Молэ Башар
Тыркум икIыжу зи тхыдэ хэкум, Ищхъэрэ Кавказым, зыгъэзэжа адыгэхэр гугъуехь лейхэм пэщIохуэ Мэзкуурэ Анкъэрарэ я зэхущытыкIэр зэрызэIыхьэ лъандэрэ.
Хуитыныгъэ Радиом и хъыбархэм зэрыхэтащи, Къэбэрдей-Балъкъэрыр псэупIэ зыхуэхъуа адыгэхэм иужьрей махуэхэм тхыгъэхэр яIэрохьэ щIыпIэ федерал миграцэ къулыкъум къыбгъэдэкIыу, абы итщ абдеж щыпсэуну ирата хуитыныгъэр якъутэжу. Абы иужь дауи визэншэу Урысейм ахэр къинэфынукъым.
Ар иджыри адыгэхэр я тхыдэ хэкум зэрарыху къыкIэлъыкIуэ Iыхьэщ, жаIэ лъэпкъ бэдаущ Iуэхузехьэхэм.
Урысеймрэ Тыркумрэ я зэхущытыкIэр зэIыхьащ нэгъабэ щакIуэгъуэм щыщIэдзауэ. Сирие гъунапкъэм и гъунэгъуу Тыркум урысей лагъымыдзыр къриудыха нэужь. Анкъэрам трегъэчыныхь урысейм тыркум и хьэуа гъунапкъэр икъутауэ. Мэзкуум ар имыдэу тыркум хуэгъэза санкцэхэр къигъэщIащ. Санкцэхэр ялъэIэсащ гъащIэм и сыт хуэдэ лъэныкъуэми. А щытыкIэр яжьэхэуащ адыгэхэми.
ИлъэсищэкIэ екIуэкIа урыс-адыгэ зауэм ипкъ иту Уэсмэн Империем Iэпхъуэн къыхудэхуащ лъэпкъым и нэхъыбапIэм.
Иджыпсту адыгэхэр щопсэу къэрал щэныкъуэм щIигъум. Нэхъыбэ дыдэ здисыр Тыркуращ. Лъэпкъ бэдаущ Iуэхузехьэхэм а бжыгъэр зэхуэмыдэу къат - мелуанищым щыщIэдазуэ мелуанитхум нэсу, уеблэмэ, мелуанибли жаIэ. Тыркум къыщыхъуа адыгэхэм иужьрей илъэс тIощIрэ ягъэзэж я адэжь хэкум Ищхъэрэ Кавказым. Ахэр куэд хъукъым.
Молэ Башар къыздэхъуар Тыркуращ, ауэ ар еджапIэ къэкIуау илъэсиплI хъуауэ Къэбэрдей Балъкъэрым щыIэщ, экономикэ IэщIагъэм хуоджэри. Абы Хуитыныгъэ Радиом къызэрыжриIэмкIэ, ахэм ящыщхэр визэкIэ гугъу йохь, абы пэмыщIу федерал шынагъуэншагъэ къулыкъухэми я нэIэ щIэтщ.
Молэ Башар: Дэфтэр Iуэху гуэрхэр сиIэти сыкъэкIуащ, сыкъыщыкIуэм фсб сыкъапщытащ. Дэнэ уздэкIуэр, дэнэ ущеджэр, сыт хуэдэ IэщIагъэ узыхуеджэр, уи тырку телефоныр, уи адэ-анэм я цIэ унэцIэр. Мис апхуэдэ упщIэххр къызатащ. ДэфтэркIэ общежитем сыщыпсэууэ ятхат ауэ сэ фэтэр сыщIэсти, ди унэ фсб къакIуэри, упщIэ зыкъомымкIэ къызэупщIахэщ. Си къуэш си шыпхъухэр хэкум къэкIуэну хуейхэт, ауэ мы къэхъуам щхьэкIэ гъуэгу яIэкъым. Мы визэ Iуэхур куэду проблемэщ тыркум дэс адыгэхэмрэ, хэкум исхэмрэ дежкIэ.
Урысеймрэ Тыркумрэ я зэхущытыкIэр зэIыхьащ нэгъабэ щакIуэгъуэм щыщIэдзауэ. Сирие гъунапкъэм и гъунэгъуу Тыркум урысей лагъымыдзыр къриудыха нэужь. Анкъэрам трегъэчыныхь урысейм тыркум и хьэуа гъунапкъэр икъутауэ. Мэзкуум ар имыдэу тыркум хуэгъэза санкцэхэр къигъэщIащ. Санкцэхэр ялъэIэсащ гъащIэм и сыт хуэдэ лъэныкъуэми. А щытыкIэр яжьэхэуащ адыгэхэми.
ИлъэсищэкIэ екIуэкIа урыс-адыгэ зауэм ипкъ иту Уэсмэн Империем Iэпхъуэн къыхудэхуащ лъэпкъым и нэхъыбапIэм.
Иджыпсту адыгэхэр щопсэу къэрал щэныкъуэм щIигъум. Нэхъыбэ дыдэ здисыр Тыркуращ. Лъэпкъ бэдаущ Iуэхузехьэхэм а бжыгъэр зэхуэмыдэу къат - мелуанищым щыщIэдазуэ мелуанитхум нэсу, уеблэмэ, мелуанибли жаIэ. Тыркум къыщыхъуа адыгэхэм иужьрей илъэсхэм ягъэзэж я адэжь хэкум Ищхъэрэ Кавказым. Ахэр куэд хъукъым.
Дыжьын Иннэ. Хуитыныгъэ Радио. Къэбэрдей Балъкъэр