Дыгъуасэрэ вэсэмахуэрэ Налшык къалэ концерт щитащ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Адыгеймрэ щIыхь зиIэ я артист Быщт (Бещтокъуэ) Азэмэт.
Сыт щыгъуи хуэдэу цIыхушхуэ зэкIуэлIа пшыхьхэр гукъинэж зэрыхъуам шэч хэлъкъым. Быщт Азэмэт уэрэджыIакIуэ щхьэкIэ, къэфэнри мынэхъ мащIэу зригъэхъулIэу, лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэр игъэIэкIуэлъакIуэу утыку зэритым абы и творчествэм дихьэххэр нэхъыбэж ещI.
Быщтым игъэзэщIащ ар зэрыцIэрыIуэ уэрэдхэри щIэхэм щыщхэри. Къыхэгъэщыпхъэщ езым уэрэд зэритхыр. Концертым хэтащ уэрэджыIакIуэм и ныбжьэгъу, Осетие Ищхъэрэ-Аланиемрэ Осетие Ипщэмрэ я цIыхубэ артист, пшынауэ Iэзэ Дзуцев Сослъэн.
КЪАНЩАУЭ Мэлычыпхъу