Урысей президентым пэщIэту оппозицэ гупым зыхагъуващ къэрал хабзэ мыхъумыщIэу къащтахэм я рейтинг, къэралым зэран нэхъ къыхуэзыхьу къалъытэхэр къыритхыху. Ар зыхэзыгъувахэм къызэралъытэмкIэ, Путиным и унафэщI системэм хэтхэм я тетыгъуэр ирагъэлейуэ къагъэсэрэпыф хъуащ, а хабзэхэм я фIыгъэкIэ. Рейтингыр зыхэзыгъувахэм яхэтщ тхакIуэ Чхартишвили Григорий, псоми Борис Акунин жыIэу къацIыхур, Transparency International жыхуиIэ зыгухьэныгъэм и вице-президент Панфилова Елена, къэралым ирахуа политик Ашурков Владимир, пэжырытелъхьэ Чиков Павел сымэ.
Абыхэм къыраIуащ къэрал хабзэу 10 иджырей Къэрал Думэм къищтэу лажьэн къыщIадзауэ. Абыхэм хэтщ "Хамэ къэрал тIасхъэщIэххэм" теухуа хабзэр, "Яковлев Дима и хабзэ" жыхуаIэр, "Узыхуэмей IуэхущIапIэхэм я хабзэ" жыхуаIэр, "ДинкIэ зыгуэрхэм я жагъуэ щIыным" теухуа хабзэр, санкцие Урысейм щхьэкIэ къащтахэм я жэуапу антисанкцие Урысейм къищтэжахэр, хьэкум унафэ щымыIэу сайтхэр ягъэбыдэ хъуну зэращIа унафэр, гомосексуализмым теухуауэ хъыбаргъэIу ебгъэкIуэкIыну ухуимыту зэращIа унафэр, зэман кIыхькIэ мыарэзыныгъэ акцие ебгъэкIуэкIыну ухуимыту зэращIа хабзэр, зыгуэрым пцIыкIэ ухуэпсалъэну ухуимыту жыхуаIэ хабзэр, хэхыныгъэхэм и хабзэр. А псоми, дэтхэнэм нэхъыбэми, дэтхэнэм нэхъ мащIэми, псалъэмакъхэр къикIыу, мыарэзыхэр куэд хъууэ къащтащ.
Мы рейтингыр утыку къизылъхьахэм къызэралъытэмкIэ, мы хабзэхэр псори къутэжын хуейщ, къэралым и зэран къахьу щытщи. Арыхэ цIыхухэми куэдыр иробампIэр мы хабзэхэм. Псалъэм папщIэ Хуитыныгъэ радиом и еплъыкIэр къыжыреIэр лэжьапIэншэ нэрыбгэ Къуэдзокъуэ Рустам, Къэбэрдей-Бэлъкъэрым щыщым:
"Урысей Федерацэм и унафэщIхэм къэрал хабзэу пщIы мыхьэнэншэу къыдагъэкIащ. Ахэр зэрызыхэу зыпкъырытхынкъым, ауэ абыхэм я зыхэзу зы щапхъэ къэсхьынщи, "Дима Яковлев и хабзэ" жаIэри къагупсысащ. Абы хамэ къэралхэм я цIыхухэм Урысейм и сабийхэр япIыну къащтэну хуимыт ещI. Ауэ езы мы къэралым и сабийхэр хыфIамыдзэу ящIын ипIэкIэ, сабий унэхэр щымыIэн ипIэкIэ, сабйихэр я адэ-анэ къэзылъхуахэм япIыжу ящIын ипIэкIэ, а сабийхэр зэрапIын щIэныгъэрэ ахъшэрэ къызыхахын яIэу ящIын ипIэкIэ, хамэм сабийхэр къащтэну хуимыту зыщI хабзэ къыдагъэкI. Хабзэ къыдэбгъэкIакIэ цIыху мэжалIэм и ныбэ из хъунукъым. Мы къэралым и унафэщIхэм зы гумэщIэгъуэ ягъэтэрэзыну апхуэдэ щIэныгъэ ябгъэдэлъкъым, къэрал хабзэ къагупсысу фIэкI. А зи ерскъы япIытхэр дыгъуасэ щызэныбжьэгъум щыгъуэ япIыт хъутыкъэм. Нобэ зыфIэнащи я ерскъыр мыхьэнэншэу къыщIырагъэдзыж. Езыхэм я жып къырахыу тхьэмыщкIэм егъащIэкIэ хуаугуэшынукъым, ауэ хамэм и ерскъыр япIытI, ар ягуэшын ипIэкIэ".
ЦIыхухэм я мыарэзыныгъэшхуэм къимыгъэувыIэу, хэхыныгъэ дзыхь зыхуамыщIкIэ зыхаша Къэрал Думэм и япэ зыхыхьэныгъэр къызэрыхъурэ къэралым хабзэ къыщащтахэм я нэхъыбапIэм щытыкIэр игъэткIийуэ, цIыхухэм я хуитыныгъэхэр нэхъ мащIэ ищIурэ къокIуэкI.
ПэкIушхуэ Болотнэ утыкум щыIамрэ, Сахаров и проспектым щыIамрэ дэкIуэу пэкIухэмрэ митингхэмрэ теухуауэ хабзэхэр къащтащ, хуит укъамыщIу пэкIу зыхэпшэм абы тезыр ткIий къыптыригъахуэу, хуитыныгъэ къуатыныри нэхъ гугъу ищIу.
ИужькIэ "хамэ къэрал и тIасхъэщIэххэм" теухуа хабзэмкIэ грант къызырату демократие щытыкIэм щIэбэн IуэхущIапIэхэм я Iуэхур хьэлъэ ящIащ, икIи куэдым лэжьэну Iэмал ирамыту зыхуащIыжащ.
Къэбэрдей-Бэлъкъэрым щыщу а хабзэм ипкъ иткIэ Хуитыныгъэ хъумакIуэ купсэр зыхуащIыжын хуей хъуащ, хамэ къэрал къикI грант къырату щытати. Псалъэмакъышхуэ къикIащ а хабзэр къыщащтэм, икIи хъыбарыбэ IэмалхэмкIэ утыку къихуащ Iуэхугъуэ щхьэхуэхэр, политикэ Iуэху зезымыхуэ IуэхущIапIэ гуэрхэри зыхуащIауэ, еджэныгъэм, узыншагъэ хъумэным, экологием зэрелэжьым щхьэкIэ хамэ къэрал ахъшэкIэ.
Псом нэхъ псалъэмакъышхуэ къызэрыкIа хабзэхэм ящыщщ "Дима Яковлев и хабзэ" жыхуаIэр. Ар Магнитский и хабзэ жаIэу санкцие хуэдэу Америкэ Штат Зыкъуэтым къищтау щытам и жэуапу арат, икIи абы игъэбыдащ Урысейм и сабий зеиншэхэр япIыну хамэ къэралхэм я цIыхухэм къызэращтэ Iэмалыр.
А хабзэм и цIэр фIащащ Урысейм къыщащтау щыта сабийм и цIэкIэ. Ар къэзыщта адэ-анэр Америкэм щыщт. 2008 гъэм ар и адэм машынэм къыринэри, дыгъэм сыхьэтибгъукIэ дэтащ, икIи хуабэм иукIау щытащ.
Урысей депутатхэм къалъытащ а зы Iуэхугъуэр щхьэусыгъуэу, нэгъуэщI сабий щэ бжыгъэм Iэмал ирамытын щхьэкIэ унагъуэ ягъуэтыну. А хабзэр къыщащтам щыгъуэ унагъуэ иратыну къагъэгугъуауэ, къэзыщтэн къыхуагъуэтауэ сабий 200-м теухуауэ унафэхэр якъутэжащ.
А хабзэр къыщащтэм щыгъуэ пэжырытелъхьэхэм жаIэт ар Конституцэми къемызэгъыу, унагъуэ кодексыми къемызэгъыу, Лъэпкъыбэ зылъыкъуэувам я зыгухьэныгъэм и конвенцие сабийхэм я хуитыныгъэм теухуами къемызэгъыу, зэхуагъэми губзыгъагъэми къемызэгъыу. Ауэ иджыблагъэ Путиным, абы щытепсэлъыхьым, жиIау щытащ Урысей сабийхэм я пкъыгъуэхэр къырахыу донор ящIын щхьэкIэ хамэ къэралхэм яшэу щытати, ар къагъэувыIауэ.
Иджыпсту Iэмалу ягъэбыдамрэ къэрал унафэр зэрагъэткIиямрэ къыхэкIкIэ, езым и еплъыкIэ щхьэхуэ зиIэжхэр мыарэзыуэ къэралым икI къаублащ.
Статистикэ агентствэ щхьэхуэхэм зэрыжаIэмкIэ, мэгъэ екIуэкIым Урысейм иIэпхъукIахэр мэхъу цIыху мин 200, ауэ къэрал статистикэу къахьыр мин 34-щ. Zagrandok.ru жыхуиIэ сайтым зэритхымкIэ, социологие щIэупщIэныгъэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, цIыхубэм и процент 22-р иджыпсту Урысейм икIыну хуейщ. Псом нэхъыбэу хамэ къэрал еIэхэр студентхэмрэ бизнесменхэмрэщ.
Къэбэрдей-Бэлъкъэр, Хуитыныгъэ Радио
Бэрокъуэ Артур