Къэрал Думэм хабзэ проект халъхьащ Урысейм империе нып къищтэжын хуейуэ къигъэуву


Къэрал Думэм хэт Либерал-Демократие партым щыщ депутат Дегтярев Михаил игъэхьэзыращ хабзэ проект, Урысей къэралыгъуэм и ныпыр хъуэжын хуейуэ къигъэуву. Депутатым къызэрилъытэмкIэ, иджыпсту хужь-щхъуэ-плъыжь нып Урысейм зырихьэр нобэ къекIуэкI политикэм къезэгъкъым, икIи Империеу щыщытм щыгъуэ зырахьэу щыта ныпыр, хужь, гъуэжь, фIыцIэ жыIэу щытыр къэщтэжын хуейщ. Депутатым къызэрилъытэмкIэ, Кърымыр Урысейм къызэрищтэжар, евразие зыкъуэтыныгъэр къызэрызырагъэпэщар, хэкупсэ еплъыкIэхэр Урысей кIуэцIым зэрыщыхэхъуэр, ахэр псори империем и текIуэныгъэшхуэхэм я пэлъытщи, ахэр къекIуэкIын хуейщ текIуэныгъэшхуэхэм я фэеплъ ныпым и лъабжьэ щIэту.

Хабзэ проектым и мыхьэнэр зыпкъырызых дефтерым къызэрыщыхэщымкIэ, къэралым дэнэ дежи хужь-гъуэжь-фIыцIэ ныпыр къыщагъэсэрэпым щыгъуэ, Урысейм и щIыгур хуабжьу хэхъуащ. А пIалъэм къыриубыдэу къэралым хыхьащ Кърымыри, КъуэкIыпIэ Пруссием и щIыгухэри, Аляскэри, Кавказыри, Польшэри, Балтие Iуфэм Iус къэралхэри, Азие курыт къэралхэри, Финляндиери. "Империе ныпым дыщIэту текIуэныгъэшхуэхэр къэтхьащ, ноби Урысейм и цIыхубэр а ныпым зыкъуигъувэфынущ" - жеIэр Дегтяревым.

Абы и гупсысэмкIэ арэзыкъым урысым нэмыщI адрей лъэпкъхэм ящыщ куэдыр. Псалъэм папщIэ адыгэ хьэрчэтыщIэ Къэрдэн Мухьэмэд абы теухуауэ Хуитыныгъэ радиом къыжыриIар мыращ:

"ЗэрытщIэмкIэ, Советский Союз жыхуаIэ къэралыр къутэжа нэужь абы иIа бэракъ плъыжьыр ябгынэри, иджыпсту Урысей Федерацэм зырихьэ ныпыр къащтау щытащ. Иджы Къэрал Думэм, ЛДПР жыхуаIэ партым яхилъхьащ гыпсысэ, икIи унафэ ящIынкIэ хъунущ Урысей Империе щыIам и ныпыр къащтэжыну. Сэ абы сызэреплъыр мыпхуэдэущ. Урысей Федерацэмрэ Урысей Империемрэ зыкъым. Урысей Федерацэм и конституцэм итщ лъэпкъыу къэралым исыр зэхуэдэу, зы хабзэм щIэту, зым хущIэкъуу. Урысей Империем и купщIэу щытар нэгъуэщIщ. Урысей Империем зы лъэпкъым и лъабжьэм адрей лъэпкъхэр щIэту, а зы лъэпкъым адрейхэр и унафэм едаIуэу псэуау аращ. Иджы ныпыр пхъуэжынымрэ умыхъуэжынымрэ уегупсысу щытым, сэ абыкIэ сыарэзыкъым, сыт щхьэкIэ жыпIэм, ныпым куэд къокI. Урысей Империем и ныпыр къыщыпщтэжкIэ абы илъа идеологиери къэпщтэжу аращ. Абы къэралыр фIым хуишэнукъым. Урысей Федерацэм лъэпкъ куэд исщ, дунейм зихъуэжащ. Дуней псор ипэкIэ макIуэр. Къэралыр зэIэбэкIыжым, блэкIам хуэкIуэжым, абы фIы къыихуихьынукъым. Сэ аращ абы сызэреплъыр".

Мы жэрдэмыр къыхэзылъхьа Дегтяревым къызэрилъытэмкIэ, иджыпстурей ныпыр 90 гъэхэм ипэхэм щыгъуэ къащтащ лъэпкъым емычэнджащэу, къэхутэныгъэхэри ирамыгъэкIуэкIыу, икIи ар "америкэм и цIыхуу чэнджэщакIуэхэм я унафэкIэ къащтау аращ". Депутатым къызэрилъытэмкIэ, лъэпкъым нэхъ ифIэфIщ империем и ныпу щытар.

Хабзэ проектым къызэригъувымкIэ, ныпхэр къэрал къулыкъухэм деж щызырахъуэкIын щхьэкIэ абы ахъшэу тырагъэкIуэдэн хуейщ урыс сом миллиуан I5,5.

Хужь-щхъуэ-плъыжь ныпыр, къызэралъытэмкIэ, I7 лIэщIыгъуэм икIэхэм деж Петр I-м и унафэкIэ къащтау щытащ. Ар Голландие ныпым тырабзыкIау къалъытэр. Ауэ тхыдэтх щхьэхуэхэм къызэралъытэмкIэ, а ныпыр нэхъ япэжи щыIащ.

Хужь-гъуэжь-фIыцIэ ныпыр къэрал ныпу зэрыщытар I858 гъэм къыщыщIэдзауэ I896 гъэ пщIондэщ. Ар Александр 2-м и унафэкIэ къэрал дэмыгъэхэм щыщу тыраухуау щытащ. Ауэ I9 лIэщIыгъуэм империе ныпыр иджырей ныпым игъусэу къагъэсэрэпу щытащ.

Нобэрей махуэм империе ныпыр къэрал къулыкъухэм здыхэтыр Курск къуапэм и нып зыр аращ. Политикэ къэрухэм щыщу а ныпыр къэзыгъэсэрэпыр урыс националистхэмрэ монархистхэмрэщ.

Псалъэм папщIэ, "Урыс зекIуэ" жыхуаIэу националистхэр къызыхуэзышэс пэкIум ар убгъуауэ къыщагъэсэрэп.

 "РегионыщIэ" жыхуиIэ хъыбарыбэ Iэмалым къехь мы упщIэм теухуауэ герольдмейстер Медведев Владимир и псалъэхэр. Абы зэрыжиIэмкIэ, Урысей Империем иджыпсту хуэдэу нып яIэу щытакъым. Япэ дыдэу къэрал нып тыраухуэну щыхэтар I9I4 гъэр аращ. Абы щыгъуэ иджыпстурей ныпымрэ, империе ныпымрэ зыхэту ящIау щытащ, ауэ пщышхуэу щыта Николай 2-м ныпыр зэрытыраухуэ унафэм Iэ щIидзакъым, Япэ дунейпсо зауэр щIидзэри, нэгъуэщI къэлэнхэм дахьэхати. Медведевым зэрыжиIэмкIэ, хужь-щхъуэ-плъыжь ныпыр сатуущI IуэхущIапIэхэм деж къыфIадзэу щытащ, хужь-гъуэжь-фIыцIэ ныпыр къэрал IуэхущIапIэхэм деж къыщагъэсэрэпт. Ныпхэмрэ дэмыгъэхэмрэкIэ экспертым къызэрилъытэмкIэ, нобэрей махуэм къэрал ныпыр щIэпхъуэжын щхьэусыгъуэ щыIэкъым, иджыпстурейм псори есауэ, псоми къащтауэ щытщи. 

Империе ныпыр шэщIауэ къэзыгъэсэрэп монархистхэм ягу ирихьакъым Дегтяревым и жэрдэмыр. "URA.RU" сайтым зэритхымкIэ, Урысейм и Монархие партым и тхьэмадэ Баков Антон жиIащ, а жэрдэмым монархие гупсысэм и напэр тыриху: "Дэпхуэдэу Романовхэм я унагъуэ ныпыр Урысейм зыгуэр хуиIуэхуу зэрыщытыныр, пщы унагъуэм я щIэблэм Урысейм къамыгъэзэжауэ? - жеIэр Баковым. - Пщыхэм къытырахащ Кремлыр, ЩIымахуэ унэшхуэр. Иджы Либерал-Демократ партым и депутатым жэрдэм къыхелъхьэр я ныпыри тырахыну". Политикым къызэрилъытэмкIэ, абыхэм апхуэдэу я партым и теплъэр зытыраIыгъэу аращ.

Къэбэрдей-Бэлъкъэр, Хуитыныгъэ радио
Бэрокъуэ Артур