Тыркум Полонезкёй жыхуиIэ къуажэм деж адыгэ жылагъуэм щыригъэкIуэкIащ пэкIу, икIи Польшэм ирагъэхьа тхыгъэ адыгэхэм я геноцидыр къэщтэн хуейуэ жызыIэм и телъхьэу къыщыпсэлъащ, къызэхуэсахэри Польшэ къэралыгъуэм елъэIуащ адыгэхэм I9 лIэщIыгъуэм къыращIылIа лъэпкъгъэкIуэдыр къащтэну. ПэкIум деж къыщызэхуэсащ "Адыгэ хэкупсэхэ" жыхуиIэ зыщIэхъеиныгъэм и активистхэр, польшэ ныпхэмрэ адыгэ ныпхэмрэ яIыгъыу, "фэри дэри ди хуитыныгъэм щхьэкIэ" жыIэу бзэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ тетхауэ хъыдан кIапэхэр яIыгъыу.Фигу къэдгъэкIыжынщи щакIуэгъуэ мазэм и II-м адыгэ жылагъуэ IуэхущIакIуэ 52-м я Iэ щIэлъыу Польшэм тхыгъэ ирагъэхьащ адыгэхэм я геноцидыр къащтэну елъэIуу. Iэ щIэзыдзахэм хэтщ адыгэ жылагъуэ IуэхущIакIуэхэр къэралипщIым щыщу. ПэкIу иджы екIуэкIам а тхыгъэр къыщIигъэбыдэу аращ. А къуажэ цIыкIур пэкIум щхьэкIэ щIыхахам теухуауэ Хуитыныгъэ радиом къепсэлъащ "Адыгэ хэкупсэхэ" жыхуиIэ зыщIэхъеиныгъэм и активист, Тыркум къикIыжауэ Мыекъуапэ дэс Хуадэ Аднан:
"Полонезкёй зыфаIорэм апэрэ цIэу иIагъэр Адамполь, Адам икъуаджэу ар щытыгъ. Польшэр ащ ихэкупсэу щытыгъ.Пащэ Адам Чарторыйски ыцIэкIэ а чылэр агъэуцугъагъ I842-рэ илъэсым. I950 лъэсхэм нэс Польшэ хэкупсэхэм ар ягупчэ фэдэу хъугъэ. АдыгэхэмкIэ мыщ мэхьанэу иIэр, I860-рэ илъэсхэм Польшэ хэкупсэхэр адыгэхэм ягъусэхэу черкессием пае урысхэм язэIуагъэх, заом ахэр зекIыжьхэми а чIыпIэм агъэзэжьыгъ. Польшэ хэкупсэхэмрэ адыгэхэмрэ зэпхыныгъэ зэряIагъэр непэ Польшэм агу къэдгъэкIыжьынэу тыфай, тарихъымкIэ тызэпышIагъэхэу тызэрэщытхэр. Полонезкёй имэхьанэр Польшэр ары, ахэм ячIыл ащ имэхьанэр, ар агу къэдгъэкIыжьынэу ащ конференцие щызэхэтщагъ, нахь тымакъэ зэхахынэу, тилъэIу къагурыIонэу".
Урысей къэралыгъуэм и IуэхущIэкIэ зэрыхуэхъуащи, Польшэм тхыгъэ ирагъэхьам кIэлъыкIуэу абы Iэ щIэзыдзауэ Урысейм исхэр Полицэм и экстремизмым ебэнын къудамэм ираджэу щIадзащ. Хуадэм зэрыжиIэмкIэ, ар апхуэдэу щIэхъур Урысейм гумэщIэгъуэ щыIэхэр игъэтэрэзыну хущIэкъукъыми аращ:
" Адыгэм я геноцидыр къыштэным пае, джэ псалъэ фэдгъэхьыгъэм епхыгъэу ЩэшIэ Аслъан ащ зэркIэтхагъэмкIэ полицэм къеджагъэх къыIуупчIыхьанхэу. Сэри къысэджэнхэу щытых къызэрэсгурыIорэмкIэ. Къысэджагъэхэпышъ упчIэу къысатыщтхэр сшIэхэрэп, ау ащ фэдэу кIэтхагъэхэу урысыем щыпсэухэм къяджэх. Урысыем гумэкIыгъор зэшIуихынэу фаеп,гумэкIыгъор нахь ины ышIынэу фай къызэрэтгурыIорэмкIэ. Украинэм ащ фэдэу фагъэкIуагъэм ыуж сэри Аслъани къытэджагъэх. Ащ фэдэ зекIуакIэм къегъэлъагъо къэралыгъом илъ демократиер зыфэдэр. Фэшъхьаф къэралыгъохэм арыс адыгэ парми зи къеджэрэп. Тыркум ис ермэл горэ , ермэл геноцидыр зэраштэщтым пае къэралыгъо горэм зыфигъэзагъэмэ,Тырку къэралыгъор ащ къеджэнышъ ыгъэгумэкIынэу ащ фэдэ Iофхэм апылъэп. Урысыер зэкIэм ауж къенэ, демократие зыфаIорэми игугъу умышIыми хъущт мы къэралъыгъомкIэ".
ПэкIу Полонезкёй деж щекIуэкIам къыщыпсэлъащ Иорданием щыщ адыгэ жылагъуэ IуэхущIакIуэ Башкави Адель. Ар щыщщ Адыгэхэм я хуитыныгъэ хъумакIуэ купсэ Латвием деж къыщызэзыгъэпэщахэм. Абы и псалъэм деж къыхигъэщащ Сочи Олимпиадэр зэрыщырагъэкIуэкIар, дэпхуэдизкIэ адыгэхэм мыарэзыныгъэ къамыгъэлъэгъуами. Абы нэмыщI, Башкавим жеIэр: "Путин зы жэуап къитакъым адыгэхэм я гумэщIэгъуэхэм теухуауэ, дэпхуэдиз тхыгъэ хурамыгъэхьами. Псалъэм папщIэ абы зыхуагъэзау щытащ геноцидыр къащтэну елъэIуу 20I3-м нэкъыгъэ мазэм" - жеIэри. Абы нэмыщI пэкIум деж щхьэхуэу къыщыхагъэщащ Сирием ис адыгэхэм Урысейр зэрыдэмыIэпыкъуар, я хэку къызэрамыгъэкIуэжар.
Къэбэрдей-Бэлъкъэр, Хуитыныгъэ радио Бэрокъуэ Артур