Прохладнэ куейм адыгэбзэ зыщIэ сабийхэр нэхъ мащIэ мэхъу


Прохладнэ куейм адыгэ къуажищ хохьэ: Алътуд, Къэрэгъэш, Псыншокъуэ. 

Къуажэ школхэм, сабий садхэм адыгэбзэр щрагъаджэ. Ауэ, псалъэм папщIэкIэ, Алътуд къуажэ школитIым зэхэту ягъакIуэ сабийхэм нэхърэ нэхъыбэ урыс школхэм щоджэ. 

Абы къыхэкIкIэ сабийхэм бзэр ямыщIэу е бзэныкъуэу къохъу. 

Сабийхэми бзэр зэраджын хуейр, зэращIэн хуейр къагурыIуэркъым, унагъуэ псоми, уеблэмэ, адыгэбзэкIэ къепсалъэркъым. 

КъалэкIыхьым щеджэ сабийхэм жаIэу цIыхум зыхахыжу хъуащ, ахэр школым адыгэбзэкIэ псалъэу хуит къамыщIу. 

Абы къыхэкIкIэ Хуитыныгъэ радио адыгэбзэ егъэджэным, сабийхэр адыгэбзэкIэ псалъэным зэрыхущытым теухуауэ школ Iэтащхьэхэм захуигъэзащ.  

Юлия Константиновна, 8 школ: - Дэ ди егъэджэныр урысыбзэкIэ йокIуэкI.  Езы сабийхэр здопсалъэ, ауэ егъэджакIуэ дерсыр езыгъэкIуэкIыр адыгэмэ, зы сабий адыгэбзэкIэ епсалъэмэ, мыдрейхэм зытепсэлъыхьыр къызэрагурыIуэныр дауэ? Ауэ дерс зэхуакум бгъэдыхьэрэ щIэупщIэмэ мэхъу. 

КъызыгурымыIуэ щыту уи бзэкIэ упсалъэныр сэ къезгъэкIукъым. Дэ дымыгъэпсалъэу схужыIэнукъым. Дэ ди школым  лъэпкъ куэдым я сабий щIэсщ, аращи зыр зым ябзэхэри зрагъэщIэж, уеблэмэ. 

Ольга Ивановна, 5 школ: - Дэ ди школым цIыкIухэр адыгэбзэкIэ псалъэныр пэдубыдкъым. Адыгэбзэ щызрагъащIэ кружок-дерсхэри диIэщ. Адыгэбзэр урысхэми, балъкъэрхэми, адыгэхэми ядж.  Еджэныгъэм и хабзэхэмкIэ бзэр зыджыр хуей къудейхэращ. ДауикI, ирагъэджэн хуейщ адыгэбзэр дэтхэнэ зы республикэ школми. 

Иджыпсту адыгэбзэкIэ псалъэ сабийхэр ди школым нэхъыбэ мэхъу. Иджы бзэр еджэныгъэ программэм хэдгъэхьэнущ. Дэ езыми зыдогъащIэ мащIэу, къыдгурыIуэн папщIэкIэ. 

Андрей Николаевич, 3 школ: - БзэкIэ умыгъэпсалъэныр сфIэгубзыгъагъэкъым, пэжу жысIэнщи. Дэ ди школым адыгэбзэ щыдогъаджэ. Къэрал еджэныгъэ хабзэхэм щыжыIыгъащ, бзэр зи зейр Iэмалыншэу еджэн хуейуэ мыдрей лъэпкъхэр зэрыхуейщ. Сабийхэр еджэну хуеймэ, и адэ-анэм тхылъымпIэ ятхри идогъаджэ. 

Мы щIыпIэр зи Хэку, мыбы къыщыхъуа лъэпкъхэм я бзэр ящIэн хуейуэ къызолъытэ, егъэджакIуэхэри нэхъыбэу диIамэ нэхъыфIыххэт. Дэ ди сабийхэм адыгэбзэр зи бзэу щымыт, ауэ яджыу яхэтщ. Сэ езыми зэзгъэщIэнт адыгэбзэр, сыщалъхуари сыкъыщыхъуари мыращ. Адыгэбзэр зэрызмыщIэр фIыкъым, ауэ зэман схурикъукъым. 

Наталья Ивановна, I02 школ: - Уи бзэ дыдэмкIэ упсалъэну хэт къыппэзубыдыфыныр? Фыкъеблагъэ ди школым, фэзгъэлъэгъунщ псори, вжесIэнщ. Адыгэбзэр идогъаджэ. Хуейхэр йоджэ.  Алена Владимировна, 4 школ: - Адыгэбзэ идогъаджэ, спецкурс адыгэбзэмкIэ диIэщи, дэтхэнэ классыми щIэс сабийхэр макIуэ. Спецкурсыр диIэу адыгэбзэкIэ зэрызэдмыгъэпсалъэныр дауэ? Сабийхэр дерс щIэсмэ, урысыбзэкIэ фIэкI зэпсалъэ хъунукъым. Ауэ дерс зэхуакухэм сыт хуэдэ бзэкIи зэпсалъэмэ додэ. 

Уеблэмэ, адыгэбзэ еджэну хумей адыгэ сабийхэри диIэщ, ауэ еджэн хуейуэ Iэмалыншэщ. Уи бзэр пщIэн зэрыхуейр ящхьэ итлъхьэну дыхэтщ. Бзэр зыдж къэхутакIуэ зыбжанэм ябж, адыгэбзэри убыххэм я бзэр зэрыкIуэдам хуэдэу кIуэдыжынкIэ хъуну. 

***

Апхуэдэу, иджыпсту адыгэбзэм ехьэлIауэ проект ирагъэкIуэкI Европэм щыщ зэгухьэныгъэ бзэ нэхъ лъэпкъ мащIэхэм ейхэр мыкIуэдыжыным телажьэхэр. А проектым адыгэбзэ зыщIэ дэтхэнэ зыри сэбэп хъуну кърагъэблагъэ – яхуэпщIу адыгэбзэкIэ хъыбар уакъыхуеджэу, упщIэхэм жэуап епту. Апхуэдэ проектхэр бзэр хъумэнымкIэ Iэманыншэу щIэныгъэлIхэм ябж. 

Къэбэрдей-Балъкъэр. Хуитыныгъэ радио. Дыгъэ Дахэжан