Дунейм тет Адыгэу хъуар ди хэкужьым дыщызэхуэсыжын хуейщ


Адыгэр хэхэс зэрыхъурэ илъэс I5I-рэ щыхъум ирихьэлIэу Тыркум щыIэ Адыгэ зэгухьэныгъэхэм я нэхъыщхьэ, Каффед зи фIэщыгъэцIэ Адыгэ зэгухьэныгъэм къызэригъэпэща Адыгэ гупышхуэр, Накъыгъэм и 2I-м ирихьэлIэу цIыху I20-м щIигъуу я хэкужь Кавказым щыхьэщIахэщ. 

Гупым хэтахэм я нэхъыбэр иджы япэу я хэкум кIуэжу арат. Ар пэжу я хэкуу къащыхъуа, е турист хуэдэу къаплъыхьу къэкIуэжа? 

Мис апхуэдэ упщIэхэмкIэ Хуитыныгъэ радиом къедгъэпсэлъащ, гупым и пашэу ягъусэу кIуа, Каффед Адыгэ зэгухьэныгъэм и лэжьакIуэ Емуз Аттила Мутлу. 

Хуитыныгъэ радио: Мутлу уи хэкужьым япэ укIуэжауэ аращ, цIыху I20-м щIигъу фызэгъусэу хэкужьым деж щыгъуэщIэж махуэми фыхэтащ. Япэ и хэкужь згъэзэжахэм сыт фи нэгу щIэкIа, сыт къыджепIэнт абы теухуауэ? 

Емуз Атилла Мутлу: Тыркум дыщежьэри цIыху I20-м щIигъу автобуситI из дыхъури гъуэгуанэ гугъу зэпыдупщIыри ди хэкужьым дынэсащ. Ди хэкум дыщихьэну щIыгъунапкъэм Хэкум и лIыкIуэхэр къытпежьахэри, гуапэу дырагъэблэгъащ. Ди нэпс къекIуэу, IэплIэ гуапэкIэ дызэхэхьэжащ, ди адэ анэ даIущIа хуэдэу гуфIэгъуэшхуэ ди нэгу щIэкIащ. Налшык дынэсыри университетым дырагъэблэгъащ, абдеж програм ягъэзэщIащ. Университетым и ректор, и лэжьакIуэхэр еджакIуэхэр псори щыIэт, дагъэлъэпIащ, ди гуапэ хъуащ. Къуажэхэм дашащ. Ди нэр къижыу, жей жыхуэпIэр дигу къэмыкIыжу, сыт тлъагъуми тфIэдахэу апхуэдэу дыщыIащ а зэман мащIэм. Хэкум дыщыщыIа махуищым Къэбэрдей бэлъкъэрым къинэмыщI Къэращей Черкессым, Адыгейми дыкIуащ, Сирие къикIахэм хуаухуа, зыщыпсэу къуажэми дыщыIащ. Хэкужьым сыт хуэдэ и хэгъуэгум дамышами, дымыкIуами ди нэпс къекIуэу IэплIэ зыхуэтщIу гуапэу дыщыIащ, апхуэдэу дигур абыкIэ къэнауэ дыкъэкIуэжащ. Иджыпсту ди гъусэу нэкIуахэми нэгъуэщIхэми псоми жаIэр, ‘ди хэкум дымыгъэзэжыну Iэмал иIэкъым’ жэуэ. Дигъуса еджакIуэхэм щыщ зы бжанэм Тыркум къызэрысыжу я хэкум зэрагъэзэжыну, абы зэрыщеджэну Iуэхухэм щIадзауэ абы йолэжь, документхэр ягъэхьэзыр. А зэман тIэкIум нэхъыбэу гу зылъыстар жысIэну сыхуейт, ар экономика илъэныкъуэкIэ, мес Налшык а уэрам дахэхэм ирикъун хуэдиз щэхуапIэ тыкуэн дахэхэр теткъым,нэгъуэщIхэри жыпIэфынущ. Мис апхуэдэхэр абы тхьыфын хуейщ, дызэдэлэжьэн хуейщ. АбыкIэ щыIэ ди къуэшхэм ар къащхьэпэну къысщохъу. АбыкIэ щыIэри мыбыкIэ щыIэхэри дэ ды зы лъэпкъщ, дызыкъуэту, дызэдэлажьэу дышытын хуейщ. 

Хуитыныгъэ радио: Хэкум фыкъикIыжа нэужь фи гупщысэхэм зихъуэжа, хэкум дгъэзэжарэт жыфIэрэ? 

Емуз Атилла Мутлу: Сэрдыдэм хэкур зэрыслъагъу лъандэрэ сымыкIуэжыну Iэмал иIэкъым жызоIэ. Ди гъусахэми псоми жаIэр аращ. Апхуэдизу дахэдыдэу къытпыкъуэкIыну дигугъакъым жаIэр. Хэкури апхуэдабзэу ягу ирихьащ псоми. Министрхэр дигъусэу, дэнэ дыкIуэнуми дашэу, апхуэдэу дагъэлъэпIащ. Псоми фIыщIэ гуапэ яхузощI. Хэкум щыIэу къытхэта хъыбарыбэ Iэмалхэм хэхауэ фIыщIэ гуапэ яхузощI, ди макъыр дунейпсом зэхырагъэхащ, гугъу къыддехьахэщ. ДияпэкIэ Iэмал имыIэу нэхъ дызэрыщIэну, дызэкIэлъыкIуэну псалъэ зэттащ, хэкум дгъэзэжым я гуапэу къыджаIащ, дэри ар дифIэщ хъуащ, ягум къыбгъэдэкIыу къыджаIащ. Дунейм тет Адыгэу хъуар ди хэкужьым дыщызэхуэсыжын хуейщ, абы псори дихуэнущ, икIи дыщыпсэуфыну къысщохъу, Iейуэ сфIэдахэ хъуащ.

Сыт хуэдизу ди хэкур дахэт, дыкIуэжынут жаIэми куэдыр абы егъэгупщысэ, гъащIэ пэжыр нэгъуэщIуу щытщ, дгъэзэжым ди хэкудыдэм иджыри хэхэс дыщыхъунупIэрэ жаIэри. 

Емуз Баязыт, Хуитыныгъэ радио, Тюркие





Емуз Аттила Мутлу. Тыркум щыIэ Джылахъстэней жылагъуэм щыщ, Анкара къалэ.