Черкес Мухьэмэд: «Адыгэ Хасэр - Черкес Парламентыр» зэхуащIыну щIыхуейм политикэ Iуэхури хэтщ


Хуитыныгъэ радио: Мухьэмэд, япэрауэ, нобэкIэ Къэрэшей-Шэрджэсым и Адыгэ Хасэм сыт  и Iуэхур зытетыр? Къыфпэщылъ хеящIэм даурэ зыхуэвгъэхьэзыррэ?  

Шэрджэс Мухьэмэд: Урысей хабзэм ипкъ иткIэ ди зекIуэныр абы тедухуэжыну  догъэпсыр. Урысейм и хабзэхэм къыхалъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм укIэлъыплъын хуейщ. Ди хасэ хабзэм а псори и чэзууэ хэплъхьэни хуейщ. Къытпалъхьахэр мы мазэ къэтэджым и 7-м нэгъунэ зэдгъэзэхуэжын хуейуэ пIалъэ къытхуагъэуващ. 

Хуитыныгъэ радио: Даурэ къыпщыхъурэ Хасэр зэхуащIыну щIыхуейм и щхьэусыгъуэр  фи дэфтэрхэр зэрмытэрэзыра, е политикэ Iуэхури абы хэт? 

Шэрджэс Мухьэмэд: Пэжым ухуеймэ мыр къыщIежьар политикэ Iуэху хэтщи аращ. ЖызоIэри, дэ къытпалъхьэхэр дгъэзащIэурэ дыкIуэри, псори щыдгъэзащIэм иджы  тхылъымпIэ нэщIхэри къыкъуэкIащ. 

Хуитыныгъэ радио: Пэжу гъэщIэгъуэнщ, Минюстым ебгъэхьа дэфтэрхэр тхылъымпIэ къабзэу къызэрщIэкIар? 

Шэрджэс Мухьэмэд: Ар зэредгъэхьамкIэ щыхьэт тхылъхэри диIэщ. Пэжу жыпIэмэ, абы дытепсэлъыхьыжкъым. НобэкIэ езыхэми я щыуагъэхэр къагурыIуэжауэ, дэри ди щыуагъэхэр къыдгурыIуэжауэ лъэныкъуитIми ди Iуэхухэр зэрызэдгъэзахуэжыным иужь дитщ. Ауэ а ящIар шэч хэлъкъым хьэдагъуэ дахэт.  

Хуитыныгъэ радио: Мухьэмэд, сэ зэрысщIэмкIэ мы Iуэхур къыщежьар иджыкъым, атIэ куэд щIа Хасэм и лэжьыгъэр щIэплъыкIын зэрыщIадзэрэ? 

Шэрджэс Мухьэмэд: Ди Iуэхур нэгъбэ лъандэрэ, съездым дымыкIуэ щIыкIэ жыпIэу къежьащ.  Щхьэусыгъуэ куэд иIэт абы ауэ нэхъыщхьэу сэ къызэрысщыхъур  Iуэху дызыхэтхэр къэралми фIэкъабылтэкъым, сэри сытрагъэкIмэ яфIэфIт, хасэм и «жьэр» тIэкIу иубыдми яфIэфIт. АрщхьэкIэ зэхуэсри дэ дызэрыхуейм хуэдэу екIуэкIа, сэри тхьэмадэу сыхахыжащ, а зэхуэсым хэтахэм къэралым ныкъусаныгъэ далъагъухэр жаIащ. Ар яфIэфIакъым. Абы лъандэрэ лъэпощхьэпохэм дахэтурэ, иджы хьэкум пащхьэм дырагъэуващ. Мыбы куэдым я хъуэпсапIэр зэтехуа. Мэзкууми фIэфIыщэтэкъым Дунейпсо зэхыхьэныгъэхэм я дежми ди Хасэм хилъхьэ Iуэхухэр. Шэч хэлъкъым Дунейпсо Адыгэ Хасэм и хасащхьэ тетхэми я гум ирихькъым дэ жытIэхэр. 

Хуитыныгъэ радио: Мухьэмэд, атIэ Къэрэшей-Шэрджэсым и Адыгэ Хасэр къэрал хабазащIэхэм зэхуащIыну хуейуэ хъыбар щагъэIум лъэпкъым а Iуэхур дауэ къыщыхъуа? 

Шэрджэс Мухьэмэд: Сэ сыкъэузыхъуреихь цIыхухэм нэхъ ямыщIэу япэрей гугъуехьхэр зэфIэтхыурэ дыкIуа. Ауэ мы и кIэм хьэкумым  и пащхьэм дыщихьэм щыгъуэ журналистхэм хэIущIыIу щащIым, мы Къэрэшей-Шэрджэсым и унфэщIхэр гузэвэгъуэ иригъэува. Ягугъауи къыщIэкIынтэкъым апхуэдиз цIыху къомым зыкъаIэтыну. Лъэпкъым зыкъыщихъумэжынур езым щыщ цIыхум зэран кърахыну щыхуежьэм и деж, ирырехъу ар цIыху щхьэхуэ, ирырехъу ар дэ тхуэдэу цIыхубэ зэгухьэныгъэ, ауэ абы лей къыщрахыну щыхуейм деж цIыхухэм ар ямыдэу  щызэдэувкIэ аращ лъэпкъ жыхуаIэр, аращ къэкIуэну зиIэ лъэпкъри. 

Хуитыныгъэ радио: Адыгэ Хасэр зэхуэщIыжыным теухуа хеящIэр мэлыжьыхьым и 7-м зэхэтыну трагъэпсыхьащ, атIэ сыткIэ ущыгугърэ а зэIущIэм? 

Шэрджэс Мухьэмэд: Дэ иджыпсту минюстым докIуэр, зыхуейхэр зыдогъэзэхуэж, ди гум иримыхьми зэрыжаIэм хуэдэу дощIэр. КъызэрысщыхъумкIэ хеящIэм и пащхьэм дихьэми дэ ди Iуэхури а зэрыжаIэм хуэдэу зэдгъэзэхуэжмэ Минюстри къыттегуплIэжыну къэслъытэкъым. 

Хуитыныгъэ радио: Узэрыщыгугъым хуэдэу Iуэхур мыхъумэ щэ? 

Шэрджэс Мухьэмэд: Адыгэ Хасэр зэхуащIыжмэ, пщэдей ар дыдэр зэIутхыжынущ. ШыбжийкIэ нэхъ дыузэдауэ дымыувынумэ, нэхъ сабыри дыхъунукъым апхуэдэу дызэпэувмэ. Ауэ сэ жызоIэри дэ дызэпэувыну дыхуейкъым, дэ хьэкумэтым дебэнкъым. Дэ дызыщIэбэныр ди цIыхубэр, ди адыгэр, адрей лъэпкъхэм яхуэдэу къалъытэн, адрей лъэпкъхэм къалъысыр къалъысын, ди щхьэм пщIэ зэрыхуэтщIыжыр ядгъэлъэгъуну ар къудейщ. 

Кушпэ Маринэ, Хуитыныгъэ радио, Черкесск