Иджырей зэманым уеплъмэ Къэбэрдей Балъкъэрым деж , нысашэ ебгъэкIуэкIын папщIэ, мылъку зэрыббгъэдэлъын хуейр къегъэлъагъуэ абы епха IуэхухуэщIэхэм. Псалъэм папщIэ, курыту нысашэр зыфIэбгъэкIыфын щхьэкIэ, анэ-адэхэм зэрыжаIэмкIэ, ахъшэу ику иту сом мин 500 хэм нэс токIуадэр, ар ерыскъы саугъэт хъуми.
Мис апхуэдэ Iуэхугъуэм теухауэ доупщI Къабэрдей Балъкъэр университетым и студент Шэрджэс Риммэ.
Хуитыныгъэ Радио: Риммэ,хьэгъуэлIыгъуэ нысашэм иджыпстурей зэманым и екIуэкIыкIэр сыт хуэдэ?
Шэрджэс Риммэ: ХьэгъуэлIыгъуэ иджыпсту ебгъэкIуэкIын папщIэ ахъшэ уиIэн хуейщ, ахъшэ уимыIэмэ зыри пхуэщIынукъым. Аращи апхуэдиз ахъшэ пхузыхуэмыхьэсмэ уи къэшэгъуэ е уи яшэгъуэ бломыгъэкIын щхьэкIэ щIыхуэ къапщтэн хуей мэхъу . Иджыпстурей зэманым ахъшэ имыхьыу зыри хьэгъуэлIыгъуэ кIуэжкъыми,языныкъуэхэм мис а я благъэ Iыхьлым хьэгъуэлIыгъуэм къырахьэлIа ахъшэр щIыхуэ къызыраIыхам иратыжри зыфIагъэкI. КIэщIу жыпIэм, благъэм къыхуахьыну ахъшэм щыгугъу хьэгъуэлIыгъуэ къезыхьэжьэри куэд мэхъу. Псалъэм папщIэ, ди япэ илъэситху хуэдэкIэ узэIэбэкIыжмэ нэхъ егъэзырабгъуу ящIыу щытащ, нэхъ мащIэ тырагъэкIуадэу. Япэм техьэпщIу дыщэ яхьыу щытати иджы бриллиант хъуащ.
Хуитыныгъэ Радио: АдэкIэ доупщI мис иджы дыдэ унагъуэ зыгъуэта Иуан Фатимэ. Фатимэ узэрыдэкIуэрэ куэд щIыкъым сэ зэрысщIэмкIэ, дауэ фи нысашэ Iуэхур евгъэхъулIа, тIэкIу укъытхутепсалъыхьам арат.
Иуан Фатимэ: Пэжу жысIэнщи, хьэгъуэлIыгъуэр ебгъэкIуэкIыну гугъущ, куэд ухуейщ абы щхьэкIэ. Мис сэ унагъуэ сызэрихьэрэ мазэ хъуа къуэдеуа аращ. Ди хьэгъуэлIыгъуэр ресторным щедгъэкIуэкIащ, ахъшэшхуи тедгъэкIуэдащ.
Иджыпстурей зэманым хьэгъуэлIыгъуэр екIурэ ещхьыу йомыгъэкIуэкIмэ къыпкIэлъыкIуэ цIыхухэм зыри хъуэкъым абы я хьэгъуэлIыгъуэр жаIэжынущ. Мис апхуэдэу къытхужаIэну дыхуейтэкъыми ахъшэ къэдгъуэтри зыфIэдгъэкIащ.
Хуитыныгъэ Радио: Ахъшэ дапщэ текIуэда хъун фи хьэгъуэлIыгъуэм? ЩIыхуэ къэфщтат?
Иуан Фатимэ: Зы сом мин щитху хуэдиз текIуэдащ. Абы щыщу диIэр 350, мыдрей 150 щIыхуэу къэтщтщ. ар ттыжын хуейщ иджы.
Хуитыныгъэ Радио: А ахъшэр къакIуэ накIуэ хьэщIэм тевмыгъэкIуаду фэ езытIум фызыхуей гуэр къэфщэхужамэ дау уеплърэт?
Иуан Фатимэ: Пэжу жысIэнщи апхуэду нэхъ къатщтэну хъунт, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, дэ унэ къэтщэхун хуейщи абы хэтлъхьам нэхъ къатщтэнут. Ауэ сыт пщIэн адрейхэм зыкъыкIэрыдгъэхуну дыхуейтэкъыми тщIащ апхуэдэу.
АдэкIэ додаIуэр куэд мыщIу зипхъу езгъэша, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Абазэ Лэрисэ.
Хуитыныгъэ Радио: Ларисэ упхъур щыдэкIуэм дау и Iуэхур зыфIэбгъэкIыфа?
Абазэ Лэрисэ: Къапщтэу щытмэ Къэбэрдейм иджыпсту хабзэ къагупсысам теухуау сщIари мащIэ, схузыфIэкIыкъым. Ахъшэ симыIэныгъэмкъыхэкIкIэ кредидит къеIызмыхыу хъуакъым. Кредит тIэкIу къеIысхами къыщIэкIар мащIэщ. Иджыпстурейхэм эйуэ ирагъэлей, щыгъын щыдалъхьэжым и деж куэдыIуэ далъхьэр. Шубэ норковэ жыхуаIэр дэмылъмэ щыгъын хуомыгъэхьыжам хуэдэщ сэ а къомри схузыфIэкIакъым. Зэрыхъум хуэду сщIащ щыгъын къабзэ тIэкIу худэслъхьэжащ. Малъхъэтешэми куэд схузыфIэкIыкъым. Иджыпстурейхэм эджэ хуащIэ унэ мэшынэ къыхуащэху малъхъэм, мылъку эджэ бгъэдалъхьэр. Уипхъу епта нэмыщI иджыри апхуэдиз хуэпщIэн хуейуэ сэ сфIэемыкIущ. ЗыхузыфIэкIым ящIэр мыдрейхэр абы доплей.
***
Ди псалъэгъухэм зэрыжаIэмкIэ, хьэгъуэлIыгъуэ ебгъэкIуэкIыным эджэ пыщIащ. Иджыпстурей зэманым хьэгъуэлIыгъуэр зэращIым хуэду пщIынумэ, унэ,машынэ, дыщэ къызыщIэкIын ахъшэ ухуеинущ.
Дыжьын Иннэ. Хуитыныгъэ Радио. Къэбэрдей Балъкъэр