Е 14 нэ гимназием гъатхэ пежьэ гъэлъэгъуэныгъэр яублащ


Налшыч дэт е 14 – нэ гимназием щеджэ сабийхэм, дызытехьэну гъатхэм папщIэ гъэлъэгъуэныгъэ ирагъэкIуэкIащ. Зыхуэсыр гъэнщIауэ щытащ усэкIэ, уэрэдкIэ, хъуэхъукIэ. Iуэхугъуэм теухуауэ Хуитыныгъэ радиом зыхуегъазэ зыхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ, еI4-нэ гимназием адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэ Багъ Марьм. 

Багъ Марьям: Дызэрыт мазэр адыгэбзэм тегъэпсау, декадэкIэ дызэджэм хуэду ди еджапIэм щыдогъэкIуэкI. Абы икъ иткIэ ди егъэджакIуэхэм псоми дерс зэрыз ятащ. КъинэмыщIауэ къызэщIэткъуэжри мазэм икIэм мис мыпхуэдэ гъэлъэгъуэныгъэ теплъэхэр къызэдгъэпэщащ. Ди лэжьыгъэр нэхъыбэу зытегъэпсар гъэтхэрщ. ЕдгъэкIуэкIами и фIэщыгъэцIэу фIэтщар «Гъатхэ пежьэ»щ. Адыгэм гъатхэм вэн-сэным зэрызыхуигъэхьэзырыр. Хьэблэр, жылэр зыхыхьэрэ цIыхухъухэр губгъуэм дэкIыу, цIыкIухэри я адэхэм дэIэпыкъуу. ЦIыхубзхэм гъубгъуэм дэкIхэм гъуэмылэхэр хуагъэхьэзыру зэрыщытам теухуауэ теплъэгъуэхэр кIэщI – кIэщIыурэ къэдгъэлъэгъуащ. Мыбы егъэджакIуэ щIалэ,егъэджакIуэ нэхъыжь жыдмыIэу щхьэж хузыфIэкIыр хилъхьащ. 

Хуитыныгъэ радио: Евгъаджэ ныбжьыщIэхэм адыгэбзэр, адыгэ хабзэр ипэкIэ ягъэкIуэтэну хущIэкъурэ хьэмэ, къафIэмыIуэхурэ. 

Багъ Марьям: Къалэдэс сабийхэм я Iуэхур нэхъ гугъущ, къуажэдэс сабийхэм нэхъ. Къалэдэсхэм адыгэбзэм, адыгэ литературэм, адыгэ хабзэм хащIыкIыр мащIэщ. Ауэ анэшхуэ адэшхуэ зигъусэхэм фIыдыду хащIыкI. Нэхъыжри нэхъыщIэри ящIэ, нэмыси яхэлъщ, япэ игъэщыпхъэри зэрагъэзэхуэф. ЕджапIэм къекIуалIэ сабийм я нэхъыбэ адэ-анэр лэжьапIэ Iуту, я сабийр, сабий сабым щыIэу апхуэдэхэщ. Мис абы ипкъ иткIэ сабийхэм я бзэр урысыбзэм нэхъ тегъэшыпсыхьа хъуащ. Аращи дэ зэрытхузыфIэкIкIэ зэрыдедгъэхьэхын, IэмалыщIэхэр къызэрыдгупсысынум дыхущIокъу. Псалъэм папщIэ, зэредгъэщIэнум дыхэтщ: ФIэхъус зэрах жытIэми, тхьэшхуэгухьэж жытIэми, гъатхэ пежьэ жытIэми, адыгэбзэм и махуэ жытIэми. Мис апхуэдэ зэIущIэхэм нэхъыбэ къызэрыхэтшэнум иужь дитщ. Апхуэдэ Iуэхугъуэхэр сабийхэм ящымыгъупщэжу ягум къонэ еджапIэм щIэкIа иужьи. 

Хуитыныгъэ радио: Мыпхуэдэ Iуэхугъуэхэм деж, адэ-анэхэр къыфпэджэжу щыт? 

Багъ Марьям: Адэ-анэхэр хуабжьу къыддоIэпыкъу, я сабийхэм хуабжьу къакIылъоплъ. Мис ноби адэ-анэхэри кърихьэлIащ. Ауэ адыгэбзэ и лъэныкъуэкIэ езы адэ- анэхэм адыгэбзэ фIыуэ ящIэкъыми, мис абы щхьэкIэ гугъу йохьхэ. Къапщтэмэ мис иджы къэкIуэну щIэблэм адыгэбзэ нэхъыфIу ящIэ, ипэ итхэм нэхъ. Нэхъ гу зылъыстэращи, нэхъ адыгэбзэ яфIэфIу, нэхъ адыгэпсэу щытхэщ. УпщIэ зыбжанэхэмкIи зыкъытхуагъазэр. Мис ар узыщыгуфIыкI хъуну Iуэхухэм ящыщщ. 

Хуитыныгъэ радиом къепсэлъа Багъ Марьм зэрыжиIэмкIэ, къалэдэс сабийхэм анэдэлъхубзэр яIэщIэхуу хуежьами, Iэмал зэрызыхэхэр къэдгъэсэбэпурэ бзэр ипэкIэ зэрыдгъэкIуэтэнум иужь дитщ. 

Дыжьын Иннэ. Хуитыныгъэ радио. Къэбэрдей Балъкъэр