КъБР-м я къэрал IуэхущIапIэхэм я фIэщыгъэцIэхэр къэралыбзищымкIи фIэдзэн хуейуэ хьэкумым къилъытащ


КъБР-м и Шэрэдж куейм цIыхубэм лэжьыгъэ егъэгъуэтыным елэжь IуэхущIапIэм и щIыхьэпIэм и дейж абы и фIэзщыгъэцIэр къэралыбзищымкIи тедзэн хуейуэ прокурор IуэхущIапIэм къигъэува Iуэхугъуэр хьэкумым гъэзащIэн хуейуэ къилъытащ. 
НэхъапэIуэкIэ Шэрэдж куейм и прокурор IуэхущIапIэм мы щIыпIэм щыIэ хьэкумым щIилъхьауэ щытат цIыху щхьэхуэхэм я хьэлэмэт хэлъкIэрэ республикэ хабзэм ипкъ итуэ Къэщхьэтау къалэм дэт мы щIыпIэм щыпсо цIыхубэм лэжьыгъэ егъэгъууэтыным елэжь IуэхщIапIэм и щIыхьэпIэм и дейж къэралыбзищымкIи (адыгэбзэ, бэлъкъэрыбзэ, урысыбзэхэмкIэ) зэрыфIэдзэн хуеймкIэ мы щIыпIэ хьэкумым зыхуигъэзауэ щытащ. 
ИкIий мы зыхуэгъазэныгъэм къыщыгъэлъэгъуащ IуэхущIапIэм езым и пщэ дэлъхьэжын хуейуэ а Iуэхугъуэр зэфIигъэкIыну. Шэрэдж куейм и хьэкумым мы зыхуэгъазэныгъэр хабзэм къезэгъыуэ икIий ар гъэзэщIапхъэу къилъытауэ КъБР-м и прокурор IуэхущIапIэм и саитым къырилъхьащ. НэхъапэIуэкIэ мэкъуэуэгъуэ мазэм мыпхуэдэ упщIэ къыщаIэтауэ щытащ Май куейм. 
ИкIий мы щIыпIэм къэрал IуэхущIапIэ зыбжанэм республикэм и къэралыбзэхэмкIэ IуэхущIапIэхэм яфIэщыгъэцIэхэр зэрыфIэмыдзам къыхэкIкIэ мыпхуэдэ къабзэу прокурор IуэхущIапIэхэм а упщIэр къаIэтри республикэ хьэкумым бгъэдалъхьат. ИкIий ар хьэкумым республикэм и унафэм ипкъ итуэ къилъытэри а IуэхущIапIэхэм мы упщIэр ягъэзакIуэжын хуейуэ я пщэм дилъхьащ. 
Гу лъытапхъэщ I994 гъэм дыгъэгъазэм и 28-м КъБР-м и парламентым унафэ къищтауэ щытащ республикэм ис лъэпкъхэм я бзэхэм теухуауэ. МкIий абы ипкъ иткIэ адыгэбзэр, урысыбзэр, бэлъкъэрыбзэр республикэр зэрылажьэ къэралыбзэхэу къалъытащ. Абы къыхэкIкIэ а бзэхэр лажьэным папщIэ республикэ хабзэм ипкъ итуэ дэтхэнэ зы къэрал IуэхущIапIэмикIи мы бзищыр щызекIуэн хуейщ. 

Мы Iуэхугъуэм теухуауэ и еплъыкIэр Хуитыныгъэ радиом къыжриIащ КъБР-м щыIэ Хьэтохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ адыгэбзэ хасэм и тхьэмадэ Табыщ Мурат:

«Мыр зы лъэныкъуэкIэ уеплъыу щытмэ узыщыгуфIыкIын хуэдэщ. НэгъуэщIыу уеплъымэ мыр езыр куэд щIауэ апхуэдэу щытын хуейт. Мыр абдейж зым къыщызэтемыувыIэу хабзэм къигъэув Iуэхугъуэу хъуар гъэзащIэн хуещ. Бзэр хъума хъун папщIэ бзэр лажьэн щхьэкIэ курыт еджапIэхэр лъэпкъыбзэм адыгэбзэм техьэжын хуехэщ.»

Гу лъытапхъэщ мы иужьрей зэманым адыгэ жылагъуэIуэхущIакIуэ щхьэхуэхэм курыт, нэхъыщхьэ еджапIэхэм адыгэбзэмкIэ и егъэджагуэхэри лъэпкъым къыхэкIа цIыху къызэрыгуэкI куэди адыгэбзэм къэралым мыхьэнэ иритыр яфIэмащIэу ар зыхуэкIуэ Iуэхум ирипIейтэхэу утыку щIэх щIэхыурэ я еплъыкIэхэр къызэрыралъхьэм. Ик4Iий абы щыхьэт тохъуэр мы щIыпIэм адыгэбзэм и лъажьэкIэр ар хъума зэрыхъуным елэжьынухэу я пщэм далъхьэжыуэ ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ адыгэбзэ хасэ зи фIэщыгъэцIэ жылагъуэ зэгухьэныгъэ къызэрызэрагъэпэщар. Мыбы хохьэхэр щIэныгъэм епхахи адыгэбзэмкIэ и егъэджакIуэхэри жылагъуэ IуэхущIакIуэхэрикIи. 

Къэбэрдей-Балъкъэр. Хуитыныгъэ радио. Баркук Инал