Карасов СулътIан и Iыхьлыхэр уэрамым техьащ

Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ, хъыбарыншэу кIуэда Карасов СулътIан и Iыхьлыхэр мыарэзыуэ пэкIукIэ уэрамым техьащ щIышылэм и 17-м.

Ахэм зэхуащIыну пылъащ Черкесск-Невиномысск трассэр. ЦIыхухэр зэбгырыкIыжащ ар здэщыIэр белджылы ящIыну щIыпIэ унафэщIхэм цIыхухэр къагъэгугъа нэужь.

Кавказ Узелым-м къызэритамкIэ, Эркин-Хьэлъкъ къуажэм щыщ, илъэс 33-рэ зи ныбжь Карасов СулътIан Ставрополь щыкIуэдащ щIышылэм и 10-м.

Абы и Iыхьлыхэм ящыщ зым зэрыжиIамкIэ, ар къару къулыкъухэм ядыгъуауэ гурыщхъуэ ящI.

Хуитыныгъэ Радио. Кушпэ Маринэ