Гъэ кIуам Урысейм и хэкуэгъуу цIыху мин 106 къэIэпхъуэжащ


Урысейм и хэкуэгъухэм къегъэгъэзэжын программэр къагъэсэрэпу 2014 гъэм къэIэпхъуащ цIыху мин 106. А хъыбарыр къитащ ТАСС хъыбарыбэ Iэмалым, Федерал Iэпхъуэныгъэ къулыкъум зытыригъащIэу. Программэр мэлажьэр 2007 гъэ лъандэрэ. Ар къызэрызыIуахрэ абыкIэ Урысейм къэIэпхъуэжащ цIыху мин 255-м щIигъу.

2014 гъэм Урысейм къэIэпхъуэжахэм я бжыгъэр тIукIэ нэхъыбэщ абы ипэ гъэм къэIэпхъуам нэхърэ. Iэпхъуэныгъэ къулыкъум и пресс-къулыкъум и унафэщI Корнилова Залина зэрыжиIэмкIэ, абы щхьэусыгъуэ хуэхъуар Украинэм къыщекIуэкI зауэм къыхэкIыу цIыху куэд  Урысейм къызэрихьар аращ. Иджыпсту хэкуэгъухэм къырагъгъэзэн программэр щолажьэр Урысейм и регион 55-м.

Абыхэм хэткъым Ищхъэрэ Кавказ республикэхэр, ауэ абыхэми къэIэпхъуащ Украинэм щыщ цIыхухэр, икIи бжыгъэ къэралым игъувахэм щымыщу абыхэм я дефтерхэр хузыфIагъыхьащ. Корниловам зэрыжиIэмкIэ, мы программэр сэрэп хуэхъуащ Украинэм и къуэкIыпIэ-ипщэ регионхэм къикIахэм я дефтерхэр псынщIэу зыфIагъыхьэну, лэжьапIэ къагъуэтыну, къэралым къыбгъэдэкIыу ахъшэ къыдахыну.

Мы программэр щылажьэр регион цIыху бжыгъэр щымащIэхэр аращ. КъуэкIыпIэ регионхэр, Ищхъэрэ Кавказыр, Мэзкуу - мыхэр программэм хыхьэкъым. Адыгэ зи хэку къэзыгъэзэжыну хуейхэм къахуэгъэсэрэпкъым хэкуэгъухэм я къэгъазэм хуэгъэпса хабзэр, сыт щхьэкIэ жыпIэм, ахэр я хэкум къэкIуэжыну хуейщ, ауэ я хэкумкIэ программэм апхуэдэ Iэмал къуиткъым. Украинэм щыпсэуу щытауэ Урысейм къэзыгъэзэжа ЗэкIурей Мадинэ зэрыжиIэмкIэ, абы нэмыщI хэкIыпIэхэр къилъыхъуащ, программэ дызытепсэлъыхьыр къыхуэмыгъэсэрэпу:

«Мы программэр сэ къэзгъэсэрэпакъым, сыт щхьэкIэ жыпIэм, Урысейм и къухьэпIэ лъэныкъуэр абы хыхьэкъым. Ищхъэрэм къыщегъэжьауэ ипщэм нэсыху нэхъ гъунэгъу дыдэу а программэм хыхьэр Саратовщ. Иджы абы уIэпхъуэу, лэжьапIэ ущыуву, дефтерхэр абдежым щыпщIын хуейуэ аращ. Мэзкууи, Кавказ республикэхэри программэм хыхьэкъым. Аращи, сэ мы программэр къэзмыгъэсэрэпу сщIащ си дефтерхэр. Сэ схуэдэхэм щхьэкIэ хабзэм къует нэгъуэщI Iэмалхэри. Абыхэм щыщ зы сэ къэзгъэсэрэпащ, "квотэ" жыхуаIэхэр хэмыту - си адэм и дефтерхэмкIэ сщIащ. Уи адэ-анэм щыщ зы Урысейм щыпсэуу щытым, ар пенсым кIуауэ щытым, абы и дефтерхэмкIэ пщIы хъуну хабзэ щыIэщ. Сэ сехъулIауэ жыпIэ хъунущ си адэм Урысей паспорт иIэу пенсионеру зэрыщытым щхьэкIэ».

Адыгэ республикэхэм деж псалъэмакъ къыщокIуэкI лъэпкъэгъухэр къэшэжын программэр Сирием къикIыжхэм ехьэлIауэ къызэрамыгъэсэрэпыфым щхьэкIэ. Иджыпсту Къэбэрдей-Балъкъэрым щопсэу цIыху 1000-м щIигъу Сирием къикIыжауэ, студентхэри хэту. Абыхэм зыми къыратакъым дефтер, зауэм зыщахъумэу я къэралым къызэрикIам щхьэкIэ, е Урысейм и хэкуэгъуу къилъытауэ. Абыхэм я дефтерхэр жылагъуэ IуэхущIакIуэхэм хузырагъэпэщауэ аращ, лэжьапIэ къэкIуа хуэдэу. Сирием къикIыжа адыгэ Сижажэ Уэил абы теухуауэ Хуитыныгъэ Радиом къыжыриIар мыращ:

«Дефтерхэм теухуауэ Пэрыт-хасэр щыIащ. Иджыпсту Пэрыт-хасэр щыIэжкъым, ягъэбыдэжащ. Ар щыщыIам щыгъуэ дыдейхэм щыщ ядэIэпыкъуащ. Ауэ иджыпсту Пэрыт-хасэр щыIэжкъыми, "Родина" жыхуаIэр, ЩоджэнцIыкIум и уэрамым тет хасэр [Дунейпсо Адыгэ Хасэ - Ху.Р.], мис ахэр тIэкIу тхылъыпIэхэм теухуауэ, пIалъэкIэ къэралым уисыну хуит уащIын щхьэкIэ узыхуей дефтерхэм теухуауэ сэрэп мэхъу, ахъшэншэу зыфIэкIын щхьэкIэ. НэгъуэщI зыри зыхэсхакъым сэ, пэжым ухуеймэ. Иджыпсту къэкIуэжхэм щхьэкIэ Дунейпсо Хасэр ядоIэпыкъу, пIалъэкIэ къызэрынэн дефтерхэр щащIым щыгъуэ. А дефтерхэр пщIын щхьэкIэ ахъшэ хуейщ - зы цIыхум сом 3000-4000 хуэдиз токIуадэр. Дунейпсо Адыгэ Хасэм тхылъыпIэ гуэрхэр къуат а дефтерхэр ахъшэншэу къыдэпхыфын щхьэкIэ. Ар сэ солъагъу, нэгъуэщI зыри зыхэсхакъым».

Сирием къикIыж адыгэхэм къэралыр ядэIэпыкъуу, я Iуэху зыфIагъэкIыу щыткъым. Абы нэмыщI, къэралым хиха бжыгъэхэм я гъунапкъэ икI хъукъым. Хэкуэгъухэм къагъэзэжын программэм адыгэхэр хэкуэгъуу къилъытэ пэтми, абы къызэригъувымкIэ, хэкуэгъухэм урысыбзэ ящIэн хуейщ, урыс культурэм щыщу щытын хуейщ.

Абы нэмыщI регион 55 абы къигъэувхэм уIэпхъуэн хуейщ. Апхуэдэу уздэIэпхъуэн хуейуэ къагъувыр цIыху бжыгъэу исыр щымащIэ, къалъхумрэ лIэмрэ я бжыгъэкIэ лIэр нэхъыбэу здэщытхэр аращ.

Иджыпсту Урысей псом Ищхъэрэ Кавказ регионхэр аращ лъхуэныгъэкIэ хэхъуэ нэхъ здэщыIэр. Абы нэмыщI лэжьапIэншагъэр республикэхэм щыинщ. Программэр щаухуам щыгъуэ республикэ унафэщIхэр езыхэр лъэIуау щытащ ахэр а програмэм хагъэкIыну, къэIэпхъуэхэм лэжьапIэ зэрырамытыфым къыхэкIкIэ. Зауэ къыхэкIыу къэкIуэжа Украинэм и цIыхухэмрэ апхуэдэ дыдэу зауэ къыхэкIыу къэкIуэжа Сирием щыщ адыгэхэмрэ Урысей къэралыр зэрыбгъэдыхьэр хуабжьу зыщхьэщокI, икIи псалъэмакъ къегъэхъу къэралым лъэпкъ зыхэгъэж ищIу жаIэу.

Къэбэрдей-Балъкъэр, Хуитыныгъэ Радио,  Бэрокъуэ Артур