Къэбэрдей-Балъкъэрым Тыркум къикIыжауэ щыIэ адыгэхэр Хэкум ирагъэкIыжын щIадзэ


Къэбэрдей-Балъкъэрым Тыркум къикIыжауэ щыIэ адыгэхэр Хэкум ирагъэкIыжын щIадзащ. 

Апхуэдэу дэс цIыхухэм Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэр къыхуагъуэтурэ ящохьэ, Iуэхум къыхыхьэн хуэмея Iуэхыгъуэхэр къыхагъэзэрыхь. 

Ахэр унэхун хуэихакъым къэралхэм ипэкIэ жаIар ягъэзащIэу щытамэ. 

А IуэхугъуэмкIэ Хуитыныгъэ радио «Жьэгу» зэгухьэныгъэм хэт Мулэ Валерэ зыхуигъэзащ: 

- Урысей къэралыгъуэмрэ Тырку къэралыгъуэмрэ зыщыхьамэ, ар дунейпсо политикэщ, ауэ дэ абы зыри ди Iуэху хэлъкъым, ар къытлъэIэсын хуейкъым. Дэ зэран дымыхъуу, лъэпкъхэм я Iуэху нэхъыфI зэрищIыжын хэтын хуейуэ аращ къэралыр.  Абы теухуауэ къежьа Iуэхущ ар. 

Тыркум къикIыжа унагъуэхэр зыри къамыгъанэу щIащыкIа. А Iуэхур къызэрежьари куэд щIакъым къызэрытщIэрэ. Езыхэм дыщIэупщIэри къэтщIауэ аращ. ЦIыху бжыгъэм я тхылъымпIэхэр онулировать ящIа. 

А Iуэхур къыщежьар МэзкукIэщ, ауэ ди республикэ Iэтащхьэми, и къуэдзэхэми ямыщIэу къекIуэкIкъым. 

Мы цIыхухэр Тыркум къикIыжами, тыркукъым, адыгэщ. Ар ди Iэтащхьэхэм жаIэн хуейщ. Апхуэдэурэ кIэмэ, нэхъыбэ хъуурэ цIыхур ирахунущ, дэ тхэщIыну аращ. 

Мы Iуэхум теухуауэ дытхэну яужь дитщ, суд Iуэхури хэдгъыхьэу. ИрагъэкIыжыным зэман мащIэщ иIэжыр, Iуэхур псынщIэу зыфIэгъэкIын хуейщ. 

Апхуэдэу, Iуэхур нэхъыбэу къызылъэIэсар зэман пропискэкIэ псэу цIыхухэращ. Апхуэдэ цIыху ягъэкIуэжыну зи яужь ихьар цIыху 26 мэхъу. Абы Iэмалу къыхуагъуэтар ахэр зыщыпсэумрэ тхылъымпIэм зыщыпсэуу итымрэ зэрызытемыхуэр аращ. Ари, ахэр Хэкум ирагъэкIыжу Тыркум ягъэкIуэжыным папщIэкIэ нэхъ псынщIэ щызыщIыну суд Iэмалри хагъэхьэну хуейщ. 

АдэкIэ Хуитыныгъэ Радиом Тыркум къикIыжауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу Бабыгу Эргун зыхуигъэзащ: 

- Къэралхэм я зэхуаку Iуэху къекIуэкIым щхьэкIэ дэри къытлъэIэсащ. ЦIыху 26 я тхылъымпIэхэр онулировать ящIащ. Абы теухуауэ дытхащ, хасэхэми жетIащ. Сэбэп хъунуи жаIащ. Суд IуэхукIэ зэфIагъэкIын яужь ит хуэдэу. ИпэкIэ тэмэму щытащ, лэжьапIэ яIэмэ. Мы Iуэхур ипэм, участковэращ къакIуэу къыщежьари, зыгуэрхэр цIыхум къыжраIэу, кърапэсу, фытыркущ жаIэу. 

Дэ дыадыгэщ, жытIэурэ дешащ. ДыкъэкIуэжауэ, уи щIыгум къытытеувэжауэ аращ. Нобэ паспорт къыдатмэ, ноби тырку паспортыр еттыжынт. Ауэ паспорт Iуэхур кIыхьщ, илъэсийм нос. 

Тыркум къикI псори фIыуэ жыдмыIэ, щыуагъэ зыбгъэдэлъи яхэт хъун, ауэ иджыпсту мыбыхэм яхэткъым апхуэдэ. Ди Хэку жытIэри дыкъэкIуэжа, гъащIэр зытеткъутэри. 

ЦIыхур Хэку къешэлъэжын хуейщ. УрысеймкIэ ямыщIэми, мыбыкIэ ащIэ цIыхум дызэрыадыгэр. Ауэ зыхащIыкIкъым. Ар къыдохьлъэкI, ди жагъуэ мэхъу. ЦIыхухэр, зыщыпсэумрэ тхылъымпIэм зыщыпсэуу итымрэ зытемыхуэу, Урысейм куэд исщ. Псом хуэмыдэу зи Iуэхур апхуэдабзэу щытыр Украинэм къикIауэ псэу цIыхухэращ. Ауэ абы я гугъу зыми къащIкъым. Абыхэм я бжыгъэр куэдкIэ нэхъыбэ мэхъу.  Адыгэ Тыркум къикIыжахэм я Iуэхур зыкIи пыщIауэ щытын хуейкъым Урысейм зэманкIэ псэуну къихьа цIыхухэм. Къэрал хабзэм тету, ахэр Хэкум исхэм палъытэн хуейщ икIи апхуэдэу щыхъукIэ здыщIэсынри ахэр зыхуей хуэзыгъэзэн хуейри езы къэрал дыдэращ. 

Ауэ Iуэхур къызэрекIуэкIымкIэ, а къэрал хабзэр Ищхъэрэ Кавказ республикэхэм щылажьэркъым, езы къэрал унафэщIхэм зэрагъэувэжамкIэ. Аращи, Хэкум къихьэжахэм нэгъуэщI Iэмал къагъуэтын хуей мэхъу, нэгъуэщI къэрал хабзэм декIу IэмалхэмкIэ Хэкум изэгъэн папщIэ. Ауэ апхуэдэ Iэмалми къэрал унафэщIхэм езым и Iэмал къыхуагупсысыжри, Хэкур зызейхэр ирагъэкIын яужь йохьэ. А Iуэхум теухуауэ Тыркум щыIэ Кавказ зэгухьэныгъэхэм я федерацием конгресс ирагъэкIуэкIыну яужь итщ. 

Къэбэрдей-Балъкъэр. Хуитыныгъэ радио. Дыгъэ Дахэжан