Гъэфlэж пшыхь - Адыгэбзэ Хасэм иригъэкIуэкIа «Си анэбзэ, си адыгэбзэ…»


Адыгэбзэ Хасэм иригъэкIуэкIа «Си анэбзэ, си адыгэбзэ…» Тхыгъэ Зэпеуэм къыхэжаныкIахэм я ГъэфIэж Пшыхьыр ныщхьэбэ щызэхэтащ Налшык къалэ дэт Литературэ Унэм. Зи теплъэкIи, зи къызэгъэпэщыкIэкIи зэгущ хэщIапIэр нэхъри нэхъ зэлъыIуха хъуа къыпфIэщIт и лэжьыгъэ и щыгуфIыкIыпIэ ихуа ныбжьыщIэхэмрэ абыхэм иригушхуэ егъэджакIуэхэмрэ щыплъагъукIэ… 

Къамылыкъуэ, Къармэхьэблэ, ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ, Шэджэм-Кундетей, Тохъутэмыщей Дыгъужыкъуей, Абейкъуажэ, Болэтей адыгэ жылэжьхэм щыщ еджакIуэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ зэхуэзыша ГъэфIэж Пшыхьыр мэгъэм етIуанэу зэхуешэсыр Адыгэбзэ Хасэм. ЩIызэхуишэсри зи лэжьыгъэ нэхъыфIу къалъытахэр игъэфIэжын къудей щхьэкIэкъым, атIэ анэдэлъхубзэмкIэ гупсысэ, адыгэбзэкIэ тхэ ныбжьыщIэхэм утыку зэраIэр, пщIэ къызэралэжьыр, гулъытэ зэрахуэфащэр я фIэщ ищIынращ, нэхъри игъэгушхуэнращ.

Адыгэбзэ Хасэм и цIэкIэ къызэхуэсахэм Табыщ Мурат фIэхъус гуапэ ярихри, и псалъэм къыщыхигъэщащ адыгэбзэм гугъапIэу иIэр щIэблэр ару зэрыщытыр, абы и щыIэныгъэри абыхэм куэдкIэ зарелъытар. Гупсысэр теIунщIапIэ куэд зиIэ къэгъэщIыгъэщ: гушыIэкIи фIэщтекъузэкIи цIыху узэпсалъэм куэд гурыбгъэIуэфынущ. Ауэ псалъэм а гупсысэр кIэщIыхьэрэ айтIур зэгъэкIуауэ тхыбзэм щибгъэзэгъэжым деж, шэч хэлъкъым, бзэм зыужьыпIэ Iэмалхэр иIэ зэрыхъум. Тхыгъэр бзэм и фащэщ, ар зыгъэIэкIуэлъакIуэ лъэпкъми гугъэ щIищIын щхьэусыгъуэхэр иIэщ, жиIащ Табыщ Мурат.

«Мыхэр тхыгъэ нэхъыфIхэм хэплъытэ хъунущ» жаIэу къыхахэм я гугъу щищIым, абыхэм щыуагъэ и лъэныкъуэкIэ еплъами, уэимышхуэ КъэпщытакIуэ Гупым зэримыщIар, нэхъыщхьэу къалъытар ныбжьыщIэ цIыкIум и псалъэрэ и гупсысэрэ зэрызэхигъэзэгъэфырщ, зэрызэхиIуэнтIэфырщ, жиIащ Мурат. Дауи, псори дагъуэншэщ жыпIэфынкъым, ауэ лъэбакъуэ ча хъуащ, хэбгъэзыхьмэ, а лъэбакъуэр лъэбакъуэшхуэу къызэрыщIэкIар мыхьэнэ зиIэ ехъулIэныгъэщ.

Абы иужь ГъэфIэж Пшыхьыр щIызэхыхьа цIыкIухэр зырызыххэурэ утыкум къриджэурэ щхьэж и фIыщIэгуапэ тхылъхэр яритыжащ, фIыщIэтынкIи яхуэупсащ. Тхыгъэ Зэпеуэм къыхэжаныкIахэм къалэжьа я «пщIантIэпсри» дэтхэнэми яритыжащ.

АдэкIэ псалъэр Къып Гупсэ къыщылъысым, Адыгэбзэ Хасэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэм къыхэлажьэ еджакIуэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ гушхуэныгъэрэ фIэщхъуныгъэрэ хамэщI щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм зэрыратыр жиIащ, зэкъыкъуэувэну, зэдеIэурэ анэдэлъхубзэр нэхъри яIэтыну зэращыгугъри къыхигъэщащ.

ХьэцIыкIу Рае зэрыжиIамкIэ, ГъэфIэж Пшыхьым лъапIэ щыхъур егъэджакIуэхэращ. Сэри сыегъэджакIуэщи, сощIэ сабийм гупсысэ шэщIа хэлъу тхыгъэ зэхигъэувэу бгъэсэным Iэмалу хэлъхьэн хуейр зыхуэдизыр. Лъэпкъыбзэр зыIут IэнатIэм уеплъмэ, дыщегъэгуфIыкI Зэпеуэм хэтыну сабий гуп тегушхуэу къызэрекIуэлIам, абыхэм гупсысэкIэ хьэлэмэт зиIэ мымащIэу къазэрыхэкIым. АбыкIэ фIыщIэ зейр фэращ, егъэджакIуэхэрщ.

Сабийм гукъинэ фахуэзыщIын зэфIэкI фиIэну, пыщIа гугъуехьымрэ къыпэкIуэ лэжьапщIэ мащIэмрэ емылъытауэ лэжьыгъэм гу къабзэкIэ фыбгъэдэтрэ сабийм ягъуэт зыужьыныгъэм абы фыщигъэгуфIыкIыжыну сыфхуохъуахъуэ, иухащ и псалъэр Рае.

ХьэцIыкIу Раерэ Къып Гупсэрэ я ужькIэ езы адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэхэми ФIыщIэгуапэ тхылъхэр яритыжри, гукъыдэж зиIэм псалъэ Мурат яритащ. Апхуэдэу Шэджэм-Къундетейм щыщ Къэрмэ Мадинэ, ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ къикIа АбытIэ Сэтэней, Дыгъужьыкъуей щыщ Тату Маринэ сымэ я псалъэм щыщу гуапэт Адыгэбзэ Хасэр утыку къызэрихьэрэ я лэжьыгъэмкIэ нэхъри гушхуэу, сыт тщIэуэ сыткIэ зыкъедгъэцIыхуну жытIэу дыхъуащ, зэрыжаIэр зэхэпхыну. Мурат абыхэм нэхъыбэжкIэ зэращыгугъыр, нэхъри ирагъэфIэкIуэну зэрапэплъыр и хъухъум къыхэщу зэIущIэр зэхуищIыжащ.

ГъэфIэж Пшыхьыр ягъэдэхащ, и плъыфэри ягъэджыджащ хамэщI къикIыжу Хэкум къэзыгъэзэжа щIалэгъуалэу «Налшык» гупыр къызэзыгъэпэщахэм. Илъэсищэм щIигъукIэ IэщIыбыр я псэупIэу зи гъащIэр зыхьа ди лъэпкъэгъухэм къащIэхъуэжахэм я уэрэджыIэкIэм, я зыIыгъыкIэм, я утыку къихьэкIэ-икIыжыкIэм егъэджакIуэхэмрэ еджакIуэхэмрэ зригъэгупсысар мащIэкъым: адыгэу, адыгэну хуейхэу, я адыгэкIэми уригъэхъуапсэу апхуэдэ «Налшык» гупыр лъэныкъуэ куэдкIэ щапхъэт нобэ плъэгъунуи уедэIуэнуи.

Адыгэбзэ Хасэм къелъытэ ГъэфIэж Пшыхьыр игъуэджэ къыхэмыкIыу дахэу екIуэкIауэ, и лэжьыгъэр нэхъри зэпэщ, зэгъэуIуа хъун щхьэкIэ зэрыгъуэзэн псалъэрэ ущии зэхихауэ.

Пшыхьым къекIуэлIа дэтхэнэми фIыщIэ фхудощI!