Тэ хэхэсым тыкъщалъфыгъ ау Адыгэ Хэкум инэу тыщыхъугъ... ти гум Адыгэ хэкур щытпIуи инэу щытшIыгъ


Дэ хэхэсым тыкъщалъхуащ ауэ Адыгэ Хэкум ин тщыхъуащ...ди гум Адыгэ хэкур щытпIри ин щышIащ

Зи лъэс хъуауэ Налъшыч сщыпсэут. Майым и 23м мыбы сзэрщыпсэункIэ хуит сызыщI документыр къыдэсхри мыбы дауэ сдэтIысхьэу си гъащIэр зэресхьэкIа хъуныр сгъэпсыу схуежьащ. Ауэ тхьэмахуитI ипэ мыбы сзэрдэсынкIэ хуит сызыщI документыр зэр блэмкIижым теухуауэ зы писмо «гъэщIэгъуэн» къысIэрыхьащ. ГъащIэгъуэн щIыжысIэр аращи ар къихьыри зы ныбжьэгъу гуэрэм и IэкIэ къызитащ. ЕджакIуэщым и хъумакIуэм деж къэгъэIылъауэ къыщIэкIащ. Ауэ мыпхуэдэ писмохэр къэралыгъуэ хабзэм зэржиIэмкIэ Iэпэ щIыуагъадзэурэ къыуатын хуейщ. ТIани писмор зэрылъ тхылъымпIэм сыт щыгъуэ къыдадзами темытрэ пэт писмом и щIыIум «Абгуст 2» тетщ...

Ныджыпстуи къэхъу къащIэр къызгурыIуауэ щыткъым. КъызгурыIуаи щыIэкъым. Нэхъыбэм, «МэзитI ипэ кыуатауэ щыт документыр мыпхуэдэкIэ блэмкIижу ябжын Iуэхур Iуэху дымлъэгъуащ, къызэрыдгурыIуэмкIэ зы гуэрэр мы Iуэхур мыпхуэдэу хъун щхьэ тхьэусыхащ е пцIы гуэр къыптырадзащ.» жаIэр. Iуэхур зытетыр сщIэкъым ауэ «нэпэншэ гуэрхэм я Iуэхугъуэ щIэрыпс» хъункIэи къыщIэкIынщ.

Iуэхур жылэм сачэнджэшащ, икIи зэщIэхъейыныгъэ гуэрхэми сапсэлъащ. Хасэм, "ЗА ПРАВА ЧЕЛОВЕКА" Хасэм, прэссым... Унафэ къащтамэ мыр зарезгъэхъуэкIын папщIэкъым сащIепсэлъар. Урысейм хуэдэу зы къэралыгъуэм и унафэ къищтар абы лIыгъэкIэ зарегъэхъуэкIыныр зэр мыхъупхъэри сощIэр.

Iуэхур жылэм сыщIечэнджэшам и щхьэусыгъуэр аращи нэхъапэкIэ мыбы ещхь Iуэху гуэрхэр къызэрыхъуаращ; е тхьэусыхэкIэ е зы гурыщхъуэ цIыкIукIэ цIыхухэм ирата къэралыгъуэм исынкIэ хуит зыщI документхэр блэмкIижу ябжу зэрIырахижауэ зэрыщытыр зэрзыхэсхаращ.

Мыпхуэдэ Iуэхухэр нэхъыбэу «щэхурэ гъэпщкIуакIэрэ» ящIэ яцIыхухэмкIэ зэфIахыну иужь итахэщ. Е «зыгуэрхэр» дэIэпыкъуэгъу яхуэхъуащ. Мыпхуэдэу щIэнри зы еплъыкIэщ ауэ уIагъэм емыIэзэ, Iуэхур зэрыщыту зэфIэзмых, Iуэху щхьэгъэузыр жылэ пащхьэм зэфIэмыкIыу изых, щхьэгъэузыр зейм дэIэпыкъуэгъу зыдыщимыIэ зы щIыпIэм изгъахуэ зы еплъыкIэщ.

Ауэ дэ Хэхэсым къыщыхъуу ин щхъуа, ищхьэр Черкес(Адыгэ) лъэпкъым ейуэ-Черкесиям(Хэкум) ейуэ зылъытэ, Адыгэу къэнэн яужь ит, махуэ къэси «зы махуэ гуэрэм и хэку зызгъэзэжыным хущIэбэг» ды Черкесхэщ(Адыгэхэщ).

Мы дызыхуэпабгъэр къэгъэпэжын Iуэхур зы хабзэ зэдэлъытам тетын хуейщ. Къэралыгъуэ хабзэхэрэ дызыщыгугъун тетыкIэхэр щыIэн хуейщ. Мы Iуэхум кIэлъыплъ къэралыгъуэ Iуэху щIапIэхэр щыIэн хуейщ... Дэ мыбы зэш тегъэу щхьэкъым дыкъыщIэкIуэр, зы щхьэ унафэ гугъу къыдощтэр: дызыщыпсэу къэралыгъуэхэм щыIэ ди мылкухэр, фIыуэ тлъагъухэр къыщыдонэри ди ХЭКУМ щIэрыщIэу гъащIэхэр щыдоухуэр.

Iуэхум и пэжыр аращи мыхэр къэпсэугъуафIэкъым. Псэури ды Черкэсу(Адыгэу) дыщытщ ауэ дэ хэхэсым зыщыхэтлъхьа щытыкIэ куэд тхэлъщ. Тщыгъупща хабзэрэ бзыпхъэрэ щыIэхэщ. Бзэр дыIэщIэхуащ. Ди зэхуакум илъэс 150м фIэкI зы гъащIэгъуэ зыщхьэщыкIыгъуэ къыдэхьащ. Мыхэр Iуэхушхуэхэщ, сэ мыбы скъызэрыкIуэрэ мыбы щыпсэу Черкесхэм(Адыгэхэм) си бзэм къызэриIуантIэкIэ яжызоIэ: «Бзэр сымыщIэми, фэр хуэдэу сыгупсысэу гъащIэр фэр хуэду езмыхьэкIми сэ сы Адыгэщ(Черкэсщ). Фэ скъыфщыщщ. Сэ зыгуэрхэр сыщIыщIэуэ щытми мыр сэ си гагъэкъым. Гагъэр фэрэ дэрэ дызыпыстхъыу ди Хэкур дыIэщIэстхъахэращ.» жоуэ.

Ди хэкум зыныдогъэзэжыр, хэхэс щIыналъэхэм Черкес лъэпкъым, Черкесыгъэм(Адыгагъэм),Черкесыбзэмрэ (Адыгэбзэм) културэмрэ зы пщэдей зэрамыIэр ди фIэщ зэрыхъум папщIэ. Ауэ ди хэкум фэ фимыIэ акъыл ныфхэтлъхьэнущ жытIэурэкъым дызэрнакIуэж щIыкIэр, фэ фи акъылыр зыхэтлъхэу, дызэкIуэкIыу Черкес(Адыгэ) тхъуижыну дынокIуэжыр. МылкукIэ е щIэныгъэ дахэкIэ диIэ щыIэмэ мыхэр ди хэкум Iуэху тхьэбзэкIэ хуэтщIэн щхьэ ныздыдохьыри экономикакIэ, къэралыгъуэ унафэгъуэкIэ, жылэ IуэхукIэ, културэ IуэхукIэ, академика IуэхукIэ Iуэхухэр зэрефIэкIуэным тхущIокъур.

Мыхэр щыдлэжькIэ дэри зыгуэрхэм догупсыс, зыгуэрхэр жыдоIэ, дотх, дотхъ; ауэ унафэр зыIэщIэлъыпхъэр зэры мыбдейр, сыт яшэчами мыбы щыпсэуауэ щыт, мыбы Республика щызухуауэ щыт зэры Черкесхэр(Адыгэхэр) зэхыдощIэр.

Дэ мыбы дищхьэм зэрыфIэфIу дызэрщымыпсэуфынур, мыбы езбы и хабзэмрэ и щытыкIэ щхьэхуэхэмрэ зэрыщыIэри дощIэр.

Ауэ, дэ дэнэи тщырепсэу мыр Iуэхукъым; хуиту гупсысэнрэ мыр Iуэтэнымрэ, къэралыгъуэ хабзэхэр псэум папщIэ зэхуэдэрэ псэури зэхуэзгъадэ зэрыхъун хуеймрэ, демократияр зэрыщыIэн зэрыхуейр, цIыхухэм я бгъэдэлъхэм щIыхь хуэщIу ахэр хуиту лъытэныр нобэм цIыхур къыздынэсам хъумапхъэу, щыIэпхъэхэщ. Мыхэр щыIэмэ гъащIэр нэхъ дахэщ. ЗэфIыныгъэмрэ (мамырыгъэмрэ) зауэншэу псэунымрэ нэхъ хъумэгъуафIэщ.

Сэ Черкес(Адыгэ) Iуэхум теухуа си еплъыкIэр хэти ещIэр нобэ:

Мы ЩIыХъурейм Черкесу зщытхъумэжыфыну, дибзэр ди културэр щытхъумэжыфыну, дэдейижу щыт зы псэукIэм гъащIэ щеттыфыну щыт щIыпIэр ди блэкIар щетхьэкIа ди хэкуу щыт Черкесияращ. Хэхэсым демократикыу щыт тхуэфащIэхэм хущIэкъун хуейщ, ауэ мы дызыпылъхэри хэкум гъазэжыныгъэ Iуэхум дэIэпыкъуэгъу зэрыхъуэхъуу мыр лъэщ щIынымкIэ гъэсэбэпын хуейщ.

Ди хэкум дыгъэзэжын хуейщ. Ди хэкур экономика-академика-цIыху бжыгъэкIэ зэрыфIэкIуэным хущIэкъун хуейщ. Мыбы щхьэ хэкум зэфIыныгъэрэ зауэншэныгъэрэ щыIэн хуейщ. НэмыщIуи, ди хэкум гъэзэжын Iуэхум пщIэт къэралыгъуэ хабзэм къыбгъэдэкI Iуэхухэр зэфIэхынрэ, щхьэ къызэрепщэкIэ хэку гъазэжыныр гугъу щIын Iуэхур утыку игъэкIын хуейщ.

Акъыл зыбгъэдэмылърэ къызэрепщам хуэдэу утыку къислъхьа зы проект егъащIэм сиIакъым, фашистрэ цIыхухэр зэфIэзгъэкIуэд Iуэхугъуэхэмрэ губжь къытехижын Iуэхухэм зикI яужь ситакъым. Черкесхемя проблемахэр зэфIэхын папщIэ зикI мы демократикыу щыт Iуэхухэмрэ зауэмрэкIэ зыри сгъэгушхуакъым. Сэ зикI РФм и жэгъуэгъуу щытхэм садэIэпыкъуакъым. «Дэ дызыхуейр ди губжьыр къыфтетхынракъыми зэрыхуэфащэкIэ сытри ипIэ зэривгъувэжынращ.» жыIэкIэр сэ сигупсысэкIэм и лъагъуэкIэщ.

Пэсэрейм къэхъуар къэмыхъуа зэрымщIыжифынур сощIэ. Черкесияр НэмыцIэхэм, Инджылизхэм, Франциям, Бельгиям дзэ мин мащIэкIэ Африка щызэралъэфIэлIа щIыгухэм хуэдэкъым. Мы ди щIыгум дин зэмыщхь куэд зиIэ цIыхухэр, зэмыщхь лъэпкъхэр ипэм хуеймэ езыхэр хуейуэ къэкIуа ирехъу хуеймэ къэралыгъуэ гуэрхэм ялэжьа Iуэхухэм къэбгъэдэкIа зыгуэркIэ къэкIуа ирехъухэ нобэ зэгъусу зэдопсэухэр. Дэ ДИ ХЭКУ зыжетIэ щIыгур нобэ ахэми хэкуу ялъытахэщ. Нобэ хэхэсым илъэс 150 нэхъ щымыIэ Черкес мэлуан бжыгъэхэм, щыпсэу къэралыгъуэхэр езбы я хэгъэгу хуэдэу зэралъытам хуэдэу.

Пэжыу мы ди пащхьэ илъыр лъытэу мыбы къызэрыбгъэдэкIкIэ Iуэху щIэкIэхэр гъэпсын хуэйщ. Пэжым емызэгъым къыздихьынур гуIэгъуэщIэхэмрэ, мылкурэ цIыхугъэ хэкуадэнымрэщ. Мыбы сщыпсэуну хуит сызыщI си документыр блэмкIижу зэрабжам папщIэ си гупсысэхэр зыкIи зэхъуэкIакъым икIи зэхъуэкIынукъым.

Тарык Топчу

(ЗэзыдзэкIар Маргъущ Везир)

facebook.com