Хуитыныгъэ радио: Елбэрд, дауэ къыпщыхъуа Хасащхьэм и иужьырей зэхуэсыр зэрекIуэкIар. Сыт хуэдэ Iуэхухэр зэфIэфха?
Адамокъуэ Елбэрд: Ди Iуэхур апхуэдизу зэхэтхъуащи псори зэфIэкIкъым. Лэжьыгъэр зэхэплъхьэжмэ сыхьэтищ нэхъыбэ дылэжьакъым. КъекIуэлIахэр нэхъыбэм дыхуэмыхьэзыру дыкIуащ. Нэхъ хуэхьэзыру къэкIуахэр Тыркум къикIа КАФФЕД-ым и лIыкIуэхэращ. КъэкIуэным ипэ убгъуауэ къатхат ДАХ-м и лэжьыгъэм теухуауэ ныкъусаныгъэу яIэр далъагъуу, зэрымыаразыхэр къагъэлъагъуэу, япэкIэ зэрыкIуэтэн хуей я гупщысэхэр иту. Сэ къызэрыслъытэмкIэ, къытхэтхэ лэжьыгъэм и ныкъусэныгъэ, Iуэху зехьэкIэм зэрыжаIэу, цы къыхахыу, Iуэху дыщIэпсалъэхэр зэхахыну хуэмейуэ. Сэ иджыкIэ сыаразыкъым ди псыхъуэми и Хасэ зэхэтыкIэри, Дунейпсо Хасэм и зэхэтыкIэри и лэжьыгъэри зэрырагъэкIуэкIыр.
Хуитыныгъэ радио: НобэкIэ ди адыгэ лъэпкъыр зыгъэгузавэ Iуэхухэм ящыщ зыщ Щамым щекIуэкI зауэм адыгэхэр зэрыхэкIуадэр, я адэжь лъахэм хуиту къызэрымыкуэшыжыфхэр. ЗэрысщIэмкIэ а упщIэри ДАХ-м и Хасащхьэ зэхуэсым къыщыфIэтащ.
Адамокъуэ Елбэрд: Щамым ис адыгэхэм я Iуэхур хьэлъэ дыдэ. Дэри ди псыхъуэм сэ сыхуейт къуажэ, жылагъуэ къэскIэ дызэкъуэувэу къэралым ищIэн хуейр едгъэщIэфу . Ауэ къэралым демыжьу дэри псапэ дыщIэн хуейщ . Къуажэ къэс дызэхыхьэмэ сэ къысщохъу дадэIэпыкъуфыну.
Къэбэрдей-Бэлъкъэрми, Адыгейми мы Iуэхум епхауэ гуп щыIэщ. Дэ ди республикэм деж апхуэдэ щыIэкъым.
Хитыныгъэ радио: Сыт апхуэдэ гум ди хэгъэгум щIыдимыIэр?
Адамокъуэ Елбэрд:
ЩIыдимыIэр къэрал унафэщIхэр хуейкъыми аращ. А IуэхугъуэмкIэ жылагъуэхэм, хасэхэм къабгъэдэкIыу, сэ илъэс тIощIым и кIуэцIкIэ бжесIэфыну сыт щыгъуи захуэдгъэзахэ тхылъкIэ, а упщIэр Iэпэдэгъэлэл ящI. Ар къызыхэкIыр адыгэхэм зыдагъэужьыжыну хуейхэкъыми аращ. Адыгэхэр мащIэу, ди Iуэху мыкIуатэу мис иджыпсту дызэрызэхэтым хуэдэу дызэхагъэтынущи аращ. Ар дэ къыдгурыIуэжын хуейщ.
Хуитыныгъэ радио: Елбэрд, иужьырей зэманым псалъэ куэд къекIуэкIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и лэжьэкIэм, абы хэтхэм лъэпкъым дзыхь хуамыщIу, ДАХыр Урысей къэралым ихыжын зэрыхуейм тепсэлъыхьхэу. Сыт абы теухуауэ жыпIэфыну?
Адамокъуэ Елбэрд: Сэ куэд щIауэ сахэт ДАХым икIи сызэрегупщысымкIэ Европэм дыщыIатэмэ фIыт. ХабзэкIэ Iуэху щыдамыгъащIэкIэ, ди Iуэху къыщыдамгъэкIкIэ дэ дыпсэуну, лъэпкъыу дыщытыну дыхуейщи дэ диIуэху зэдгъэзэхуэжын хуейщ. Ауэ ди лъэпкъыр зы хъужу Урысей Федерацым дыхэтыну дыхуеймэ, мы щIыналъэри дэдейщи ди Iуэху мыбдеж зэрызэдгъэхуэным я ужь дитын хуейщ. Зауэ банэ хэмыту хабзэм тету дылэжьэн хуейщ. Путин Владимир адыгэ лъэпкъым зыкъытхуигъэзатэмэ гъунапкъэхэри хъумауэ, щIэпхъэджагъэхэри щыIэнутэкъым.
Хуитыныгъэ радио: Адыгэ лъэпкъым лъапсэих, геноцид жыхуэтIэр къызэрыхуахьамкIэ къэрал мыинхэм къырагъэщтэну зэрыпылъхэм даурэ уеплърэ Елбэрд?
Адамокъуэ Елбэрд:
Сэ си щхьэкIэ къапщтэмэ ядызощтэ. Зыкъысхуагъэзатэмэ сэ Iэпэ яхущIэздзынут, ДАХым и Хасащхьэм къысхуамыдэмэ сыкъыхэкIыжынут. А Iуэхур сэ си гуапэ. Грузиер дэ ди къуэшхэ. Абы къищтащ лъапсэихыр зэращIар. Тхьэ гъэпсоушхуи яжызоIэр Грузием щыпсоуэ хъуам. Аргуэру Украинэм къыхилъхьа, иджы щIалэхэм Польшэм зыхуагъэзащ. Ар дэ къытщхьэпэну. Иныкъуэм къащохъу Мэзкуу къытхуагъэIеину жаIэри. Мэзкуур Iейуэ щытыну хуэмеймэ Урысей Федерацым ис лъэпкъуу хъуам я Iуэху пыухыкIауэ хырыреплъэхэ, зэрырехьэхэ.
Хуитыныгъэ радио: Елбэрд, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэм и зэхуэсыр зэрекIуэкIамкIэ зыхуэдгъэзэжынщи, зыуэ щыт адыгэ литературэбзэм и Iуэхум сыт къырикIуар?
Адамокъуэ Елбэрд:
Илъэс I4-кIэ узэIэбэкIыжмэ Къэбэрдей-Бэлъэкъэрым и парламентым унафэ къихьат хьэрыфхэр яхъуэжу псори зы ящIыну, ауэ Адыгеей парламентым ар ядищтакъым. Сытми а Iуэхур хабзэкIэ зэгъэзэхуа хъуатэкъыми иджы гуп хахащ ДАХ и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий я пашэу, ауэ лэжьыгъэр мы IуэхумкIэ иригъэкIуэкIыну езыр къэтэджри и пщэ дилъхьэжащ, жыпIэ хъунущ МэшхуэфI Нэждэт. Дыкъигъэгугъа мазищ иратмэ а хьэрыфхэр зэрагъэзэхуэну, дэнэ щыIэ адыгэри тыншу еджэфу игъэпсыну.
Кушпэ Маринэ, Хуитыныгъэ радио, Черкесск