Европэм Тыркум тазырышхуэ трилъхьэну зигъэхьэзыру хуегъэфащэ щIыпIэ прессэм


Иужьырей зэманхэм Тыркум къыщекIуэкI хабзэншагъэхэмрэ, Iулъхьэ Iуэхухэмрэ папщIэ цIыху хуитыныгъэхэмкIэ Европэ хьэкумым Тырку хьукумэтым тазырышхуэ къытрилъхьэнущ. Тыркум къыщыдэкI Бугюн Газетым къызэритамкIэ мы махуэхэм Iэрыубыд ящI полис шефхэм теухуауэ ирагъэкIуэкI щIэпщыкIыныгъэр хабзэм тету екIуэкIкъым, политик хьукумэтыр зэрыхуейм хуэдэу йокIуэкI.

«Апхуэдиз хабзэншагъэр къыздекIуэкI Тырку къэралыгъуэм цIыху хуитыныгъэхэмкIэ Европэ хьэкумым езым и хабзэхэм ехьэлIауэ тазыр Iэджэ къытрилъхьэнущ.

Япэрауэ езы къэралым и полисыр сытым  дежи Iэрыубыд ищIыфынурэ пэт и хьэкум ямыщI щIыкIэ зэрагъэтIысыр. Полис шефхэм иращIа хабзэншагъэмрэ, напэтехымрэ папщIэ цIыху хуитыныгъэхэмкIэ Европэ хьэкумым, нэхъ пэжу жыпэнум хьукумэтым Адалет ве калкынма партиси  зи фIэщыгъэцIэ, Захуагъэмрэ Зыужьыныгъэмрэ и партым тазыр трилъхьэнущ».

Бугюн Газетым и тхакIуэ Авджы Гюлтекин къызэрыхигъэщымкIэ полис шефхэр махуэ 4 нэхърэ нэхъыбэкIэ Iэрыубыд зэращIар, цIыху хуитыныгъэхэмкIэ Европэ хьэкумым и хабзэхэм зэрытемыхуэм къыхэкIкIэ Англиеми тазыр траилъхьауэ зэрыщытам ещхьыу Тыркуми къытрилъхьэнущ. Абдеж тхакIуэм къыхегъэщыр Тыркум полис шефхэр хьэкумыщIэм и пащхьэм ямыгъакIуэу лIыгъэкIэ махуэ 8-кIэ зэраIыгъар нэхъ хьэдэгъуэдахэу.

Тырку хьукумэтым къэралым и щэхухэр наIуэ къащIащ жэуэ полис 100 бжыгъэхэмрэ ахэм я нэхъыщхьэхэмрэ бадзуэгъуэм и 22 махуэ лъандэрэ Iэрыубыд ещI, ахэм нэхъыбэр  хабзэм къызэремызэгъкIэрэ Iэрыубыд ещI егъэтыс.   

2013 гъэ дыгъэгъазэм и 17 операцэхэм деж къыщыщIэдзауэ Тыркум “Iулъхьэ ин яшхат“ жаIэу яубыда министрхэм деж къыщыщIэдзауэ Премьер министр Эрдогъан и благъэ и Iыхьлыхэри зыхэта къэхъукъащIэхэм теухуауэ цIыху куэди лажьэ ямыIэу яубыдауэ хуагъэфащэ.

Абы къинэмыщI нобэм къэс террорым пэжу ебэну, премьер- министрым, “ЛIыгъэшхуэ яхэлъщ ди полисхэм“ жыхуиIэхэр нобэ лажэ ямыIэр зэрызэбгырахур, зэрагъэтIысыр Тыркум оппозицэми, цIыхубэ зэгухьэныгъэ куэдми, бэдаущми мыарэзыуэ ар утыку къащIыр, зодауэхэр.

Емуз Баязыт, Хуитыныгъэ Радио, Тюркие