Тыркум ит Адыгэ къуажэу Хэкужь хьэблэ (Каргалык)


Адыгэхэр дэнэ щыпlэ щымыпсэуми я щэнхабзэ гуэрэхэр иджыри къатощ. Нобэр къыздэсым Адыгэшым пыщlа Адыгэхэм уахуэзэнущ Тыркум деж. 

АдыгэзащIэ фlэкl щымыпсэууэ, къуажэ хабзэхэр зэрыхъукIэ иджыри ягъэзащlэу Адыгэ къуажэхэри щыlэхэщ. Мис апхуэдэ къуажэхэм щыщ ТыркубзэкIэ “Каргалык” зи фIэщыгъэцIэ, АдыгэбзэкIэ и фIэщыгъэцIэр я хэкужьым къыздырахауэ “Хэкужь хьэблэ” жыхуиIэ Тыркум и Йозгат къалэ хиыубыдэ Адыгэ- Шапсыгъ къуажэм и нэхъыжьхэм щыщ, КIакIыхъу lэдэм Хуитыныгъэ радиом къедгъэпсэлъащ. ИкIи я къуажэм теухуауэ упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ. 

Кlакlыхъу lэдэм: Йозгат къалэм адыгэ къуажэу 20 исщ. Дэ ди къуажэм ицIэр “Адыгэ хэкужь хьэблэ” Ди къуажэ унагъуэ 50 дэсщ, цIыху 250 ярысщ. Ди къуажэм и псоукIэр – губгъуэ, мэщ долэжь, былым дохъу губгъуэм - нартыху, джэнш хыдолъхьэ, дыгъэгъазэ (сэхуран) хыдолъхьэ, жэгундэ, кIэртIоф, бжын, губгъуэм ахэр хыдолъхьэ. Былыму зетхуэр: жэм, гуу, мэл. 

Шым кIымахуэм щакIуэ дырикIуэн щхьэкIэ шы диIэ. Адыгэм шы имыIуэу, ипэрей Адыгэхэр псэууэ шытакъым. Дунейм янэхъыфIу шым тесу шытауэ жиIэр Адыгэхэращ. Ди къуажэм и псэукIэр мыращ. 

Хуитыныгъэ радио: Фи къуажэ дэс унэцIэхэр къыджепIам арат, зи благъэ къэзылъыхъуэжхэмкIи щхьэпэ хъунут? 

Кlакlыхъу lэдэм: Ди къуажэм унагъуэцIэ дэсыр I0 мэхъу. Мы пщыр: Хьэгъур, КIакIыхъу, Хьэтхы, Шоуджэн, КъокIас, Хъущты, Нэпсэу, ХъутIыжь, Зэпшы, АцIумыжь. 

Хэкужь хьэблэ щыщ КIакIыхъу Хьэкъы зэрыжиIэмкIэ я къуажэм къыдэкIащ еджагъэшхуэхэр, къулыкъу лъагэ зыIыгъ АдыгэлIхэри. 

Емуз Баязыт, Хуитыныгъэ радио, Тюркие