Адыгэ бэнакIуэхэр Тыркум щытокIуэ
Тыркум щыщ Марэш къалэм бэнакIуэхэм я дунейпсо зэпеуэ щекIуэкIащ мазаем и 5-м. Къалэм щылажьэ Джылахъстэней Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ, зэхьэзэхуэм илъэс етIуанэ хъуауэ адыгэ бэнакIуэхэр ирагъэблагъэ.
Мыгъэрей зэхьэзэхуэр гукъинэж ищIащ абы Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ бэнакIуэхэр зэрыхэтам: Машэжь Расул (кг 55-рэ), Хъубий Азэмэт (кг 66-рэ), Жэмбей Сэлим (кг 74-рэ), Мер Арсен (кг 74-рэ), Тау Ратмир (кг 120-рэ). Гупым я тренер ЗэкIуий Арсен и гъэсэнхэм щIытеукIытыхьын щыIэкъым. ЩIалэхэм дыщэ медалитIрэ дыжьын медалитIрэ къахьауэ Хэкум къокIуэж: Хъубий Азэмэтрэ Мер Арсенрэ – дыщэ, Тау Ратмиррэ Машэжь Расулрэ – дыжьын.
«Адыгэ бэнакIуэхэр» – апхуэдэущ ди щIалэхэр утыку зэрырашар – къадэщIыну къекIуэлIа тырку, адыгэ щIалэгъуалэм я нып хуарзэхэр плъагъуу, я адыгэ пшыналъэхэр зэхэпхыу утемыкIуэныр гугъут. Ди щхьэр лъагэу дэзыгъэлъагъужа бэнакIуэ щIалэхэмрэ абыхэм я тренер ЗэкIуий Арсенрэ адэкIи я ехъулIэныгъэхэм хагъэхъуэну дохъуэхъу.
Емуз Баязыт. Тырку Республикэ
Адыгэ Псалъэ