Мурзэкъан Абубэчыр: КъытщыщIар къэралхэми цIыхухэми ящIэн хуейщ


Адыгэхэр Литвам елъэIуащ лъэпкъгъэкIуэдыр къащтэну

Адыгэ жылагъуэ IуэхущIакIуэхэм, 145 IэщIэдз щIэлъу тхыгъэ ирагъэхьащ Литва къэралыгъуэм, адыгэхэм 19 лIэщIыгъуэм къыращIылIа геноцидыр къащтэну елъэIуу. А тхыгъэр хуэгъэзащ Литвам и президент Грибаускайте Дале, къэрал сеймым и спикер Граужинене Лорете, премьер-министр Буткявичюс Альгирдас сымэ. Тхыгъэр абы егъэхьын хуейуэ жэрдэм къыхэзылъхьар "Адыгэ хэкупсэхэ" жыхуиIэ къэралыбэ зыщIэхъеиныгъэр аращ.

Тхыгъэр тхащ Литвам ябзэкIэ, тыркубзэкIэ, адыгэбзэкIэ, инджылызыбзэкIэ, хьэрыпыбзэкIэ. Абы къыхощ Урыс-Адыгэ зауэжь 1763-1864 гъэхэм екIуэкIам и тхыдэр, абы адыгэхэм я лъэпкъгъэкIуэд къызэрикIар, иджыпсту адыгэ лъэпкъым и псэукIэр зэрыщытыр. "Нобэ адыгэ лъэпкъым и Iыхьэ пщIанэ хуэдизщ хэкум исыр, цIыху мин 700 хуэдиз хъууэ аращ, ахэри Iыхьэ Iыхьэу гуэшауэ мэпсэу", - жеIэри къыхощ тхыгъэм. Абы нэмыщI щхьэхуэу къыхагъэщ зы лъэпкъыр регион щхьэхуэхэмкIэ гушау зэрыщытым нэмыщI, фIэщыгъэцIэ щхьэхуэхэри иратау зэрыщытыр.

«Хэку ихуным ипкъ къикIыу адыгэ лъэпкъым и % 90-р и щIыгу имысыжу, дунейм текъухьауэ къэралыгъуэ щэныкъуэм исщ, - жеIэри къыпещэ адэкIэ тхыгъэм. - Я хэку имысыж адыгэхэми я хэкум зэрызыпащIэн хуитыныгъэ яIэкъым. Урысей Федерацием и хэку ирахуа адыгэхэм яхуидэкъым къагъэзэжыну. Сирием щекIуэкI зауэм ипкъ къикIыу мафIитIым я зэхуаку къыдэна адыгэхэр яукIыным щышынэу я хэкум ягъэзэжыну хуейти, Урысей Федерацием абыхэм гулъытэ яхуищIакъым».
  
Мы тхыгъэм IэщIэдзу зыхуихьэсащ 145-рэ, ауэ абы Iэ щIэзымыдза, ауэ ар къыдэзыщтэхэри щыIэщ. Псалъэм папщIэ, "Адыгэ хэкужь" жыхуиIэ жылагъуэ зыщIэхъеиныгъэм и тхьэмадэ Мурзэкъан Абубэчыр жиIэр мыращ:

«Лъэпкъыр дызиIысыр, лъэпкъыр дызэрыщыIэр, ди блэкIар, къытщыщIар адрей къэралхэми, цIыхухэми, дунейм тету лъэпкъам ящIэн хуейщ. Сыт щхьэкIэ жыпIэу щытым, пщIэнукъым, абы зыгуэрым я лъэныкъуэкIэ лъэпкъым лей техьащ жаIэу я гупэр къагъэзэнкIэрэ хъунущ. Литвари, Латвиери, Эстониери мы къэралым хэтащ, Украинэри апхуэдэщ, Польшэри апхуэдэщи. Иджыпсту тIэкIу емыкIу дыкъащIынкIэ хъунущ зыкъомым, "тхьэ мыбы зыхуагъазэрэ?" - жаIэу. Зызыхуэдгъазэр дызыхэзыщIыкIынухэр аращ. Урысейм лей зриха лъэпкъщ ахэри, дэ тхуэдэу, иджыпсту щхьэхуиту щытми.

ЩIалэхэм зыкъысхуагъэзэну хуейуэ жаIат, ауэ сэ сыздэщыIамрэ, ахэр здэщыIамрэ зытемыхуэу ди Iуэхур зыблэкIащ, ар мыхъуатэм сэри Iэ тездзэнут, икIи сыарэзыщ, къащтами си гуапэ дыдэ хъунут. Украинэм къищтами, Литвам къищтами, Польшэм къищтами си гуапэ хъунут».
  
Адыгэ геноцидым и тхыдэмрэ нобэ абы къыпэкIуа щытыкIэу щыIэмрэ кIэлъыкIуэу тхыгъэм къыхощ ипэкIэ адыгэ Iуэхур къызэраIэтауэ щытахэр. Псалъэм папщIэ, абы къыхощ 1992 гъэм Къэбэрдей-Бэлъкъэр парламентым, 1996 гъэм Адыгей республикэм и парламентым Урыс-Адыгэ зауэжьым щыщу адыгэхэр лъэпкъгъэкIуэд зэращIар къызэращтар, икIи Урыей Федерацэм ар къищтэну зыхуагъэзау зэрыщытар. "Абы нэмыщI, 2011 гъэм, Нэкъыгъэ мазэм и 20-м ар Курджы къэралыгъуэми къищтащ, икIи ар япэ къэрал щхьэхуит хъуащ, ар къэзыщтауэ" - жаIэри ятх адыгэ жылагъуэ IуэхущIакIуэхэм.

Хуитыныгъэ Радиом и хъыбархэм зэрыхэтащи,  адыгэ жылагъуэ IуэхущIакIуэ къэрал зыбжанэм щыщхэм нэгъабэ мэкъуауэгъуэм  и 21-м Украинэм лъэIу тхылъ ирагъэхьау щытащ, адыгэхэм я геноцидыр къащтэн папщIэ. Тхыгъэ Литвам ирагъэхьам къызэрыхэщымкIэ, Украинэм и президент Порошенко Петр унафэ ищIащ, икIи Радэм щыщ Ляшко Олег адыгэхэм къыращIылIа лъэпкъгъэкIуэдым теухуауэ псалъэмакъыр Парламентым деж къыщиIэтащ. Абы щыгъуэ хабзэ проект къащтам къызэрыхэщымкIэ, «Урысей империем 1763-1864 гъэхэм Кавказым деж щыригъэкIуэкIа хъунщIакIуэ политикэм къыхэкIыу, адыгэ лъэпкъым иращIылIа лъэпкъгъэкIуэдыр къызэращтэн Iуэхугъуэм ехьэлIауэ щIэныгъэ, икIи тарихъ мыхьэнэ зиIэхэр къыщIагъэщыным сэрэп хуэхъун хуейщ» - жеIэр.

Украинэм нэмыщI, адыгэ жылагъуэ IуэхущIакIуэхэм зыхуагъэзащ Польшэ къэралыгъуэми. Абы лъэIу тхылъыр ирагъэхьау щытащ нэгъабэ щакIуэгъуэм и 11-м. Абы Iэ щIадзау щытащ цIыху 52-м. А тхыгъэм зэкIэ жэуап иIакъым. ЛъэIуу къэрал щхьэхуэхэм ирагъэхьахэм наIуэу жэуап зиIэр, икIи зы Iуэху гуэр къызыпэкIуар Украинэм ирагъэхьар аращ. Абы я параментым деж псалъэмакъыр тIо къыщаIэтау щытащ.

Литвам ирагъэхьа тхыгъэм Iэ щIэзыдзахэр нэхъыбэу хамэ къэрал щыIэ адыгэхэр аращ. ХэкумкIэ щыщхэм ухэплъэу щытым, Налшык щыщу Ахъуэхъу Андзор и Iэ щIидзащ, Мыекъуапэ щыщу Абрэдж Альмиррэ Шаззо Аслъэнрэ щIадзащ, Тыркум икIыжауэ АдыгеймкIэ щыпсэу Хуадэ Аднан щIидзащ. Мыдрейхэр псори хэхэс адыгэхэщ.

Къэбэрдей-Бэлъкъэр, Хуитыныгъэ Радио
Бэрокъуэ Артур