Къэбэрдей-Балъкъэрым дэт "Малкинский" шы заводым хуэдэ нобэрей IуэхукIэ Ищхъэрэ Кавказым щыIэкъым, шыхэр къэзыгъэхъуу икIи зезыхьэу. Адыгэ тхыдэми "Малкинский" шы заводым увыпIэшхуэ щеубыд, сыту жыпIэмэ а заводыр I870 гъэм зэIухауэ щытащ. А зэманым а заводым шыхэр къэрал «царская кавалерия» жыхуаIэм хуэдэм щхьэкIэ къагъэхъуу щытауэ арат. ИужькIэ а заводым къыщагъэхъу шыхэр Хэку зауэшхуэми гъуэгушхуэ Сталинград къыщыщIэдзауэ Алъп бгыхэм нэс якIуащ, къалэнышхуэ ягъэзащIэу.
Къэбэрдей-Балъкъэрым дэт "Малкинский" шы заводым адыгэш къабзэр ягъэнэхужыну яужь итщ, илъэс бжыгъэ куэдкIэ адыгэм къыдэгъуэгурыкIуэу щытар. А IуэхумкIэ "Малкинский" шы заводым и лэжьакIуэхэм Германиемрэ Франциемрэ щыщ IэщIагъэлIхэр сэбэп къахуэхъунущ. А IуэхугъуэмкIэ Хуитыныгъэ радиом шы заводым и лэжьакIуэ ТIыхъужь Азнэур зыхуигъэзащ.
- Шы Германиеми Франциеми идогъашэ дэ. Адыгэш шы лъэпкъ дыдэр. Абыхэм тщаи, тыгъэ тщIаи яхэтщ. Адыгэ диаспорэ а къэралым дэсхэм IэщIагъэлIхэр къытхуагъэзауэ аращ. Иджы дызыдолажьэ нэгъабэ лъандэрэ, шыхэм анализхэр IэщIагъэлIхэр къакIуэри къыIырахащ. Мы гъэми къэкIуэнурэ, къыIырахынущ. Адыгэшыр – бгылъэхэм илъэс псом шыIэфыращ, абы щыIэ шхынымкIи псэууэ. Бгылъэхэм щыIэу табын диIэщ. А щIыпIэхэм щыIэхэурэ, абыхэм щыщ дэтхэнэр нэхъ лъэрымыхьми, нэхъ бэшэчми наIуэ мэхъу. Шыхэм я лъым и анализ ящIри, абыкIэ адыгэшыр ягъэнэхуж. Нэхъ бэшэчыр, нэхъ къабзэр табыным хыдогъэхьэж, нэхъ лъэрымыхьыр къыхыдош. Дэ езыхэр а Iуэхум илъэсих хъуауэ дытолажьэ, институтыр анализхэмкIэ сэбэп илъэс хъуауэ къытхуохъу. Ди университетыр къиухауэ щIали – КIуэкIуэ Заур – а IуэхумкIэ сэбэп къытхуохъу.
I990 гъэхэм заводым и лэжьыгъэр зытеувыIауэ щытащ. Ауэ Быф зэкъуэшитI Анатолийрэ Русланрэ я сэбэпкIэ заводым и лэжьыгъэр ирагъэжьэжауэ щытащ икIи нобэ заводым зиужьу мэлажьэ. Абы и щытыкIэр ипэкIэ зэрыщытам хуэдэу ику ит унэхэр ящIыжащ, шыщхэр зэрыщытам ещхьу щIэрыщIэу яухуэжащ. Ауэ псом нэхърэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIэр абы щыIэ шыхэм я бжыгъэр щиплIым зэрынагъэсаращ.
Шы зыгъасэхэм зэрыжаIэмкIэ, япэу шыщIэм ущытетIысхэкIэ умыгъэщтэнырщ псом нэхъапэр. Шым зэрызищIынур япэу пщIэкъым, цIыхуми есэн хуейщ. ЗэралъытэмкIэ, адыгэшыр сабырщ икIи угъурлыщ. Адыгэшыр бгъэсэну тыншщ, ар псынщIэу цIыхум йосэ, ауэ цIыхур фIыуэ зэхещIэ икIи фIэфIкъым пхъашэу къыщеIэбым деж.
Адыгэшыр гугъукъым адрей бгырыс лъэпкъхэм яшхэм къыхэбгъэшхьэхукIыну: абы бгъукIэ ущыту ущеплъкIэ и пэм къыдэшея иIэ мащIэр дыболъагъу, и нэхэр инщ, и нэбжьыцхэри кIыхьщ. Ахэр нэхъыбэу шы къарэщ е пцIэгъуэплъщ. Лъэпкъ тхыдэм зэрыжиIэжымкIэ, адыгэшыр къызытекIар Хьэрыпым къикIа шыхэращ. Ар Къэбэрдейм нарт Андемыркъан къыришауэ къыжыIэжащ.
Адыгэшыр илъэс псом Iус имышхыу бгыхэм игъуэт шхынымкIэ гъэр ирехьэкIыф. Апхуэдэ шым укIэлъыплъыну тыншщ, псом нэхъ мыкъииныуи ябж. Адыгэш къабзэм нобэкIэ и уасэр доллар минийм къыщIыщIэдзауэ мин пщыкIухым нос. Илъэс къэс апхуэдэ адыгэшу щэм нэс ящэ. "Малкинский" шы заводым яшхэм, я лэжьыгъэм и фIагъыр шыхэм хэзыщIыкI куэдым Урысей къудейми мыхъуу, Европэм къыщыхагъэщ. Илъэс хъуауэ Германием адыгэшыр мыкIуэдыжынымкIэ, и лъыр нэхъри къабзэ щIыжынымкIэ щыIэ фондыр сэбэп яхуохъу заводым я хузэфIэкIхэмкIи, къэхутэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIи. Адыгэшым пэмыщIу, "Малкинский" шы заводым инджыл шыхэри ягъэхъуну ягу илъщ.
Къэбэрдей-Балъкъэр. Хуитыныгъэ радио. Дыгъэ Дахэжан