Тыркум щыпсэу адыгэхэм я къэщэн-дэкIуэн Iуэху




Тыркум щыпсэу адыгэ щIалэгъуалэр зыхэс лъэпкъым щымыщ къашэ едокIуэхэри, абы нэхъыжьхэр егъэгузавэ.

Тыркум деж щыпсэу адыгэхэм я бын адрей лъэпкъхэм ират е къашэущытмэ адыгэхэр нэхъ хэшыпсыхьыжынкIэ мэшынэхэр ди нэхъыжьхэр,икIи апухэдэу унагъуэ зыщIахэм теухуауэ я гупсысэхэр къэтщIэну нэхъыжь гупдахэхьащ.

Япэ щIыкIэ дгъэпсэлъэнухэр Джылахъстэней жылагъуэм, Инарыкъуей къуажэмщыщхэщ:"
Сэ си цIэрЯшарщ,Инарыкъуэ хьэблэм сыщыщщ.

Хуитыныгъэ Радио: -Яшар, сэ къэсщIэну сыхуейт,Тыркум адыгэхэмкъуажэр къызэрабгынэрэ илъэс тIощIым еблэгъащ. Уэри Мараш удэсщ, Марашдэсадыгэхэм адыгэ хабзэ зэраIыгъ къыджеIэ, псалъэм папщIэ, тырку къашэхэрэ, е дэкIуэхэрэ?

Яшар: "Ди щIалэхэм Тырку хъыджэбзхэр ягу ирихьыу къысщохъу сэ. Дихъыджэбз цIыкIухэр адыгэ щIалэхэм епэгэкIыу щытщ. Ди щIалэхэми апхуэдэхэри яхэтщ, итIанэТыркути адыгэти ар зэхамыгъэкIыф хъуащ, къафIэмыIуэхуу.»

Хуитыныгъэ Радио: Сали адыгэ къуажэм щыщщ МэмрэшхэРаIуф, уэ сыт къыджепIэфын абы теухуауэ?

Рауф:"Мыпхуэдэу дыкIуэу щытым адыгагъэр хэкIуэдэжынущ.Ди щIалэгъуалэр нэгъуэщI щIыпIэхэм щеджэ щылажьэурэ хабзэри бзыпхъэри ямыщIэжыукъохъур. Еджэн къаухыу лэжьэн щIадза нэужьи аращ. Ди хъыджэбз цIыкIухэми ящхьэкъырокIуэ апхуэдэу. Ауэ иджыри догугъэр тырку къэзышахэр зэрыщIегъуэжыр месялъагъун хуейщ, хэтыр зэбгъэдокIыж. А тырку нысэ къэзышахэр япэ щIыкIэкъызыхэхьа адыгэ унагъуэм и хабзэхэр зэрамыщIэу,мис абдеж щыщIедзэ зэгурымыIуэныгъэр.Ди япэкIэ езыхэр я къэкIуэнум егупсысыжыну догугъэр. «

Хуитыныгъэ радио: НытIэ сыт щIапхъэр, дауэ а щыуагъэмщIалэгъуалэр къыхэшын зэрыхуейр? Нэхъыжьхэри, зи акъып хущIэхьэхэри тIысыупыухыкIауэ зы унафэ къэщтэн хуейщ сэ сызэреплъымкIэ.

Хуитыныгъэ Радио:И гупсысэхэр къэтщIэну дыхуейт иджыриджылахъстэней Къэрэхьмэд къуажэ КIэмпIарэхэ Бахьсэт?

Бахъсэт: "ДыхокIуэдэж,ди щIалэхэм бзэмыIу къахудошэ, дипхъухэри ядот. Мыр гузэвэгъэшхуэу диIэщ. Мыбы и хэкIыпIэхэу тлъытэрмыхэращ: дищIалэгъуалэр езыхэр нэхъыбэрэ зыхэхьэн хуейщ, ди хабзэ сытхэр нэхъ ягъэзащIэнухэтын хуейхэщ, я хабзэм и дэхагъыр къагурыIуэжыу. «Сэ бзэмыIу къасшэм си щэблэрадыгэ хъужынукъым»,-жэуэ хэдэн хуейхэщ.


Емуз Баязыт, Хуитыныгъэ радио,Тюркие