2014 илъэс икIар Ищхъэрэ КавказымкIэ дауэ щыта?


Нэгъабэ  гъэм илъэс 20-р ирикъуащ  «конституцэ Iэдэбыр зэфIагъэувэжын» папщIэ Урысеидзэхэр президент Ельцин Борис и унафэкIэ Шэшэным зэрырашэрэ. АбыкIэ къызэIуха хъуащ шэшэн зыкъэIэтыныгъэм и ипкъ иту лъэныкъуитIым я тхыдэщIэм и къыкIэлъыкIуэ напэкIуэцIыр. 

Ажалырыхь цIыхуитIым 2013 гъэм  дыгъэгъазэм и кIэхэм Волгоград деж зыкъыщагъэуэжри, нэрыбгэ 34-рэ хэкIуэдащ, 70 уIэгъэ хъуащ. АбыкIэ яубла хъуат Сочи щекIуэкIыну щIымахуэ Олимпиадэ джэгугъуэхэм яхуэгъэза террор ебгъэрыкIуэныгъэхэр. Апщыгъуэм террористхэм ядэIэпыкъуауэ къалъытэри, Дагъыстаным щыщ цIыхуиплI яубыдри, хьэпсэ пIалъэ зэхуэмыдэхэмкIэ ягъэтIысауэ щытащ. 
ЩIыдэлъху адыгэхэмкIэ мыхьэнэ ин зиIэ Сочи деж 2014 гъэм Олимпиадэ джэгугъэхэр иригъэкIуэкIащ Урысейм. АбыкIэ мыарэзыуэ, дунейпсо адыгэ мин бжыгъэхэр къэува пэтми. Олимпиадэм ипэ къихуэу, Ищхъэрэ Кавказым деж, адыгэ бэдаущ Iуэхузехьэхэр зэхэзехуэныгъэм хагъэкIакъым. Яубыдмэ я компьютерхэмрэ тхылъхэмрэ трахыурэ.

Ищхъэрэ Кавказ зауэлIхэм я Кавказ-центр сайтым гъатхэпэм  хъыбар къитащ Кавказ Имаратым и пашэ  Умаров Доку  зэрылIам теухуауэ.   Абы ипIэкIэ трагъэхьат авар динырылажьэ Кебеков Алиасхьаб ( муслъымэныцIэмкIэ Амир Абу-Мухьэммэд).
Кебековым и Iуэхур зэрилъэгъуар апхуэдэщи, абыи къилъытащ   Ищхъэрэ Кавказым и муслъымэнхэм урысей гъэпщылIакIуэхэм яхуэгъэза зауэ джихьэд ирагъэкIуэкIын хуейуэ. 

2014 дыгъэгъазэм и 4-м  Грозный деж зауэлI пщIы бжыгъэхэр  ебгъэрыкIуэри, я нэхъ мащIэрами,  шэшэн къару къулыкъущIэу I4 яукIащ, щэщIрэ хырэ уIэгъэ хъуащ.
А ебгъэрыкIуэныгъэм къигъэлъэгъуащ  Шэшэн зыкъэIэтыныгъэм и зауэлIхэр иджыри къаруушхуэу къызэрынэр. 
Шэшэн администрацэм и унафэщI Кадыров Рамзан абы кIэлъыкIуэу унафэ ищIащ я бынхэм ялэжьхэмкIэ анэ-адэхэми жэуаплыгъэ яхьын хуейуэ. ИкIи а теуэныгъэм хэтау къалъытахэм я анэ-адэхэм я унэхэр щIым щыщ ящIыжри, Iыхьлыхэми хуагъэуващ икIэщIыпIэкIэ Шэшэныр ябгынэну. 
Кадыров и унафэр хабзэнашгъэу, ар Урысей конституцэм къемызэгыъу къалъытащ  урысей икIи къэралыбэ пэжырытелъхьэхэм.

Ищхъэрэ Кавказым деж зауэлIхэмрэ къару къулыкъухэмрэ я зэпэщIэтыныгъэм хэкIуадэ цIыхухэм я бжыгъэр илъэсищ хъуауэ нэхъ мащIэ хъуурэ макIуэ.
2013 гъэм цIыху 750-рэ яукIамэ, 2012-м - 700,  2013 гъэм -  529-рэ, 2014 гъэм и дыгъэгъазэм ику нэгъунэ а бжыгъэр зэрыхъуар  325-щ. А бжыгъэм и процент 50-р Дагъыстаным хуозэ. 

Накъыгъэм икухэм  Урысейм и къэрал унафэщIхэм а хэгъуэгум и федерал лIыкIуэу ягъэуващ  Ищхъэрэ Кавказым щыIэ дзэ зэхэтхэм я дзэпашэу щыта  Меликов Сергей.  А зэман дыдэми Краснодар деж  Ищхъэрэ Кавказым и федерал министрыщIэхэм я пашэ хъуащ Кузнецов Лев.     
Республикэ щхьэхуэхэм  я Iуэхухэр зэрекIуэкIым ухэплъэмэ,  Кадыров Рамзан Шэшэныр адэкIи ткIийуэ зэрегъакIуэ. Абы занщIэу ирегъэтIысэхыф къэрал къулыкъум пэув дэтхэнэри. Мы гъэм ягъэтIыса цIыху нэхъ цIэрыIуэхэм ящыщщ кавказ лъэпкъхэм я Ассамблеем и пашэ Кутаев Руслан.

Абы пылъхьэ хуащIат шэшэнхэр я хэку зэрырагъэкIрэ илъэс 70 щрикъум ехъулIэу конференц щIыпIэ къэрал къулыкъухэм я Iизныншэу иригъэкIуэкIыну зэрыпылъар.

Кадыровым апхуэдэ къабзэу дищтащ Мэзкуу Украинэм и Iуэхухэм зэрыхэIэбэр.    
2014 гъэм  яукIа зауэлI нэхъ цIэрыIуэхэм ящыщщ Гатагажев Артур. Ар и Iэтащхьэт Ингушетием щыIэ зауэлIхэм. Гатагажевыр яукIа нэужь,  зауэлIхэм я ебгъэрыкIуэныгъэхэр нэхъ мащIэ хъуауэ къат щIыпIэ унафэщIхэм. Ауэ итIани республикэр, адрей урысей хэгъуэгухэми хуэдэу етхьэлэ  коррупцэм.      

Илъэс етIуанэ хъуауэ Дагъыстаным и Iэтащхьэу тет Абдулатипов Рамазан бэнэныгъэ хьэлъэ иригъэкIуэкIащ. ТрагъэкIын хуэдэу хъыбархэр къызэрекIуэкIми емылъытауэ, ар пылъащ и  къэрал унафэр зэригъэбыдэным.  Абы и ныкъуэкъуэгъуу щыта,  Мэхъэчкъалэ и мэру тета  Амиров Саид террор IуэхукIэ ягъэкъуаншэри,  бадзэуэгъуэм хьэпсэу илъэсипщI тралъхьауэ щытащ.  Абы и IуэхукIэ укIыгъэм епха етIуанэ хьэкум хэплъэн хуейщ.

Абы дэщIыгъуу, Абдулатиповым зыкъигъэлъэгъуащ террорым пэщIэту хэкIуэда къару къулыкъущIэхэм я гукъеуэхэм иримыгузавэу.  Гимры пэмыжыжьэ Временный жылагъуэм щыпсэу цIыхухэм тхьэусыхэкIэ Урысей президент Путин Владимир зыхуагъэзауэ щытащ, мазитIкIэ ирагъэкIуэкIа террор пэкъуащIэ Iуэхум ипкъ иту псэупIэ унэ 42-рэ зэхакъута нэужь.


Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэу техьа КIуэкIуэ Юрий куэдым ущигъэгугъыыу и Iуэхухэр иублат. Абы цIыхухэр къигъэгугъат журналист КIуащ Тимур и хэкIуэдэкIэ хъуар езым и нэIэм щIэту зэхагъэкIыну. Журналистыр зэрыхэкIуадэрэ мазэ бжыгъэ текIыжами абы и IуэхукIэ зэхэгъэкIакIуэхэр зэрыкIуэта щыIэкъым.

Республикэм и Iэтащхьэу трагъэхьа нэужь лъэпкъкIэ нэхъ мащIэ балъкъэрхэм абы хуэгъэкIуэтэныгъэшхуэ яхуищIащ,  я лIыкIуэ Мусуков Али премьер-министру тригъэхьэри. Абы апхуэдэ къабзэу парламентым и спикеру бзылъхугъэ къигъэлъэгъуащ. 
Илъэс икIам и къэхъугъэ нэхъыщхьэм ящыщт илъэс бжыгъэ куэдкIэ цIыхухэр зыпэплъа хьэкум хьэкъри. Къэбэрдей-Балъкъэрым и Ищхьэ хьэкумым, дыгъэгъазэм и 23-м хэIущIыIу ищIащ Налшык теуэныгъэмкIэ ягъэкъуаншэхэм я хьэкъыр. 
Хьэкум пащхьэ ит нэрыбгэ 57-р къуаншэу къалъытащ. Ахэм ящыщу 5-р я гъащIэ псокIэ хьэпсэм исыну хьэкъ тралъхьащ,  3-р хуит ящIыжащ, адрейхэм иратащ илъэси I0-м щыщIэдзауэ 23-м нэс. Уэчылхэм загъэхьэзыр хьэкум унафэм щIэдэужыну. Зи хьэкум ящIахэм езыхэм къуаншэу зыкъалъытэжкъым.

2005 гъэм, жэпуэгъуэм и 13-м, IэщэкIэ зэщIэузэда цIыху гупхэр ятеуащ республикэм и къару къулыкъущIапIэхэм. Зэхэуэхэм хэкIуэдащ мамыр цIыху 15, къару къулыкъущIэу 35, зыкъэзыIэтауэ зыхуагъэфэща  97.  

Пэжырытелъхьэхэм мызэ-мытIэу жаIащ,  зыкъэзыIэта щIалэхэм Iэщэ къащтэныр къару къулыкъухэм я залымыгъэм къыхэкIауэ.
Хьюман Райтс Уотчымрэ Эмнисти Интернешнлымрэ ткIийуэ пэджэжащ Налшык IуэхумкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и хьэкум унафэм.
А къэралыбэ зэщIэхъееныгъэхэм  къызэралъытэмкIэ, хьэкум унафэхэр къахьащ теуэныгъэмкIэ гурыщхъуэ зыхуащIу яубыдахэм удынкIэ пцIы зэрызытрыгъэлъхьэжам тещIыхьауэ. ИкIи  пэжырытелъхьэхэм Урысейр ягъэкъуаншэ абы теухуа зэхэгъэкIыныгъэ тэрэз зэрыщымыIам папщIэ.

Къэрэшей- Шэрджэсым деж цIыху куэд хьэкум пащхьэм ирашащ республикэм и къэрал къулыкъур традзу, ислъам къэрал яухуэну я гугъауэ пылъхьэ хуащIри.  ШыщхьэIум цIыху 13 ягъэтIысауэ щытащ хьэпсэ пIалъэ зэхуэмыдэхэмкIэ – илъэси 7-м щегъэжьауэ 12-м нэскIэ.  

Бэдаущ Iуэхузехьэхэми, пэжырытелъхьэхэми жаIэ зи мыарэзыныгъэ зыгъэлъагъуэ щIалэгъуалэр апхуэдэ зэхэзехуэныгъэм пэщIэхуэу зэрыщытыр.

Ищхъэрэ Осетием и муфтийм и къуэдзэ  Гамзатов Расул яукIауэ щытащ шыщхьэIум. ИлъэситIым и кIуэцIкIэ  яукIа етIуанэ муслъымэн дин Iуэхузехьэ инт ар.   

Ищхъэрэ Кавказым деж бэдаущ уэтыкур зэрыгузавэ нэхъ Iуэху зэхэщIыхьауэ къонэ мыхэр.  ЩIыдагъэ уасэхэр екIурэха, экономикэ Iуэхухэр зэхэтхъуа хъуа нэужь, Мэзкуу хузэфIэкIыжыну апхуэдиз ахъшэ Ищхъэрэ Кавказым хуиутIыпщыжын?  Кавказыр урысей тепщагъэм къыIэщIигъэкIыжыну «Ислъам къэрал» зыфIэзыщыжа гупым зэрыжиIам сыт кърикIуэнур?

Хуитыныгъэ Радио