Сирием къикIыжа зы адыгэ унагъуэм щIы къыхуащэхунущ


КъБР-м щыIэ жылагъуэ IуэхущIакIуэ гупым Сирием къикIыжа адыгэхэм зэрыдэIэпыкъун IэмалыщIэ къырахьэжьащ. 

Ахэм 2016 гъэм хуэгъэза махуэгъэпс адыгэ ныпыр тедзауэ , адыгэ псалъэхэмкIэ гъэнщIауэ щытуэ ящэхэурэ абы къыщIэкIамкIэ Сирием къикIыжа адыгэхэм ящыщ зы унагъуэм щIапIэ къыхуащэхунууэ иужь итхэщ. 

Мыпхуэдэ хъыбарыр иджы дыдэ утыку къырилъхьащ «Кавказский узел» информ къулыкъум. 

Мы Iуэхугъуэр щырагъэкIуэкIащ УФ-м и ипщэ лъэныкъуэмикIи, Мэзкууи нэгъуэщI адыгэхэр щыпсэу къэралхэмикIи. 

Сирием къикIыжауэ КъБР-м щыпсэу адыгэ щIалэ Къат Яли къызэригъэлъагъуэмкIэ «Жэгу» жылагъуэ зэгухьэныгъэм иригъэкIуэкI мыпхудэ Iуэхугъуэхэр икъукIэ сэбэпышхуэ мэхъур иджыпсту Iуэху гугъум ихуа абы и лъэпкъэгъуэхэм я дейжкIэ.

АдэкIэ абы къызэригъэлъагъуэмкIэ мыпхуэдэ щIыкIэкIэ ахэм ахъшэ зыхуахьэсахэр яхурикъунущ зы унагъуэм щIапIэ къыхуащэхуным къыщынэмыщIа иджырикIи нэгъуэщI унагъуитIым я псэукIэхэр егъэфIакIуэнымикIи. 

АдэкIэ мы Iуэхум и къежьапIэмрэ и къекIуэкIыкIэмрэ Хуитыныгъэ радиом къыжриIащ «Жьэгу» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Къарэ Ратмир:

«А Iуэхур къыщетхьэжьам щыгъуэ занщIэу жытIащ: «Мы махуэгъэпсыр зэрытщэу ахъшэ къыщIэкIамкIэ щIы къэтщэхунурэ Сирием къикIыжа унагъуэ гуэрым унэ щищIыну щыпсэуну еттыну. Махуэгъэпс щэныр зы тхьэмахуэ хуэдэкIэ дыухынущи абыкIэ занщIэу къыщIэкI зы щIапIэ къэтщэхунущ. Мыр япэ щIыкIэ махуэгъэпсу зы I00 хуэдиз тщэри абы къыщIэкIамкIэ нэгъыбэж къыдэдгъэкIыурэ ахъшэ зыхуэтхьэсауэ аращ. Дизайныр тхуэзыщIари адыгэ щIалэ зыри и уасэр тIимыхыуэ тхуищIащ. Псори зэхэту зы мин 2 хуэдиз махуэгъэпсуэ тщIащ. Зыгуэрхэри ахъшэ къыдэзымытыфхэм яхуэдугуэшащ, зыгуэрхэри нэхъ пудуэ тщахэщ, ауэ нэхъыбэр зым сом I00 хуэдиз хуэзэу тщащ.»

Мы Iуэхугъуэм хэтхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ мы Iэмалым Сирием къикIыжа адыгэ щытыкIэ гугъум ихуахэм зэрыдэIэпыкъум къыщынэмыщIа нэгъэщI гупщысэхэри щIэлъщ. Псалъэм папщIэ ахэм къагъэлъагъуэр мы махуэгъэпсым и щIыIум тедзауэ тет адыгэ ныпым Урысейм и Кавказ Ищхъэрэм (я хэкум) щыпсэу адыгэхэм къыщынэмыщIа дунейм и къэрал куэдым щызэбгырыпхъа адыгэ псори кIи зэрызэкъуигъэувэр. 

НэхъапэIуэкIэ Хуитыныгъэ радиом утыку къырилъхьауэ щытащ Сирием къикIыжауэ КъБР-м щыпсэу унагъуэ 60-м щIигъум мыбы щыIэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ хьэрычэтыщIэ псапащIэхэмрэ я мылъкукIэрэ щIапIэрэ ун лъапсэрэ къызэрыхуащэхуар. Абы къыщынэмыщIэ мыхэм ящыщыуэ нэхъ зыхузэфIэкIхэм езыхэм унэ е фэтэр зырагъэпэщхэу щIэтIысхьэжахэщ. 

Ауэ апхуэдэ Iэмлхэр зымыгъуэтауэ иджыри къыздэсым Налщыч дэт зыгъэпсэхупIэ щхьэхуэ къэралым къимыгъэсэбэпыжхэм щIэсхэри щыIэхэщ. Мыхэм иджыпсту зэрахузэфIэкIкIэ адыгэ жылагъуэ IуэхущIакIуэхэмрэ къызэрыгуэкI хьэрычэтыщIэ псапащIэхэрэ ядоIэпыкъухэр. 

Къэбэрдей-Балъкъэр. Хуитыныгъэ радио. баркук Инал