Тхыдэр Ищхъэрэ КавказымкIэ зэрыщадж тхылъхэм зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьэнущ


Ищхъэрэ КавказымкIэ тхыдэр зэрыщадж тхылъхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн хуейуэ щыжаIэр Урысей президентым и лIыкIуэ унэ Пятигорск дэтым деж. Абдежым жылагъуэ хасэ щызыхашам деж щытепсэлъыхьащ тхыдэм еджапIэхэм зэрыщеджэ тхылъхэм. Эксперт абдежым къыщызэхуэсахэм я мурадщ комиссие щхьэхуэ яухуэну, школхэр тхыдэм зэреджэ тхылъхэр щIаджыкIыу, абы зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьэн щхьэкIэ.

Урысей тхыдэм и институтым и директор Петров Юрий зэрыжиIэмкIэ, тхыдэм пцIы куэд къыхохуэр регионым деж щатхыми, федерал купсэм деж щатхыми. Этнополитикэ къэхутэныгъэхэм и купсэм и директор, Пятигорск лингвистикэ университетым и лэжьакIуэ Аствацатурова Майя  утыку къырилъхьащ ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэр, тхылъ щIэджыкIын лъэныкъуэмкIэ. Абы зэрыжиIэмкIэ, зы тхылъ гуэрхэм зэхъуэкIыныгъэ хамылъхьэу хъунукъым, икIи чэнжэщ ар зэращIын хуейм теухуауэ къыхалъхьэн хуейщ.

Псом нэхъыбэу Урысейм и тетхэр къегъэгузавэр Урыс-Кавказ зауэжьым и тхыдэм. Кавказыр щаубыдым абы зэлымыгъэрэ лъэпкъгъэкIуэду пыщIау щытар Совет къэралыгъуэр къутэжа нэужь къыщIэщу щIадзащ, икIи илъэс Iэджэ хъуауэ ягъэву еплъыкIэр, псори лъэпкъ цIыкIухэр езыхэр хуейуэ, яфIэфIу Урысейм хыхьауэ жыхуаIэр, зэрыпцIыр къыщIэщащ, икIи иджыпсту ар зыми я фIэщ хъужкъым.

Мы жэрдэмым теухуауэ Хуитыныгъэ радиом къопсалъэр адыгэ лъэпкъым я тхыдэр кууэ щIэзыджыкI Мэш Исмел:

"Урысейм шовенизмым нэхъыри зыщиубгъуурэ макIуэр. Я тхыдэр щIэрыщIэу зыщытхъужурэ япэми ятху щытащ, ауэ иджы лъэпкъ цIыкIу Урысейм иубыдахэм я тхыдэр нэхъри зыблашу щIадзащ. Абы зэикI къэралыр фIым хуишэнукъым. Дэтхэнэ лъэпкъыми пщIэ хуащIу, пщIэрэ нэмыскIэ зыбгъэдэт лъэпкъыр аращ къэралу щытыфыныр. Мыдрейр - зэрылъалъэным и лъабжьэр къатIыжу аращ. Къэралыгъуэр зи цIэкIэ щытыр а урыс лъэпкъыр аращи,  абы урыс лъэпкъыр теунэнукъым. Мис, "История кубани" жаIэри тхылъ мин 30 хъууэ тырадзащ. Абы адыгэм теухуауэ напэкIуэцIу 5 иту аращ. Е-I3-нэ лIэщIыгъуэм нэсыхукIэ адыгэ дунейм тетауэ зыщIыпIи къыщыхэщыххэкъым. Мис, адыгэр дунейм темытыхауэ, Тмутаракань жыхуаIэри езыхэм яухуауэ, хуабжьу зыблэшауэ ятх. Адыгэр бгым къехауэ, мэзым къыщIэкIауэ ятх. ЗыщIыпIэ деж къыщыхэщыми, езы адыгэхэр урысхэм ятеуэу щытауэ, Адыгэ-Урыс зауэр абы къикIа хуэдэу, адыгэр хъунщIакIуэу. Мис а губренатор Кондратенко жыIэу теувами и инаугурация щекIуэкIым, жиIащ: "Мыбдежым щIыпIэ нэщIым дыкъитIысхьау щытат, мис мыпхуэдэу дгъэлажьэн щIэддзау аращ Кавказыжьыр",  - жиIэри".


Урысей президентым и лIыкIуэу Ищхъэрэ Кавказ федерал къуапэм щыIэ Меликов Сергей зэрыжиIэмкIэ, Ищхъэрэ КавказымкIэ щыIэщ гумэщIэгъуэ, еджапIэхэр ахъшэншэу тхылъкIэ къызырагъэпэщыным теухуауэ. Абы и псалъэм нэхъыбэу щытыригъэчыныхьащ тхылъкIэ къызэгъэпэщын лъэныкъуэмкIэ ахъшэ зэрырагъэхьыр гъэтэмэмын зэрыхуейм. Псалъэм папщIэ, тхылъыщIэхэр илъэситхум зэ къащэхуу ящIын хуейуэ жиIащ. Абы нэмыщI Меликовым жиIащ ныкъусэныгъэхэр хэлъу урысыбзэр Ищхъэрэ КавказымкIэ зэрадж щIыкIэм. Президентым и лIыкIуэм зэрыжиIэмкIэ, Урысейм ис лъэпкъхэр зы къэрал и цIыху хуэдэу зыкъалъытэжу зэращIын Iуэхугъуэм зэран хуохъу урысыбзэр тэмэму зэрызамыгъащIэр.

Нэхъ ипэIуэкIэ Хуитыныгъэ радиом и хъыбархэм къызэрыхэщащи, 20I3 гъэм Урысей президент Путин Владимир унафэ ищIау щытащ Урысейм и тхыдэр зэраджыну зы тхылъ къыдагъэкIын хуейуэ, къэралым ис лъэпкъхэм зы лъэпкъу зыкъалъытэжу хъун щхьэкIэ. "ЩапхъэхэмкIэ къэдгъэлъэгъуэн хуейщ Урысейр лъэпкъ куэдыр зыдэлажьэурэ зэращIар, хабзэхэмрэ культурэхэмрэ зыхэту. Школхэр зэреджэ тхылъхэр урысыбзэ дахэкIэ тхауэ щытын хуейщ, зэмызэгъыныгъэрэ нэмыщI еплъыкIэ къэзыгъэхъурэ хэмыту. Тхылъ псори апхуэдэущ зэрыщытын хуейр", - жиIащ президентым.

Ар, къулыкъущIэхэр къыщыпсалъэм, ящIын хуейуэ щIыщытыр Зы къэрал экзамен жаIэу школыр къыщаухым щатым, псоми упщIэ иратхэр зыщ, дэтхэнэ зы университети щIэтIысхьэну хуитыныгъэ къыретри, я щIэныгъэхэри зытехуэу щытын хуейщи арауэ жаIэр. Ауэ эксперт куэдым къыхагъэщащ абы идеолоегие лъабжьэми мыхьэнэшхуэ щиIэу зэрыщытыр. Псалъэм папщIэ Экономикэ школ нэхъыщхьэм и еджэныгъэ институтым и департамент тхьэмадэ Сидоркин Александр зэрыжиIэмкIэ, идеологие лъабжьэ щIэлъщ тхыдэм. "Идеолоегие зэмызэгъыныгъэ хэлъщ дэтхэнэ цIыхубэми, ар дэпхуэдэу унитар щытыкIэу щымытми, - жеIэр щIэныгъэлIым. - Сэ къызгурыIуэкъым Шэшэн республикэмрэ Мурманскрэ тхыдэ тхылъхэр зэхуэдэу зэращIыну щIыкIэр". Сидоркиным зэрыжиIэмкIэ, а зы тхыдэ тхылъыр щагъэхьэзырыми, узыгурыIуэну гугъу хъунущ, еплъыкIэу щыIэр апхуэдизкIэ куэд мэхъури.

Ищхъэрэ КавказымкIэ тхыдэм теухауэ зэмызэгъыныгъэу щыIэр егъэлеяу куэд мэхъу. Уеблэмэ, лъэпкъ къэс езым я тхыдэр ятхыжауэ, адрей лъэпкъхэм ятхам ар темыхуэу, къемызэгъыу щытщ. Псалъэм папщIэ, бэлъкъэрхэм ятх ахэр аланхэм къатехъукIауэ, икIи илъэс мин бжыгъэ хъуауэ Кавказым ису. Осетинхэм жаIэр "аланхэм къытехъукIар дэращ, дэ ди бзэщ абыхэм Iурылъар", - жаIэри. Ингушхэмрэ шэшэнхэмрэ ятх щIы хъурейр къызэрыхъурэ Кавказым ису, мыдрейхэр къакIуэри къитIысхьауэ. Тхыдэм теухуауэ зэмызэгъыныгъэшхуэ дэлъщ бэлъкъэрхэмрэ адыгэхэмрэ я зэхуакуи, икIи нэрылъагъуу щытщ лъэпкъ цIыкIухэм я национализмыр къызэрагъэуш Iэмэпсымэхэм ар зэрыщыщыр. Апхуэдэу щыхъум, зы тхылъ тхыдэр ираджу щыIэм, лъэпкъ зыгурыIуэныгъэм ар къыщхьэпэнкIэ хъунщ, ауэ пэжыр сыт щыгъуи зыщ зэрыщытыри, адрей абы къытемыхуэхэм я жагъуэ мыхъуу, иджыри къэс тхыдэу къырахьэкIар зыхикъутэм, абы ныкъусэныгъэ къимыкIыу зэращIыну щIыкIэр гурыIуэгъуэкъым.

Къэбэрдей-Бэлъкъэр, Хуитыныгъэ радио

Бэрокъуэ Артур