Къущхьэ Догъан: Ди гупэр хэкумкlэ гъэзауэ щытын хуейщ


Къущхьэ Догъан. УэрэджыIэ цIэрыIуэ, лъэпкъ лэжьакIуэ. Тыркум, Истанбул къалэ.

Тыркум дэс адыгэхэр гъащIэм зрихулIа гугъуехьымрэ, я хэхэс гъащIэм куэдым гу лъамытэжу, зыхэхуа системэм хэшыпсыхьыжу щытми иджыри захъумэжын хуейуэ, я хэкужьымкIэ ягъэзэжыпэн хуейуэ, абы елэжьхэри мащIэкъым.

Абы теухуауэ нобэ Тыркум деж адыгэ щэнхабзэр, гъуазджэр яхъумэжыфрэ,  хэкум хуаIэ зэпыщIэныгъэр иджыпсту сытым тет? Мис апхуэдэ упщIэхэмкIэ Хуитыныгъэ Радиом и микрофоным къедгъэблэгъащ, Тыркум щыщ уэрэджыIэкIуэ цIэрыIуэ, лъэпкъ лэжьакIуэ Къущхьэ Догъан.

Хуитыныгъэ Радио: Догъан, уэ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ урилэжьакIуэ цIэрыIуэщ. Тыркум деж лъэпкъ щэнхабзэм зыщиужьрэ, иджыпсту ар сытым тет? 

Къущхьэ Догъан: Пэжу жыпIэмэ,  ди жагъуэ зэрыхъущи,  зыщиужьыу жытIэфынукъым. Сыту жыпIэмэ бзэр догъэкIуэд, бзэр кIуэда иужь, щIэблэм бзэр ямыщIэж хъуа иужь,  абдежым щэнхабзэми гъуазджэми зыщиужьыфыну Iэмал иIэкъым. КIуэ иужьрей илъэсхэм Тыркум и хабзэхэр яхъуэжри пэщIэдзэ еджапIэхэм сабийхэр адыгэбзэкIэ тхьэмахуэм сыхьэт 2-3 щеджэфыну апхуэдэ Iэмалхэр къыдата щхьэкIэ абы дэ ди кIуэдыжынур игъэувыIэнукъым. Абы щхьэкIэ псом япэ унагъуэхэр бзэм хуэсакъын хуейщ, щIэблэм бзэ ирагъэщIэн хуейщ.

Хуитыныгъэ Радио: Уэ гъуазджэм, литературэм, щэнхабзэм кууэ узэрелэжьыр псоми ящIэр. Псалъэм папщIэ,  Тыркум къыщыдэкIа япэ адыгэ уэрэд сыт хуэдэхэр уэ уи Iэужьщ, уи IэдакъэщIэкIщ.

Догъэн, Тыркум дэс адыгэ цIыхубэм, гъуазджэмрэ литературэмрэ ирикъун хуэдиз гу лъытэ хуаIэ?

Къущхьэ Догъан: Абы щхьэусыгъуэ куэд иIэщ ауэ гулъытэ тэмэм хуаIэщ жыпIэмэ ди щхьэ къэдгъэпцIэжу аращ, ар езым я лажьэкъым. Илъэс I50-м блэкIауэ уи хэкум упэIэщIэу, уи хэку укъызэрикI лъандэрэ узэрыс къэралым уи культурэмрэ уи хабзэмрэ уи бзэмрэ яхъумэн щхьэкIэ зыри ямыщIауэ, ухэкIуэдэжынум унэсауэ апхуэдэ лъэпкъым, цIыхубэм деж щхьэ гулъытэ тэмэм хуамыщIрэ жыпIэу уи жагъуэ пщIы хъунукъым.

Ауэ дэ ди къалэныр амал зэриIэкIэ гъуазджэм,  щэнхабзэм, ди адэжьхэм къащIэна лIэужьыгъуэхэр зэхуэтхьэсыу цIыхубэм я пащхьэ итлъхьэнращ. Ар къызгурыIуи къахэкIынущ Iэмал имыIэу.

Хуитыныгъэ Радио: Догъан, щэнхабзэр къыпфIэIуэхуу, ар гуныкъуэгъуэ пщIыкIэрэ хэкужьым япэ кIуэжахэм уащыщщ, абы ипкъ иткIэ хэкури фIыуэ боцIыху, хэкужьымкIи фIыдыдэу укъыщацIыху. Хэкурыс Адыгэхэмрэ, хэхэсхэмрэ я зэпыщIэныгъэр мащIэ иджыпсту? Ар егъэфIэкIуэн щхьэкIэ сыт щIапхъэ?

Къущхьэ Догъан:  Адыгэм псалъэжь яIэщ «lэр зэрытхьэщIым зэрощIэ» жи.

НтIэ илъэс I50-кIэ уи хэку упэIэщIэу ущыпсэукIэ абы Iэмал имыIэу зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр дэри къэтщтащ хэхэс адыгэм, хэкумкIэ ари зэрихъуэкIауэ къыщIэкIынщ.

Абы щхьэкIэ дызэкIэлъыкIуэн хуейщ.  Ди Iэхэр зэрыдгъэубыдын хуейщ.  Ди гупэр хэкумкIэ гъэзауэ дыпсэун хуейщ. Дэ хэхэс адыгэм мы дунейм мы асимиласион жыхуаIэ ди щхьэ кърикIуэ Iуэхугъуэм дыкъезыгъэлын мы дунейм нэгъуэщI Iэмал диIэкъым.  Ди гупэр хэкумкIэ гъэзауэ, хэкумкIэ ди щIалэгъуалэр дгъакIуэу, дгъэкIуэжхэу, зи насып къихь зыхузэфIэкIыр кIуэуэ и хэкужь итIысхьэжыу зэпыщIэныгъэ быдэ димыIэу щытым дэ дыхэкIуэдэжыпэнкIэ шынагъуэщ.


***

Къущхьэ Догъан 1956 гъэм Тыркум Къайсери къалэ хиубыдэ Карахалка (Къундэтей-Мэртэзей)  къуажэм къыщыхъуащ. И уэрэдхэр нэхъыбэу хэкумрэ лъагъуныгъэмрэ теухуащ.

Къущхьэ Догъан  езыми зыхелъхьэ уэрэд, икlи пасэрей мэкъамэжьхэр зэщlикъуэурэ ар цlыхубэм я пащхьэм кърелъхьэ.  А лэжьыгъэхэм къриубыдэу 1000-м щІигъу адыгэ мэкъамэжь, 100-м щlигъу уэрэдыжьрэ гъыбзэжьрэ, lэджэ хъыбарыжь, псэлъэжь, lуэрыІуатэжь зэхуихьэсыжащ.

ЗэрыщІалэ лъандэрэ дэнэ къалэ щыпсэуами, абы щыlэ Адыгэ Хасэхэм щылэжьащ. Цlыхухэм адыгэбзэ тхэкlэ еджэкlэ яригъэщІащ. Хасэ щхьэхуэхэм адыгэ уэрэд, адыгэ къафэ ягъэзащlэу гуп lэджэ къызэригъэпэщащ.

Къайсери къалэм къыщызэригъэпэща цlыху 40 хъу адыгэ къафэ, адыгэ уэрэд зыгъэзащlэ гупыр, Тыркум щыпсэ адыгэхэм я цlэкІэ, I992 гъэм Налшык къалэм щекlуэкІа Япэ Дунепсо Адыгэ Фестивалым хэтащ. Иджыпсту Дунейпсо Адыгэ Хасэм и унафэщl гупми яхэт Къущхьэ Догъан, Истанбул къалэ щопсэур, металлым зэрелэжь lэмэпсымэхэр хамэ къэрал къришыурэ Тыркум щищэу апхуэдэ лэжьыгъи иIэщ.

Емуз Баязыт, Хуитыныгъэ Радио, Тюркие