Урысей къэралым динымрэ урыс лъэпкъымрэ и политикэр тыригъэпсыхьу хъуащ - жаIэр экспертхэм

"Ведомости" хъыбарыбэ Iэмалым зэритхымкIэ, Урысейр нобэрей лъэпкъыбэ хабзэм бгъэдокIри, лъэпкъымрэ динымрэ тещIыхьа политикэм хуокIуэж.
Лъэпкъ Iуэху щызырихуэми, урыс лъэпкъыр япэ ирегъэщ, дин IуэхукIи щылажьэм, Православие диныр япэ ирегъэщ. Апхуэдэ еплъыкIэр етх Постиндустриал псэукIэм и къэхутэныгъэхэм и купсэм и директор, экономикэ щIэныгъэхэм и доктор Иноземцев Владислав.

"Гузэвэгъуэ Iуэхугъуэ Украинэм къыщекIуэкIхэм акъыл къабзэкIэ уегупсысыну гугъущ, ауэ арыншэу къекIуэкIыр къыбгурыIуэнукъым, - жеIэр экспертым. - Иджыпсту Украинэм ихъуреягъкIэ геополитикэ къыщекIуэкIым хэтхэм щыщу зыри гуэныхьыншэкъым, ауэ сэ си къэралым иубыда увыпIэр зыкIэлъыкIуэуи щыткъым, икIи егъэлеяуэ шынагъуэу плъытэ хъунущ".

Иноземцевым зэрыжиIэмкIэ, мазаем Киев деж лъэпкъ революцэ къыщыхъуащ, абы ипкъ иткIэ тетыгъуэр зыIыгъхэр зырахъуэкIащ икIи унафэщI нэгъуэщIхэм къэралыр яубыдащ. Абы, экспертым къызэрилъытэмкIэ, нэрылъагъуу хамэ къэрал гуэрхэр хэлэжьыхьащ, ауэ апхуэдэ иджы япэу къэхъуу аракъым. Апхуэдэ дыдэу I9I7 гъэм Урысейми къыщыхъуащ - япэ щIыкIэ тетыгъуэшхуэ зиIэхэм ядеж унафэщIыр щахъуэжащ, иужькIэ идеологиекIэ гъэнщIауэ революцэ къэхъуащ, хамэ къэралхэм ар къыдаIыгъыу. Иноземцевым зэрыжиIэмкIэ, дэтхэнэ зы къэралыми революцэ къыщыхъуащ, дэтхэнэ зы революцэми зы зэман гуэрхэм деж щырагъэлеящ, абы щхьэкIэ лейуэ зыри щIыжыпIэн щыIэкъым.

Нобэрей лъэпкъыбэ хабзэ къекIуэкIымкIэ, зы къэрал мыдрейм езэуэну щыхуитыр е езым зыгуэр къытеуауэ щытмэщ, е и къэралым и цIыхухэр ихъумэн хуейуэ щытмэщ, е зы къэрал гуэрырым геноцид хуэдэу Iуэхугъуэ гуэрхэр къыщекIуэкIым, е цIыхушхуэм щхьэкIэ шынагъуэ щыIэу щытым. Иноземцевым щапхъэу къехь I99I гъэм Иракым зэрытеуау щытар, ар езыр Кувейтым еуати, е I976 гъэм Израильыр Угандам зэрытеуау щытар, абы я кхъухьлъатэ террористхэм яубыдау щытти, е I978 гъэм Вьетнамыр Кампучием теуэу Пол Пота IэнатIэм зэрытыридзау щытар, абы и IэдакъэщIэкIкIэ арыхэ цIыху миллиуан 2 хэкIуэдауэ щытти. Апхуэдэ Iуэхугъуэхэм щыгъуэ дунейр арэзы мэхъу теуэныгъэ къэхъуу щытым. Ауэ, экспертым къызэрилъытэмкIэ, Урысейм Украинэм деж щищIар абы ещхькъым. Япэрауэ, Украинэм нэгъуэщI къэралым зауэ ирищIылIакъым, етIуанэрауэ абдежым зы лъэпкъ гуэрым геноцид иращIылIэу щытакъым, ещанэрауэ Урысейм и цIыхухэр революцэ къекIуэкIым хэкIуадэу щытакъым. "Абы къикIыр, Урысейр пцIантхъуэрилэ гъуэгукIэ кIуэуэ щIидзау аращ" - жеIэр Иноземцевым.

Урысей политикхэр нэхъыбэу зытепсэлъыхьар Урысей къэралым и цIыхухэр аракъым, амыхъу урысыбзэкIэ псалъэу Украинэм исхэр, е урыс лъэпкъым щыщу Украинэм исхэр, е православие диным ит цIыхухэр аращ. Абы къигъэлъагъуэр, Урысей къэралыгъуэм и политикэр езым и цивилизацие щытыкIэ гуэрым тырищIыхьу аращ, амыхъу лъэпкъыбэ хабзэм тещIыхьауэ щыткъым. Ауэ нобэрей политикэр дунейм зэрыщащIыр "къэралым и цIыху" жыхуаIэр аращ, амыхъу лъэпкъ зыщыщыр аракъым, е дин зитыр аракъым.

Апхуэдэу Урысейм политикэщIэ, дунейм и IуэхущIэкIэм къемызэгъу зэришэщIам теухуауэ Хуитыныгъэ радиом и еплъыкIэр къыжыриIар адыгэ жылагъуэ IуэхущIакIуэ Мурзэкъан Абубэчыр:

"Ар политикэ хъухэнукъым, политикэ диным ирипщI хъухэнукъым. Сэ диныр къызэрызгурыIуэр цIыхум и къэбзагъэкIэ, и Iуэху къэбзагъэкIэ щытын хуейуэ аращ. Тхьэшхуэм цIыхур къигъщIащ адрей цIыхухэри фIыуэ илъэгъун хуейуэ, гущIэгъу хуищIын хуейуэ, дэIэпыкъун хуейуэ. Ауэ мыр муслъымэнщ,мыдрейр джэурщ, модрейр нэгъуэщI зыгуэрщ - жыпIэу цIыхухэр бгуэшынкIэ Iэмал щыIэкъым. ЦIыхухэм езым я гупсысэкIэ яIэжщ, здыщыпсэу щIыпIэм дин гуэрхэр къыщокIуэкIыжри, абы ухуэсакъын хуейщ. ЕтIуанэрауэ, мы Урысейм и фэкъырагъэм иджыпсту дин хэплъхьэжым, а зэдыгъуа къомым я щхьэр хырагъэлъхьэну, я гур, я псэр хырагъэлъхьэну апхуэдэ Iуэхугъуэ фIей къырахьэкIыу аращ. Мыбы зауэ къикIым, зауэм цIыхум зэикI фIы къыхуихьакъым. Лъэпкъ зыхэгъэж щIын хуейкъым, дин зыхэгъэж щIын хуейкъым, зым зыр итепщэн хуейкъым, зым зыр и къуэш нэхъыжьын хуейкъым. Зым и IуэхукIэ къэралыр къепхьэкIынкIэ Iэмал щыIэкъым".

Иноземцевым зэрыжиIэмкIэ, иджыпсту дуней политикэ системэр зэрыщытымкIэ, уи къэралым и цIыхухэр аращ пхъумэну узыхуитыр, амыхъу уи лъэпкъэгъухэр аракъым, е уи диным итхэр аракъым.

А хабзэм щымыщыр Израиль къэрал зыр аращ. Ар журтхэм я къэралу къалъытэр, абы къызэрикIымкIэ, журт диным итхэр псори абы и цIыхущ. Урысей къэралыгъуэр урыс псоми я къэралу, е православие диным итхэм я къэралу щыткъым, икIи апхуэдэу ар яшэщIу щытым, къэралыр зыфIэтыжыфынукъым. Экспертым щапхъэу къехь кIэрейхэр, икIи жеIэр - иджыпсту Ищхъэрэ КIэрей къэралыгъуэм и пашэ Ким Чен Ын Ипщэ КIэрейхэр америкэм щысхъумэнущ жиIэрэ теуэныгъэ къигъэхъум дау хъуну? - жеIэри. Е францыбзэкIэ псалъэу Африкэм исхэр францым ихъумэну яужь ихьэм дау хъуну?

Апхуэдэ дыдэу адыгэ жылагъуэми упщIэ  щыIэщ: "уи лъэпкъэгъухэр пхъумэм, адыгэ Сирием щаукIхэм щхьэ укъыщхьэщымыжрэ?" - жаIэу. Урысхэм фIэкI къыщхьэщыжыпхъэу къамыгъувым, Урысей Федерацэр урыс лъэпкъым фIэкI ейуэ щымыту ара?

Къэбэрдей-Бэлъкъэр, Хуитыныгъэ радио

Бэрокъуэ Артур