Къалэжьокъуэ Алий. И къуэрылъху Сарп игъусэу. Тыркум Измир къалэ.
Тыркум щыIэ Адыгэхэм яхэтщ, къыздэIэпхъуа хэгъуэгухэми ирамыгъэсу етIыуанэу ягъэIэпхъуахэр
Адыгэхэм я хэку ирагъэбгынэу Осман пащтыхьыгъуэм къыщизэрыхьахэм Балкан хэгъуэгухэмкIэ кIуахэр иджыри абдеж ирамыгъэсыу нобэрей Тырку Республикам къагъэIэпхъуахэщ. Ахэр нэхъыбэу иджыпсту Тыркум и къухьэпIэ хэгъуэгухэм щопсэур.
Тыркум и къухьэпIэ лъэныкуъэхэм сыт хуэдэ Адыгэхэра щыпсэур, ахэр нэхъ хэшыпсыхьыжырэ? Мис а упщIэхэм теухуауэ иджыпсту Измир къалэ щыпсэу, Къалэжьокъуэ Алий Хуитыныгъэ радиом и микрофоным къедгъэпсэлъащ.
Къалэжьокъуэ Алий: «Мы лъэныкъуэмкIэ Къэбэрдей къуажэ щыIэкъым. МыбыкIэ Абдзэх щыIэщ, Шапсыгъ щыIэщ Убых щыIэщ. АрщхьэкIэ Убыххэм я бзэр ягъэкIуэдыжауэ АэбдзэхыбзэкIэ мэпсалъэхэр. Я хабзэ сытхэр фIыуэ яIыгъыжщ. Мы Измир къалэм Кайсери, Мараш къалэхэм къикIахэри дэсхэщ. Ауэ мы хэгъуэгум щыпсэу къуажэхэр иужькIэ Балкан лъэныкуъэм къырагъэIэпхъукIыжыри мыбдеж щаухуа къуажэхэщ нэхъыбэр.
Дэри къуажэдэсу дыкъэхъуа щхьа мис мыпхуэдэу дызэбгырымыкIыу хуъакъым. Сэ езыр Тыркум щыIэ Къуэнхьэблэ сыщыщщ. Къуажэм ди адэхэм къащIэна щIыгухэр зэрыдыугуэшу дыримыкъун хъуащ. Дэ нэрыбгэ 8 дохъу. Шыпхъу 4-рэ щIалэ 4-рэ. Аращи куэдым аращ къуажэхэр къыщIабгынар. Хэт Европам кIуахэщ, хэти Тыркум и къалэ зэпэщхьэхуэхэм щопсэухэр. Къалэм лэжьыгъэ сыткIи нэхъ дызыхуей дыхуозэ. Унэ щIыгу жыпIэми диIэхэщ иджы.
Ди бынхэри нэхъ зыхуей хуозэ. Сэ къуитI сиIэщ, яцIэхэр, нэхъыжьыр Окан, нэхъыщIэр Гокхан. Унагъуэхэщ, ауэ ди жагъуэ зэрыхъущи си ныситIыри лъэпагуэ-щ (Тырку) Абы я быныжхэр иджы адыгэбзэкIэ дгъэпсалъэну дыхэтщ ауэ гугъущ ар. ЕджапIэхэр Тыркубзэу, ТВ сытхэр Тыркубзэу, уэрамыри псори Тыркубзэу дауэ? Сэ езыр къуажэм сыкъыщыхъуащ, Лъэпагуэбзэ (Тыркубзэ) дымыщIэу еджапIэм щызэдгъэщIауэ арат, иджы АдыгэбзэкIэ дымыпсалъэурэ дэр дыдэм тщыгъупщэжу щIидзащ. Сэ си щхьэгъусэри Адыгэщ, Жьэжьи-хэ япхъущ.
***
Илъэс 50 ипэхэм Тыркум дэс Адыгэхэм Тыркубзэ ямыщIэу къуажэ еджапIэхэм Тыркубзэр щызэрагъэщIауэ зэрыщытыр иджы жаIэж щхьа, ардыдэхэм Адыгэбзэр яIэщIэхужу щIидзащ.
Емуз Баязыт, Хуитыныгъэ радио, Тюркие