Дунейпсо утыкум — бжьыпэр - Сидакъ Азэмэт

Сидакъ Азэмэт

Мы илъэсыр ди лъэпкъым къыхэкIа спортсменхэм я ехъулIэныгъэхэмкIэ гъэнщIауэ щытащ. Шэчыншэу, дэтхэнэми хуэфащэщ хъуэхъу псалъэ хужыпIэну, укъытепсэлъыхьыну. Ауэ нобэ зи гугъу тщIынур щакIуэгъуэ (ноябрь) мазэм дуней псом щызэщIа­лъыса хъыбарщ, ди хэкуэгъу адыгэ щIалэм и спорт текIуэныгъэ инырщ. Дызытепсэлъыхьыр спорт самбомкIэ Марокко къэралым и Касабланкэ къалэм щекIуэкIа Дунейпсо чемпионатым дыщэ медалыр щызыIэрызыгъэхьа адыгэ щIалэращ — Къэрэшей-Шэрджэсым къыщалъхуа Сидакъ Азэмэтщ.

Фигу къэдгъэкIыжынщи, Азэ­мэт финал зэпэщIэтыныгъэр зыдригъэкIуэкIа, Азербайджаным щыщ, Дуней псом и чемпион Гасымовым дахащэу, IэкIуэлъакIуагъ ин хэлъу текIуэ­ныгъэр къыIэщIихащ. Урысейм и командэ къыхэхам и гъэса­кIуэ нэхъыжь Трошкин Дмитрий зэрыжиIамкIэ, «Азэмэт утыкум зыкъызэрыщигъэлъэ­гъуар «зэпеуэр зыгъэдэха зэ­пэщIэтыныгъэ хъуащ»…

Спортсмен лъэрыхьым и къекIуэкIыкIам зыхуэдгъэзэнщи, ар 1983 гъэм Хьэбэз къуажэм къыщалъхуащ, илъэситIым иту я унагъуэр Черкесск къэIэ­п­хъуэжри, республикэ къалащхьэм дежщ щIалэ цIыкIум и япэ спорт лъэбакъуэхэр здыщичар. Япэ щIыкIэ Iэхуитлъэ­хуит бэнэкIэм дихьэха Азэмэт и гъэсакIуэ хъуащ республикэми, ди къэралми, хамэ къэралхэми щыцIэрыIуэ, УФ-м щIыхь зиIэ и гъэсакIуэ Шэрджэс Хъызыр. Аращ ныб­жьыщIэм и Iэпкълъэпкъыр псыхьыныр япэ дыдэ зи IэмыщIэ ихьар. ИкIи, Азэмэт зэрыжи­IэмкIэ, Хъызыр къыбгъэдилъхьа щIэныгъэр и гъащIэ псом щыгъупщэкъым.

И ныбжьыр илъэс 15-м иту Сидакъым зрет самбомрэ дзюдомрэкIэ зигъэсэну, икIи УФ-м щIыхь зиIэ и гъэсакIуэ Пщымахуэ Iэюб и нэIэм щIоувэ.

— ФIыщIэ псалъэу щыIэр хуэфащэщ шыIэныгъэшхуэ хэлъу, зи гуащIэ емыблэжу сы­зыгъэса, спортым фIылъагъу­ныгъэ ин хуэзызыгъэщIа, гъэсэныгъэ къысхэзылъха Пщымахуэ Iэюб. Дгъэува мурадым ерыщу дыхуэкIуэу дигъэсащ. Апщыгъуэми къыщIэздзащ къэслъэщын си япэрей медалхэр. Спортыр си гъащIэ хъуащ, арыншэуи сыпсэуфынукъым, — жеIэ Азэмэт.

Спортсмен лъэрыхьыр 2009 гъэм Ставрополь Iэпхъуэжащ икIи УФ-м щIыхь зиIэ и гъэса­кIуэхэу ПIапшу Мухьэмэдрэ Захаркин Александррэ яIэ­щIэхьащ. Iуэху зэхэщIыкI ин зыбгъэдэлъ гъэсакIуэхэм нэхъри ирагъэфIэкIуащ Азэмэт и IэпщIэлъапщIагъыр. Дунейпсо чемпионатым абыхэм Азэмэт зэрыхуагъэхьэзыращ игъэщыпкъэжащ къилъэща текIуэныгъэ инымкIэ. АбыкIи Азэмэт фIыщIэ ин яхуещI зыгъэхьэзыра гъэ­сакIуэхэм.

Дунейпсо чемпионатым деж утыкум зэритам хуэгъэзауэ мыращ спортсменым жиIэр:

— Финал зэпэщIэтыныгъэр щезгъэкIуэкIым сызэгупсысыр зыт — текIуэныгъэр къэслъэ­щыныр, схузэфIэкI къэзгъэ­лъэгъуэ­ныр, сыкъызыбгъэдэкIа къэралыр, лъэпкъыр, си Iы­хьылхэр згъэгушхуэнрат. Къыз­гурыIуэт — дэтхэнэ спортсменри сэр хуэдэт, ари зыху­щIэкъур бжьыпэр убыдынрат. Арами, ерыщу текIуэныгъэм сыщIэбэнащ.

ЖысIэнщи, си финал зэпэ­щIэтыныгъэр псынщIакъым. Илъэс бжыгъэ куэдым зэхуэ­схьэса Iуэху зэхэщIыкIыу скъуэ­лъыр къызэщIэскъуэри, бжьыпэр сыубыдыным зыхуэз­гъэпсащ, дауи си насыпри текIуауэ къыщIэкIынщ.

КъыспэщIэтам бжыгъэр 1:4 щищIым, къыстекIуэ щыхъум, си щхьэм зы секундэкIэ гупсысэ мыфIхэр къилъэдащ. Ауэ ахэр IузгъэкIуэтри, текIуэны­гъэр къэлъэщынымкIэ си къару семыблэжыну, схузэфIэкIыр сщIэну къалэн зыхуэзгъэувыжащ. БэнэкIэ тактикэм зезгъэхъуэжри, зызэщIэскъуэри, зэпэщIэтыныгъэм и екIуэкIыкIэр схъуэжащ, иужьым бжьыпэри къыIэщIэсхыжащ.

АтIэ, згъэгуфIащ икIи згъэгушхуащ си лъэпкъыр, сыкъы­зыбгъэдэкIа къэралыр. СэркIи мы текIуэныгъэр гуфIэгъуэ мыухыжщ, — жеIэ Азэмэт.

«Генерал хъуну щIэмыхъуэпс зауэлIыр щIагъуэкъым» — жеIэ урыс псалъэжьым. Ди лъэпкъэгъу спортсменми гугъа­пIэфIхэр иIэщ. АтIэ, Азэмэт щIохъуэпс самбор Олимп джэгухэм хагъэхьэным, езыри дыщэ медалым щIэбэныным. Тхьэм нэрылъагъу тхуищI!

АБИДОКЪУЭ Люсанэ

Адыгэ Псалъэ