Иджыпсту Хэкуми, Тыркуми, адрей адыгэхэр щыпсэу къэралхэми Тыркум щыIэ Адыгэ Хасэ нэхъ ин дыдэ КАФФЕДым ехьэлIауэ щекIуэкI псалъэмакъхэм седжа, сыхэплъа нэужь, си Iуэху еплъыкIэр утыкум, Iэмал имыIэу, къислъхьэн хуейуэ къызолъытэ.
НобэкIэ КАФФЕДым и Iуэхугъуэхэр, иригъэкIуэкI лэжьыгъэхэр псори зэхьэлIар зыщ:
Адыгэ Хэкур, Адыгэ щэнхабзэр, Анэдэлъхубзэр хъумэным;
Ди адыгэр и Хэкужьым зэрыдекIуэкIын хуей Iэмалхэр, щытыкIэхэр егъэфIэкIуэным;
А псори, Урысейм и Хьэкумэтми, Адыгэ республикэхэм я унафэщIхэми я пащхьэм екIуу, зэгъэзэхуауэ илъхьэнырщ.
Илъэс 35-м нэблэгъауэ адыгэм ди Iуэхухэм сыхэтщ. Урысейми, Тыркуми, адрейуэ, адыгэхэр щыпсэу къэралхэми, щызэхэт хасэхэми я лэжьэкIэм, упщIэ зэхагъэкIхэм, я псэукIэхэм сыщыгъуазэщ. Сыщыгъуазэ къудей мыхъуу, Iуэху куэд ядэзлэжьащ.
Къэбэрдей, Дунейпсо Адыгэ Хасэхэу (япэм щыIахэр, минитI гъэхэм къэралым икъутэжахэм) сыхэту сылэжьащ.
КАФФЕДым теухуауэ иджыпсту екIуэкI псалъэмакъым къыхагъэщыр мыращ: мы Хасэшхуэм и унафэщIу щыта щIалэ зыбжанэ Урысейм и Хьукумэтым я щхьэ IуэхукIэ дэлэжьауэ, адыгэ Iуэхур я тепIэн ящIу, фейдэ зыхэлъ лэжьыгъэшхуэхэр зэфIахауэ яIуатэ. Ар гуапэкъым зэхэпхыну, абы щхьэусыгъуэ хуэхъуари иужькIэ зэхэдгъэкIынщ.
Иджыпсту, Iэмал имыIэу, япэ идгъэщын хуейр нэгъуэщIщ:
1. Щоджэн Iумит зи пашэ Хасэм адыгэр зыгъэпIейтейуэ щыIэ Iуэхугъуэхэр дауэ зэфIахрэ?
2. Мы Хасэшхуэр Дунейпсо Адыгэ Хасэм (ДАХ) къыхэкIыным щхьэусыгъуэ хуэхъуар сыт?
КАФФЕДым и унафэщIхэр къэуващ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм дыкъыхокI, жаIэри.
Псоми къывгурыIуэну сыхуейт абы щхьэусыгъуэ хуэхъуар: нобэ Дунейпсо Адыгэ Хасэ жыхуэтIэм адыгэхэр зэригъэщхьэрыуэрщ, ахэр зыгъэгузавэ, зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэр къызэрамыIэтырщ, ахэр зэфIэхын папщIэ, екIуэкIын хуей лэжьыгъэхэр абы зэрилъахъэрщ.
ПыухыкIауэ, утыкум илъу, зэфIэмыкIауэ, Iуэхугъуэ зыбжанэ щапхъэу къыфхуэсхьынщ:
1. Адыгэбзэм ухуеймэ уеджэу, ухуэмеймэ уемыджэ хъууэ Урысейм и Парламентым къызэрищтам зыри зэрыпэмыджэжар;
2. Урысейм и паспортыр гъэпсынщIауэ хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэхэм иратыныр зэрызэфIэмыкIыр;
3. Урысейм и конституцэм халъхьахэр…"Урысей къэралыр къызэзыгъэпэщыр урыс лъэпкъ къудейращ"- жаIэу Конституцэм халъхьам щхьэкlэ, зыри жэуап иритакъым.
4. Урысейм и къэрал Думэм и депутат Затулиным «Урысейм и цIыхуу къэлъытэн хуейр урысыбзэ зыщIэхэращ», жиIэу къыхилъхьам папщIэ зыри зэрамыщIар;
5. Сирием зауэр щекIуэкIым, адыгэхэр Хэкум къэшэжыныр Урысейм и Хьукумэтым и пащхьэм къыщыIэтыным хуэфащэ гулъытэ зэрыхуамыщIар;
6. Накъыгъэм и 21-м,адыгэм и щыгъуэ махуэм ,ДАХым и унафэк1э гупхэр Налшыч и урамым ирагъэк1уакъым.
7. КъуэщIысокъуэ Мартин хабзэншагъэ къыщыкIэлъызэрахьэм, дэIэпыкъун Iуэху зэрызэрамыхуар;
8. Накъыгъэм и 21-м ирихьэлIэу Гъуафэ Руслъан иригъэкIуэкIа тхьэлъэIум щхьэкIэ лей къылъысар;
9. Илъэс щэщIым нэблэгъауэ Хэкум щыпсэу, куэд щIауэ Урысейм и цIыхуу ябж Куэблэ Муамар, адыгэ Iуэхухэм жыджэру зэрыхэтым папщIэ, Хэкум ирахуну иужь зэритар;
10. «Сэ адыгэбзэ седжэну сыхуейкъым», жаIэу щэхуу икIи залымыгъэкIэ 14-нэ гимназием и унафэщIым 10-11 классхэм щIэсхэм щригъэтхам, ар имыдэу пэува «Урысейм и щIыхь зи1э егъэджакIуэ» цIэ лъапIэр зезыхьэ, Дунейпсэ артийскэ комитетым и дыщэ орденыр зрата, Урысейм и егъэджакIуэ нэхъыфI» цIэ лъапIэр къэзыхьа адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэ Багъ Марьям хьэкумым ирату, лей къыщылъысам зэрыдэмыIэпыкъуар.
11. Иджыпсту къекIуэкIым ирырагъэхьэлIэу адыгэбзэмкIэ ирагъэдж дерсхэр 1-9 классхэм нэс сыхьэтитI фIэкIа ирамыгъэджэжу зэращIар, 10-11-нэ классхэм заочнэу еджэнущ жаIэу адыгэбзэр къуэм зэрыдахуэжар.
НэгъуэщI щапхъэ куэди къыфхуэсхьыфынущ. Ауэ, сыхуейкъым си псалъэр кIыхь хъуну.
Мы Iуэхухэр псори утыкум илъщ, ауэ ДАХым, ахэр зэфIихыну иужь иткъым, абы папщIэ зы лъэбакъуи ичакъым.
«ДАХ» урысыбзэкIэ зэрыжытIэр «Международная Черкесская Ассоциация».
ДАХыр къыщызэрагъэпэщым къищта унафэм мыпхуэдэу итщ: адыгэу дунейм тетыр дызэрызэджэр адыгэщ,нэгъуэщI лъэпкъхэр къызэрыдэджэр черкесщ.
Ауэ щыхъукIэ, нэгъабэ Урысейм щекIуэкIа къэпщытэныгъэм Сэхъурокъуэр «къэбэрдей» жытIэу зедгъэтхын хуейщ, жиIэри къэуващ.
Ар хьэдыгъуэдахэщ.
Иджы, нобэрей КАФФЕДым и унафэщIхэм зэфIэмыхауэ щыIэ Iуэхухэр утыкум ткIийуэ къралъхьащ, адыгэ жылагъуэхэми, Урысейми, адыгэ республикэхэм я унафэщIхэми я пащхьэ щагъэуващ.
Накъыгъэм и 21–м Истамбыл щыIа пэкIум ехьэкI хэмылъу Щоджэн Iумит мы Iуэхухэм щытепсэлъыхьащ.
Ауэ, нобэрей ДАХ жыхуэтIэм и унафэщIхэм мыпхуэдэ псалъэмакъ ирахьэжьащ: Щоджэн Iумит сымэ Урысейм и зэран кърахуэкIыу. ДАХым къыхэкIмэ КАФФЕДыр, адыгэм я Iуэхур екIэкIуэну…
Абы жаIэхэр псори пцIыщ.
Щоджэн Iумит къипсэлъахэр Урысейм и унафэщI зэфIэкI зиIэхэм зэхахащ икIи ялъэгъуащ. Дэ, дызэрыщыгъуазэмкIэ, КАФФЕДым къаIэта Iуэхухэр гулъытэншэу къэбгъанэ мыхъуну къалъытащ.
Псалъэм папщIэ, Затулиным къыхилъхьа мышур «урысыбзэ зыщIэр Урысейм и цIыхуу лъытэныр» хэкум ис адыгэхэмрэ Щоджэн Iумит и гупымрэ ямыдэу къэува нэужьщ щыIуахыжар. Абдежым къэмыувыIэу Тыркум щыIэ урысеийм лIыкIуэм деж ахэр кIуащ, зыгъэгузавэхэри жраIащ. Абыхэми лъэкI къамыгъанэу къадэIэпыкъуну псалъэ къратащ…
Си тхыгъэм и кIэухыу Тыркум щыпсэу адыгэхэм захуэзгъэзэнут:
Си къуэш си шыпхъухэ! СыныволъэIу фызыгъэжэкъуэну иужь итхэм фемыдэIуэну. КАФФЕДыр гъуэгу тэмэм тетщ, дадэIэпыкъун хуейуэ аращ.
Урысейми,Тыркуми я Хабзэхэм дытету , ди Iуэхухэр зэрыдэкIыным иужь дивгъэт.
Мы къэралитIыр нэхъ зэпэгъунэгъу зыщIыным, адыгэм и гъащIэр зэрефIэкIуэным дытевгъэлажьэ.
Хьэтыжьыкъуэ Валерэ