Илъэс 40 ипэ Тыркум щыIэ Адыгэхэм щыщ куэд Европэ къэралхэм кIуэуэ щIадзащ. Германием щигъэлэжьэну Тыркум цIыху куэд иришыу щыщIидза 1974 гъэм щегъэжьауэ нобэм къэс Тыркум и цIыхуу мелуани 3 щыпсэу хъуащ. 1980 гъэм Германием Тыркум и цIыхухэр Тыркум игъэкIуэжыну ядыIэпыкъуу щIидзами нобэ къамыгъэзэжу абы щыпсэуну хуейхэр нэхъыбэщ.
lистатистикхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ Германием нэмыщI адрей Европэ къэралхэми щыпсэу хъуа Тыркум и цIыхухэм дауикI адыгэ куэд яхэтщ. Тыркум нэхърэ экономикэ, социал и лъэныкъуэкIэ нэхъыфIу зэрыщытым къыхэткIэ Европэм дихьэха адыгэхэр илъэс къэс зэ Тыркум къэкIуэжыурэ махуэ зыбжанэ щыIэурэ мэкIуэжхэр.
Мис апхуэдэу Германием щыпсэу, лъэпкъкIэ адыгэу Тыркум щыIэ Анзорей жылагъуэм щыщ Жу Тенхар и унагъуэр Хуитыныгъэ Радиом и микрофоным къедгъэблэгъащ, Европэм щыIэ адыгэхэм я Iуэху зытетымкIи деупщIын папщIэ.
Жу Тенхар: Сэ Германием и Штуткарт къалэ сыщопсэур. Германием къалэхэм псоми адыгэ дэсхэщ. Къалэхэм адыгэ зэгухьэныгъэ диIэхэщ. Ахэр ди бзэм, щэнхабзэм толэжьыхьхэр, абдеж хасэ щыдощI ди зэхуэсыпIэу дызэрыщIэу щытщ. Сэ сызыщыпсэу Штуткарт хасэм сэ езым адыгэбзэм хуезгъаджэу зы илъэсрэ ныкъуэрэ сылэжьащ, зэрыхъукIэ ди бзэм хузогъаджэ. Ауэ къыхэзгъэщын хуейщ, бзэр хуиту абдеж дгъэлажьэфкъыми гугъу дохь, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ абдеж щыпсэу адыгэхэр хэт абдзэх, хэт шэшэн, хэти абазэ, псом щыщи щыIэхэщ. Хэти езым и бзэкIэ псалъэжыну хуейт ауэ хъукъым. Абы гугъу дырегъэхь. Къэнэжар ди унагъуэхэращи, унагъуэхэм бзэр щытхъумэну дыхэтщ.
Хуитыныгъэ Радио: Европэм щыпсэу адыгэхэр сыт нэхъыбэу зэлэжьхэр, я IэщIагъэр, куэд щIауэ фыщыIэ, къэкIуэжыну хуэмей яхэтхэ?
Жу Тенхар: Европэм и эндюстри-м фабрикэхэм щылажьэу аращ. Сэ сызэрыкIуэрэ илъэс 38 мэхъур. Сэ Тыркум сыкъэкIуэжыну си гугъэщ ауэ сщIэкъым къызэхъулIэнуми. КъэмыкIуэжу абы къинэж куэди щыIэхэщ.
Хуитыныгъэ Радио: Тыркум къэзгъэзэжыну си гугъэщ жыбоIэ, уэ уи хэку дыдэр Кавказыращ, Къэбэрдейращ абы бгъэзэжыну уи мурадкъэ?
Жу Тенхар: Хэку жыпIа нэужь си гур нэхъ ину къеуэу щIедзэ, ауэ абыкIэ зи дыкIуэжыфакъым иджыри къэс. Ди Жу лъэпкъри ТыркумкIэ нэхъ щыIэу къысщохъу. Зэ дыкIуа хъуамэ гъуэгур зэIутхыну хъунт.
Пэрыт Филиз, Тенхар и щхьэгъусэ: Сэ Пэрытхэ сащыщщ, Жухэ сыранысэщ. Тыркум щыIэ Джылахъстэней жылагъуэм Хьэзизей къуажэм сыщыщщ. Сэ Тыркум згъэзэжынуи сепIэщIэкIкъым дэнэ ущынэхъ тыншыми аракъэ?
Тыркур Европэм щыIэ и цIыхухэм ину ядоIэпыкъу ахэм абдеж я бзэр, я хабзэр ящымыгъупщэжынымкIэ, псалъэм папщIэ, илъэс къэс тыркубзэр яригъэщIэжыну егъэджакIуэ егъакIуэ улахуэ ин яритыурэ. Мис ахэм яхэту адыгэ егъэджакIуи макIуэхэр, Европэм щыIэ тыркухэм тыркубзэр ирагъэщIэжыну. Езы адыгэхэм я бзэри, я хабзэри езым я гуащIэкIэ яхъумэжыну хэту аращ.
Емуз Баязыт, Хуитыныгъэ Радио, Тюркие