Адыгэ хэкужь -Черкессия зэгухьэныгъэм зыкъыфхуегъазэ Тыркум ис Адыгэ псоми


Мы блэкIа мазэм, Хьэгъундокъуэ (Асланкау) Яшар Дунейпсо Адыгэ хасэм хэт лIыкIуэр, Каффед-м и тхьэмадэр, Адыгэ хэкум кърамыгъэхьэну илъэсиплъкIэ 2016-рэ гъэм къыщыщIэдзауэ 2020-рэ гъэм пщIондэ, Урысем и къэралым тетхэм унафэ ящIащ. Мыбы ящIар икIагъэщ, напэншагъэщ, цIыхугъэншагъэщ сыту жыпIэмэ жыпIэмэ мы щIалэм и адэжьхэр Урысейм я Шэрджэс хэкум ирихуащ.Иджы Урысейм зи тетыгъуэхэм ар и адэжь хэкужьым ирагъэхьэнукъым , ар хьэбыршыбырагъэщ. Ар Адыгэхэм дэнэ щымыпсэуами, ддэнкIи тшэчынкIи Iэмал зимыIэхэ Iуэхугъуэщ. 

КъимыдэкIэ ДАХ-ым, Каффедым заущэхужауэ щысщ зыри къэмыхъуа хуэдэу.Абы къикIыр яфIэфIыпсыу къэхъуа Iуэхугъуэщ.Арыхауэ Каффедым и Iэтащхьэм псоми заущэхужащ, дэ къыдэмыIэбащэрэт жаIэри. 

Дэнэ фыщыIэ жыдоIэ. 

I.Бырс Реджами ДАХ-м и япэ къуэдзэр. 
2.Явуз Бакир Сами. 
3.Мечер Ведет 
4.Думэн Умит. 
5.Щоджэн Умит. 

АДРЕЙХЭРИ 
ФыкъэщынакIэ фищхьэр пшахъуэм хэфIужакIэ хъунукъым, фи кIапэхэр къыщIощыр фи къэуцыр пIиуэ, пачынкIэ хънущ. Е танэ сырыхужьым и махуэр къыфхуэкIуэнкIэ хъунущ.Дауэ жыфIэмэ - хьэIуцыдзхэм былым гуартэ къаувыхьати, мо Iэщ гупым къыжраIэ, мо танэ сырыхужьыр къоугъэщ, бэлыхь дыхегъэтри фыкъыдэмыIэбу дывгъэшхи дынывэIэбыжынкъым. Псори, Iэщхэри хьэIуцыдзхэри арэзы зэдэхъухэри ирагъэшхащ, адэкIэ нэгъуэщI танэхэри ,нэгъущIжхэри кIэлъыкIуащ, Iэщ гуартэр икIэм щынэсым я дежи щынэсым зыкъащIэжри - жаIэр ,уей а танэ сырыхужьыр едгъэшхын хуеякъым жаIэ. 

Дэ ди гупым зэрыжытIэщи 
АДЫГЭ IУЭХУИ ЗЕФХУЭКЪЫМ ,АДЫГЭ IУЭХУР ЗЫМЫГЪЭКIУАТЭРИ ФЭРАЩ. 

зыплъыхьакIуэ,фыкъоджадэри фызэхэтхэщ.ФыкъэкIуамэ хьэ псафэ яшэм ещхьыу, хьэ пщэхъу зэрылъым ещхьыу фыкрашэкIри фыдэтщ. Фыкъытхуэзэн фыхуэмейхэ фошынэри, дызэхуэза нэужьи зы жывоIэри фоубзэ фобзаери фыдэтщ,нэгъуэщI фощIэжри фокIуэсыкIыж. 

Зыгуэр жызыIэр Хьэгъундокъуэ (Асланкау) Яшарти, нэф дэгу зыфщIыри евгъэшхащ хьэIуцыдзхэм.ДэнщыIэ Хьэпай Арамбий, Богус адам, Шэрджэс Мухьэмэд нэгъуэщIэри, фи нэф- дэгу узым евгъэхьащ.Хьэпай Арамбий и лъэгум къыщIэхуа фIейм и лIыгъэр фи лIыгъэкъым. 

КАФФЕДЫМ И ЛIЫКIУЭУ ДАХ-м ХЭТХЭР ФЫIУКI ЗЫ ЛIЫГЪЭРЭ ЗЫ НАПЭ ГУЭРЫРЭ ФИIЭЖЫХЭМЭ. 

Адыгэ щIалэгъуалэу къэрал 55-м исхэм фи макъ къивгъэIукI, мобы мыпхуэдэ еплъыкIэ иIэщ, сэ си еплъыкIэр нэгъуэщI жывмыIэу 
АДЫГЭ ХЭКУМ И КУАБЖЭР АДЫГЭМ ЩIЫХУАГЪЭБЫДЭН ЩЫIЭКЪЫМ. 

АДЫГЭУ ДУНЕЙМ ТЕТУ ЛЪЭПКЪАМ ДИ АДЫГЭ ХЭКУР ЧЕРКЕССИЯ-щ 

https://www.facebook.com/murzakan?fref=nf