Адыгэ Хэкум зыгъэзэжа хэхэсхэр лэжьапIэкIэ дауэ хъурэ?

Хэхэс адыгэу зи хэку згъэзэжхэм тыншу лэжьапIэ ягъуэтрэ, унэ лъапсэ къащэхуну хуит? Мис апхуэдэ упщIэхэмкIэ Хуитыныгъэ Радиом къедгъэпсэлъащ, илъэс 25 лъандэрэ Адыгэ Республикам зыгъэзэжа, Тыркум къыщалъхуа Шэуджэн Бурхьан.

Шэуджэн Бурхьан: Сэ хэкум сыкъызэрыкIуэжрэ илъэс 25 мэхъу.  Хэкум бгъэзэжынумэ зы IэщIагъэ уиIэмэ лэжьапIэ тыншу бгъуэтынущ хэкум деж, ауэ уимыIэмэ къиинщ. Апхуэдэу зыгъэзэжахэр нэхъыбэу йолэжь унэ ухуэныгъэм, мэкъумэшым, былым Iуэхум, Iэщ хъумэны, серэ, теплицэ Iуэху, машынэ къутахэр щIыжын, итIанэ тыкуэн Iуэху н. къ.

Мазэм ахэм къалэжь курыту къапщтэмэ доллэр 300-400 хуэдиз. Хэкум зыгъэзэжахэм нэхъыбэм унэ яIэщ, къащэхухэр, унэ къэпщэхуну, щIыгу къэпщэхуну ухуитщ. Ухуеймэ МафIэ хьэблэ жыхуиIэ щIыпIэм щIыгу къыщыпщэхуфынущ. Иджыри нэщI хъуауэ жылагъуэхэр щыIэщ урысхэр дэкIыжауэ. Ухуеймэ мис а жылэм и тхьэмадэм деж укIуэмэ уасэ щIомыту щIыгу къуатынущ. Унэ пщIынумэ, хадэхэкI бгъэкIынумэ уасэ щIомыту къуатынущ. Сэ Мейкъуапэ километр 26-кIэ пэблагъэу зы жылэ сыкIуэри зэбгъузэнатIэу щIыгу метрэ 4.000 къызатащ, абдеж хадэхэкI щызгъэкIыну зэрыщытым щхьэкIэ.


lуэхугъуэм теухуауэ и гупщысэхэмкIэ доупщI Къэбэрдей- Балъкъэрым куэд щIауэ зыгъэзэжа, Налшык щыпсэу, лъэпкъ лэжьакIуэ, Дзыбэ Фатихь.

Дзыбэ Фатихь: Хэкужьым зыгъэзэжа щIалэгъуалэм нэхъыбэр студентщ, ахэр гупищ мэхъу, зы гупыр мыбдеж еджэн къаухым Тыркум кIуэжыну апхуэдэщ.

ЕтIуанэ гупыр хэкум къэкIуэжыпэу, къэIэпхъуэжу аращ. Ауэ ахэм Тыркум щыIэ я лэжьыгъэ стандартхэр мыбдеж щагъуэткъым, абы щхьэкIэ языныкъуэхэр къалэ нэхъ инхэм макIуэ.

Ещанэ гупри сэ схуэдэхэращ, нэхъыбэм зыхуей лэжьыгъэр ягъуэткъым пэжыр жысIэнщи. Техник IуэхухэмкIэ лажьэхэм нэхъ ягъуэт лэжьыгъэ. Къэрал лэжьапIэхэм щылажьэну хуейхэми лэжьапIэ ягъуэткъым. Езым я бизнес ящIэжхэр, апхуэдэхэм йолэжь.


Зи хэку зыгъэзэжахэм зэрыжаIэмкIэ, Тыркум нэхърэ лэжьапIэ, социал гъащIэ и лъэныкъуэкIэ хэкум ущыпсэуну нэхъ гугъущ ауэ мыр ди хэкущ, жаIэри арэзыуэ мэпсэухэр.

Емуз Баязыт, Хуитыныгъэ Радио, Къэбэрдей-Балъкъэр Налшыч