Америкэ къарум удын ирех Иракым щыIэ зауэлIхэм я быдапIэхэм


Пентагоным и лIыкIуэм къызэритамкIэ, Зэгуэт Штатхэм я дзэ кхъухьлъатэм удынхэр ирихащ Иракым щызауэ «Ислъам Къэрал» гупым и быдапIэхэу Эрбиль щыIэм.

Зэгуэт Штатхэм я президент Обамэ Барак я хьэуа къарухэр хуит ищIат зауэлIхэм яхэуэну.

Президентым апхуэдэу унафэ ищIащ зауэлIхэм яубыда щIыпIэхэм икуэшыкIауэ Иракым и ищхъэрэм зыщызыгъэпщкIу цIыхухэм гуманитар дэIэпыкъуныгъэ - ерыскъыхэкIхэмрэ псырэ -хурадзыхыну.  

Обамэ и къэралыр къигъэгугъащ Зэгуэт Штатхэр ирак зауэщIэм хашэныр къимыгъэхъуну.

Иракым и ищхъэрэ куейхэм гуманитар дэIэпыкъуныгъэр щрадзыхыныр ирагъэжьагъэххэщ.

Хуитыныгъэ Радио