Къэбэрдей-Балъкъэрым деж усэ пшыхьыр щрагъэкIуэкIащ


Саральп Мадинэ и унэм «Гъэм и теплъэгъуэхэр» зи чэзу къыдэкIыгъуэ пшыхьыр щызэхаублащ. Пшыхьым и къызэгъэпэщакIуэу щытахэщ, «Горянкэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ, усакIуэ Къаныкъуэ Заринэ, адыгэ фащэхэр  зыд Саральп Мадинэ, пшыхь зэхыхьэхэр езгъэкIуэкI Гумэ Маринэ сымэ. 

Адыгэ тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкI усэхэр пшыхьым щагъэIуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат Езауэ Мадинэрэ, Къэбэрдей Балъкъэрым и цIыхубэ артист Думэн Мурадинрэ. 

Усэ щIэдэIуну пшыхьым къеблэгъа адыгэ композитор цIэрыIуэ ХьэIупэ Джэбрэил Хуитыныгъэ радиом къопсалъэ, икIи абы къыжеIэ усэ пшыхьым и мыхьэнэр. 

ХьэIупэ Джэбрэил: Сэ нэху щыху мыбы сытепсалъыхьыфынущ. Сыт щхьэкIэ жыпIэм ар сызгъэпIейтей Iуэхущи аращ. Нобэ мыбы гъатхэпежьэу екIуэкIа пшыхьым усэ дахэ куэд щыIуащ. Мыпхуэдэ пшыхьым пщIэшхуэ щIиIэр мыращ: бзэр зэрытфIэкIуэдыр, щIалэгъуалэр абы зэрыблашыр, дибзэкIэ дызэремыджэжыр сэ гукъеуэу сиIэти, мыпхуэдэ пшыхыьр абы и сэбэпщ. Мыр пшыхь гъэушэщ. ЩIалэгъуалэр мыпхуэдэхэм нэхъыбэIуэрэ етшалIэмэ, ди усакIуэ нэхъыфIхэр зэрытхэ бзэм , а усакIуэхэм къаIуатэ гупсысэ дахэр усэбзэкIэ зэхахмэ, ярэби щIалэгъуалэр абы димыхьэхыжыну пIэрэ жызоIэри, тхьэм апхуэдэ дигъэлъагъу. Ди жагъуэ зэрыхъунщи усэбзэ уимыIэмэ, тхыбзэ уимыIыхэмэ, тхыпкъылъэ уимыIэмэ дылъэпкъкъым. Мис ахэм псоми кърагъэгъэзэжыфын ягугъэу аращ мыр къыщIызэрагъэпэщыр. 

АдэкIэ усэ пшыхьыр къызэрыщыхъуар Хуитыныгъэ Радиом къыжреIэ Аргудан жылагъуэм щыпсэу егъэджакIуэу лажьэ ХъутIэжь Ася.

ХъутIэжь Ася: Усэ пшыхьыр куэду сигу ирихьащ.  Мурадинрэ Мадинэрэ усэхэм  апхуэдизкIэ дахэу къеджэрти уигур игъэхьэшкIурашкIуэу, гукъэкIыжхэм ухашэу апхуэдэт. Усэ сэри стхыфащэрэт жысIэу сехъуэпсауэ сыкъыщIэкIыжащ. Мыпхуэдэ усэ пшыхьхэр нэхъыбэу къызэрагъэпэщмэ, ди щIэблэ адыгэбзэр зыщыгъупщэжахэм нэхъ зыкъащIэжыну, бзэр зэрагъэщIэнум нэхъ дихьэхыжыну къысщохъу. 

Пшыхьым кърихьэлIахэм ХьэIупэ Джэбрэил гъатхэпежьэ хъуэхъукIэ захуигъэзащ. Усэ къеджэну пшыхьым  къеблэгъат, Къэбэрдей Балъкъэр университетым и студентхэр. Пщыхьэщхьэр зыхуащIыжащ Нэхущ Чэримрэ Думэн Мурадинрэ здыжаIэу «ГукъэкIыж» жыхуиIэ уэрэдымкIэ. 

Дыжьын Иннэ. Хуитыныгъэ Радио. Къэбэрдей Балъкъэр