхьащ, дэтхэнэми Адыгэбзэ Хасэм и стипендиери къехь. Утезыгъэгушхуэ, узыгъэгушхуэ лъэбакъуэщ. Тхьэм пщащэ цIыкIухэми къыхаха гъуэгум хуещIемыгъуэжу фIыгъуэрэ нэхугъэкIэ еджэныгъэр къаригъэух!I
Псори зэгъусэу япэу екIуэкIа Тхыгъэ Зэпеуэм цIыкIураш къудейуэ нырыбги 161-рэ къекIуэлIащ. Зэпеуэр щекIуэкIа Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ Библиотекэм и лэжьакIуэхэми ягъэщIэгъуащ апхуэдиз цIыхур. Пэж дыдэуи, гухэхъуэт уахэплъэныр апхуэдиз сабийм…
Иджы гуэрыми Адыгэбзэ Хасэр иужь итщ Тхыгъэ Зэпеуэр етIуанэ зэхишэну. Ауэ абы ипэ къихуэу нэгъэбэрей зэныкъуэкъум хэта ныбжьыщIэхэм щыщу бжьыпэр зыубыдахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ ди напэкIуэцIым кIэлъыплъхэр фыщыдгъэуъэзэнут…
9-нэ классым хэс еджакIуэхэр:
Зэрэгъыж къуажэ дэт курыт еджапIэм щеджэ Къардэн Iэдииху япэ увыпIэр къихьащ. ЕгъэджакIуэр – ШэрыIужь Iэсиятщ.
Налшыч къалэ дэт 28-нэ курыт еджапIэм щеджэ Бэгъэтыр Аминэ етIуанэ увыпIэр къихьащ. ЕгъэджакIуэр – Шэшэн Мадинэщ.
Къылышкъуажэ (ПсэукIэ-Дахэ) къуажэ дэт курыт еджапIэм щеджэ КIэдыкIуей Амандэ етIуанэ увыпIэр къихьащ. ЕгъэджакIуэр – Абдокъуэ ФатIимэтщ.
Къармэхьэблэ къуажэ дэт 1-нэ курыт еджапIэм щеджэ Маргъущ Миланэ ещанэ увыпIэр къихьащ. ЕгъэджакIуэр Лыхь Людэщ.
10-нэ классым хэс еджакIуэхэр:
Куэшхьэблэ къуажэм дэт курыт еджапIэм щеджэ Биикъуэ Арсен япэ увыпIэр къихьащ. ЕгъэджакIуэр – Лий Маещ.
Инэрыкъуей цIыкIу къуажэм дэт курыт еджапIэм щеджэ КIэмпIарэ Iэсият етIуанэ увыпIэр къихьащ. ЕгъэджакIуэр – Щомахуэ Дусэщ.
Налшык къалэ дэт 13-нэ курыт еджапIэм щеджэ Шыбзыхъуэ Заринэ ещанэ увыпIэр къихьащ. ЕгъэджакIуэр – Шыкуэ Сонящ.
11-нэ классым хэс еджакIуэхэр:
Къуэгъулъыкъуей къуажэм дэт 2-нэ курыт еджыпIэм щеджэ МаскIэ Аринэ япэ увыпIэр къихьащ. ЕгъэджакIуэр – Мэрзей Зоещ.
Къэсейхьэблэ къуажэм дэт 1-нэ курыт еджапIэм щеджэ Дыгъужь Аринэ етIуанэ увыпIэр къихьащ. ЕгъэджакIуэр – Абрэдж ФатIимэтщ.
Къуэжьыкъуей Ипщэ къуажэм дэт 1-нэ курыт еджапIэм щеджэ Дэхъу Мадинэ ещанэ увыпIэр къихьащ. ЕгъэджакIуэр – Жылэ Зухращ.
Хьэтуей къуажэм дэт курыт еджапIэм щеджэ Бэвыкъуэ Сэтэней ещанэ увыпIэр къихьащ. ЕгъэджакIуэр – БищIо Мафурэщ.
ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм и фIыщIэгуапэ тхылъыр хуигъэфэщащ Абейкъуажэ дэт курыт еджапIэм щеджэ Мэкъуауэ Миланэ. ЕгъэджакIуэр – Хьэгъур Светланэщ.
Дэтхэнэ зы ныбжьыщIэми пщэрылъ иIащ и пащхьэ къралъхьа псалъэ Iэрамэм (зы псалъэ къыхихыну е псалъэ гуп зэригъэуIуну хуитт) гупщысэ ирищIэкIыу зэман пыухыкIам и кIуэцIкIэ кIэрэ пэрэ зиIэ, напэкIуэцIищ нэхъыбэ мыхъу тхыгъэ игъэхьэзырыну. Псори зэхуэдэу пэлъэщащ лэжьыгъэм жытIэу едгъэлеинкъым, ауэ ягу, я псэ зэрыхалъхьам, зыпэрагъэува лэжьыгъэм ерыщу зэрыпэщIэтам дэтхэнэ зыми «афэрымыбжьэр» ирыуигъэпэст.
Япэ лъэбакъуэр гугъущ сыт щыгъуи. Ауэ ари гъэунэхупIэщ. Тхьэм мы махуэм ныбжьыщIэ цIыкIухэр зэрыгузэвам нэхъыкIэ мыхъуу «хьет!» жрагъыIэу игъэпсэу! Адыгэбзэ Хасэм дэтхэнэми фIыщI яхудощI!